Зыри щIамыхъумэу

«Захуагъэ здэщыIэ Урысей» партым и щIыналъэ къудамэхэм иджыблагъэ щытепсэлъыхьащ цIыхухэм я улахуэмрэ пенсэхэмрэ.
Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм къызэригъэпэща зэIущIэм хэтащ КъБР-м и Парламентым и депутат, «Захуагъэ здэщыIэ Урысей» социалист политикэ партым и щIыналъэ къудамэу КъБР-м щыIэм и Советым и унафэщI Кебеков Владимир, КъБР-м и Парламентым и Жылагъуэ-чэнджэщакIуэ советым хэт Уэлджыр Жыраслъэн, КъБР-м и Парламентым и депутат, «Захуагъэ здэщыIэ Урысей» и щIыналъэ къудамэм и советым и унафэщIым и къуэдзэ Настаев АлисулътIан, КъБР-м и Парламентым и депутат, партым хэт Войтов Алексей, партым хэтхэр, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я лIыкIуэхэр, нэгъуэщIхэри. ЗэIущIэр иригъэкIуэкIащ Налшык къалэм щIыпIэ унафэр зехьэнымкIэ и советым и депутат КIыщокъуэ Руслан. 
Кебеков Владимир журналистхэм яжриIащ цIыхухэм я хэхъуэхэр зыхуэдэр пэжу къыхуагъэлъэгъуэну игъуэ зэрыхъуар. «ТхылъымпIэм деж ику иту къыщагъэлъагъуэ улахуэм хохъуэ, тхьэмыщкIагъэр нэхъ мащIэ щохъу, пенсэ ахъшэр щынэхъыбэ хуэдэщ. Ауэ ику ит улахуэм дигъэлъагъур лэжьапщIэ фондым и щытыкIэрщ, къызэрыгуэкI лэжьакIуэм къыIэрыхьэр зыхуэдизыр абы къыджиIэркъым, - къыхигъэщащ Кебековым. - Зы унафэщIым сом мин 500, лэжьакIуибгъум - мин 50 зырыз къаIэрыхьэмэ, ику иту улахуэр, дауи, сом мин 95-рэ хъунущ. Ауэ, ипэжыпIэращи, цIыхуипщIми зэхуэдэу сом мин 95-рэ къаIэрыхьэркъым. Аращи, ику ит улахуэр сом мини 100-м нэблэгъауэ щыжаIэкIэ, цIыхур хуитщ щIэупщIэну: хэт и улахуэр: медицинэ лэжьакIуэра, гъэсакIуэм е пощтзехьэм ейра? Хьэмэ IуэхущIапIэм и унафэщIра? Псоми къахьыр зэхэлъу къэббжрэ, ику ит бжыгъэр къэбгъэлъагъуэ нэхърэ, дэ нэхъ тфIэкъабылщ унафэщIхэмрэ адрей лэжьакIуэхэмрэ я хэхъуэхэр щхьэхуэ-щхьэхуэу къэгъэлъэгъуэныр, IэщIагъэкIи зэщхьэщыхауэ къэбжыныр. Улахуэ нэхъ мащIэ дыдэр убзыхун хуейщ, цIыхур ирипсэун щхьэкIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуэныкъуэнур къэлъытауэ».
Кебековыр къытеувыIащ пенсэр зэрагъэув щIыкIэми партыр арэзы къызэримыщIым. Абы къыхигъэщащ илъэс бжыгъэ куэд IэнатIэм хуэпэжу щыхухихкIэ, дэтхэнэ зы лэжьакIуэри и къэкIуэнум темыгузэвыхьу псэуну зэрыхуейр. «Пенсэ IэнатIэми упщIэ куэд щыдиIэщ: ику ит пенсэр ику иту хуатха улахуэм и Iыхьэ плIанэм нэхърэ щынэхъ мащIэм деж, ар захуагъэкъым. Зи ныбжь хэкIуэтахэм хущхъуэхэмрэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ куэд трагъэкIуадэ, коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр, ерыскъыр лъапIэщ. А псор къэлъытэн хуейщ, - пищащ Кебековым. - Пенсэ ахъшэр цIыхухэм къагурымыIуэ баллхэм ятещIыхьауэ щытын хуейкъым. Совет зэманым зэрыщытауэ, ар стажым елъытауэ къэбжыпхъэщ. Ди партым къелъытэ нэхъ щIэх-щIэхыурэ, мазищ къэс, пенсэр къахуэбжыжын, епщыкIущанэ пенсэ етын хуейуэ. Апхуэдэуи пенсэм щагъакIуэу щыта ныбжьхэм къегъэгъэзэжыпхъэщ: цIыхубзхэр илъэс 55-м, цIыхухъухэр илъэс 60-м. А псом ищIыIужкIэ, партым къыхелъхьэ пенсэ кIуахэм нэхъ мащIэ дыдэу къаIэрыхьэм и лъабжьэу къэрал псом зыуэ щыт федеральнэ МРОТ-р къащтэну. НэгъуэщIу жыпIэмэ, пенсэ кIуа цIыхум иратыр федеральнэ МРОТ-м нэхърэ мынэхъ мащIэу щытын хуейщ».
2026 гъэм и гъатхэ-гъэмахуэ лъэхъэнэм партым къыхилъхьа жэрдэм зыбжани къигъэлъэгъуащ къэпсэлъам. Абыхэм ящыщщ: мылажьэ адэ-анэхэм папщIэ «Адэ-анэм я улахуэ», зи къуэрылъху-пхъурылъхухэм якIэлъыплъхэм щхьэкIэ «Анэшхуэм и улахуэ» гъэувыныр; 13-нэ улахуэмрэ 13-нэ пенсэмрэ къыхэлъхьэныр (къызэралъытэмкIэ, ахъшэр пуд зэрыхъуам и Iыхьэ гуэр илъэсым и кIэм абы пигъэкIуэжынущ); улахуэ нэхъ мащIэ дыдэр зэрат хабзэхэр зэхъуэкIыныр; социальнэ пенсэхэм процