ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и къалэмыпэ къыщIэкIащ лъэпкъ тхылъеджэхэр дихьэхыу зыщIэджыкI повестхэр, романхэр. Ахэр ди лъэпкъ прозэм и фIыпIэм хабжэ. Хьэмыщэ къызэралъытэу щытар прозаик, драматург къудейтэкъым, атIэ ар икIи лирик нэсу, усакIуэ-уэрэдусу щытащ. Абы и литературэ творчествэм теухуащ Жылэтеж Сэлэдин и тхыгъэр.
«ТхакIуэм и гъащIэм, абы и творчествэм утетхыхьыну мурад щыпщIкIэ, Iэмал имыIэу уогупсыс: сыт хищIыхьа абы, сыткIэ къыхэува лъэпкъ литературэм? Тхэн зэрыщIидзэрэ и къалэмыпэ къыщIэкIахэм я нэхъыфIыр дэтхэнэра, дауи къыщыхъуа ар тхылъеджэм?
Мис апхуэдэ гупсысэхэмкIэ ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ убгъэдыхьэмэ, нэрылъагъущ абы тхыгъэфI куэд зэриIэр. Ди адыгэ литературэр зыгъэдахэ гушыIэ шэрыуэхэм я деж къыщыщIэдзауэ, романхэм нэс къызэщIаубыдэ абыхэм.
Хьэмыщэ литературэм и нэгъуэщI жанр зыбжанэми щылэжьащ, ищIэр хъууэ. Драматург ШэджыхьэщIэм и къалэмыпэм къыщIэкIащ пьесих. Абыхэм ящыщу щыр ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей драмэ театрым щагъэуващ, Налшык дэт Музыкэ театрым тIур, Черкесск - адрей зыр щагъэлъэгъуащ, Къэбэрдей-Балъкъэр телевиденэми зы щагъэуващ. Хьэмыщэ и пьесэхэм къытращIыкIа спектаклхэу «Гъуэгу техьэр къытенэркъым», «Хэт къуаншэр?», «Дыбгъэунэхъурти, Зузэ», нэгъуэщIхэри илъэс зыбжанэкIэ ди театрхэми Къэрэшей-Шэрджэсым ейхэми я репертуархэм хэтащ, еплъахэми ягу ирихьащ. Драматургым абыхэм къыщеIэт ди гъащIэм къыщыхъу Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр. Псалъэм папщIэ, абы и пьесэ «Ягъеижа» жыхуиIэмкIэ ягъэува спектаклыр ди телевиденэмкIэ дапщэрэ къагъэлъэгъуэжа, телевизореплъхэр щIэлъэIуурэ! Ахэр цIыхухэм я дежкIэ гукъинэжщ. Сэ къызолъытэ ар езы тхакIуэм и дежкIэ насыпу.
ШэджыхьэщIэм и псалъэхэм макъамэ щIалъхьауэ щытащ композитор гъуэзэджэхэу Тхьэбысым Умар, Даур Аслъэн, Жырыкъ Заур, Согуэ Данил, нэгъуэщIхэми.
Хьэмыщэ и ехъулIэныгъэхэр къыхуэзыхьар, псом япэу, лэжьэрейуэ зэрыщытарщ, увыIэ имыIэу зэрытхарщ, ерыщу Iуэхум зэрыпэрытарщ. Абы и япэ рассказыр 1950 гъэм ТхакIуэхэм я союзым къихьри къэкIуэгъат. Езым зэрыжиIэжымкIэ, ягу ирихьауэ щытакъым абы хэплъахэм. Ягу иримыхьа къудей мыхъуу, тхэн Iуэхум щищIэнышхуэ щымыIэу, лейуэ гугъу зригъэхьыни хуэмейуэ къикIыу къепсэлъащ.
- Абдежым къалэмыр щысIэщIэхури, - игу къигъэкIыжырт Хьэмыщэ, - тхэным куэдрэ гукъыдэж хузиIэжакъым. Тхьэм ищIэнт сэ IэщIагъэ схуэхъунур, а зэманым ди районым редактору щылэжьа усакIуэ Нэгумэ Умар мыхъуамэ. Абы щIыгъуу район газетым сыщылэжьэн хъури, тхэным гу щIэрыщIэу хуэсщIыжыгъащ 1958 гъэм.
Мис абдежым щыщIэдзауэ ШэджыхьэщIэм и IэдакъэщIэкIхэр газетхэм къытрадзэу, радиокIэ къату хуожьэ. И япэ рассказыр, «ХьэмлэтIиф, къэгъэзэж» зыфIищар, «Iуащхьэмахуэ» журналым къытохуэ. А гушыIэ рассказыр псоми ягу ирохь. Радиом къопсэлъыкI, апхуэдэ рассказ иIэмэ, къатыну къыжраIэ. И къарур и фIэщ ящIыжри, ШэджыхьэщIэр нэхъри тегушхуауэ лажьэу щIедзэ.
Абы и тхыгъэхэм еджэр дэзыхьэхын Iэмал хилъхьэфу итхырт сыт щыгъуи. Образ гъэщIэгъуэнхэр къегъуэтыф, зэгъэпщэныгъэ шэрыуэхэр, псалъэжьхэр Iэзэу къегъэсэбэп. Зыми хэмыгъуащэ адыгэ псэлъэкIэ, адыгэ гушыIэкIэ, адыгэ дуней тетыкIэ яIэт и лIыхъужьхэм. Абыхэм я нэхъыбэр гурэ псэкIэ хуолажьэ къызыхэкIа лъэпкъым, и гуныкъуэгъуэр я гуныкъуэгъуэу, и гуфIэгъуэр я гуфIэгъуэу мэпсэу, мэлажьэ.
Езы тхакIуэр апхуэдэти аращ ар къыщIехъулIар. ТхакIуэр езыр адыгэгурэ адыгэпсэрэ иIэу щыщытым и деж, и тхыгъэр лъэпкъым и гъащIэ гъуджэщ, и нэ жанщ, и хъугъуэфIыгъуэшхуэщ. Хьэмыщэ и мащIэкъым лъэпкъым и блэкIар къэзыгъэлъэгъуэж тхыгъэхэр.
ШэджыхьэщIэм и Iэзагъым зэпымыууэ хэхъуащ. Узытетхыхьыр фIыуэ умыщIэу, япэщIыкIэ псори умыубзыхуауэ, тхыдэм теухуа роман птхыфынкIэ Iэмал иIэкъым, птхыкIи гъэщIэгъуэн, художественнэ тхыгъэ нэс хъунукъым. Ар художественнэ Iэзагъ уиIэкIи зэфIэкIыркъым. Тхыдэр щыуагъэ хэмыту къызыхэщ документхэр гъэкIэ зэрызэкIэлъыкIуэм хуэдэу зэкIэлъыпхькIэ, ари художественнэ тхыгъэ хъуркъым. Тхыдэм и пэжри художественнагъ хъужри зэуIу пхуэщIмэщ ехъулIэныгъэ ущыщыгугъынур. Ар Iуэхушхуэщ, дэтхэнэ тхакIуэми къехъулIэркъым. Псом хуэмыдэу, тхыдэм къыхэщыж, фIыуэ яцIыху лъэпкъылIхэм я гугъу щыпщIыр, я образыр къыщыбгъэлъагъуэр гугъущ. Апхуэдэу щытми, ар хъарзынэу ШэджыхьэщIэм щыхузэфIэкIащ «ЛъыщIэж» романым. Мыр тхакIуэм и творчествэм и щыгуу убж хъунущ. Сэ къызэрыслъытэмкIэ, а тхыгъэшхуэм теухуауэ критикхэм дяпэкIи я псалъэ жаIэну къыщIэкIынщ, армыхъумэ, зэкIэ абы хуэфащэ пщIэ хуэзыщI лэжьыгъэ щыIэкъым.
Гу нэхъ зылъытапхъэу мы тхыгъэм къыхэгъэщыпхъэщ адыгэм яхэлъа фыгъуэ-ижэр, лIыфIыгъуэ зэримыгъахуэу, лъэпкъым къыхэкIа-къыхэжаныкIахэр зэныкъуэкъуу зэрыпсэуар, лъыщIэжыным адыгэм и къарур щIихыу, и гуащIэр мащIэ ищIу, лъэпкъыр зэрыщыту текIуэдэнкIэ хъуну зэрыщытар ШэджыхьэщIэм къызэригъэлъэгъуар.
А псом и щIыIужкIэ, адыгэхэм щхьэхуитыныгъэ, лъэпкъым къэралыгъуэ иригъэгъуэтыну щIэхъуэпсу псэуахэмрэ а гупсысэхэр къизымыдзэу зи щхьэ Iуэху къудей къезыхуэкIхэмрэ зэрызэпэщIигъэувэр-щэ? А лъэныкъуэмкIэ укъыщегупсысмэ, гъащIэм пэджэжыркъэ а романыр! Ар иджырей ди гупсысэхэм, нобэрей ди Iуэхухэм пэгъунэгъуу къыдолъытэ. АбыкIи романым и мыхьэнэр, и пщIэр нэхъ ин мэхъу.
Литературэм и зыужьыныгъэр здынэсар къызэрапщ пщалъэу сыт щыгъуи къалъытэр прозэ жанрырщ. А жанрым и зэфIэкIыр къэзыгъэлъэгъуэжыр лъэпкъ тхыдэм теухуа мис мыпхуэдэ романышхуэхэрщ. Ар, шэч хэмылъуи, ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ и Iэзагъми щыхьэт техъуэ Iуэхугъуэщ».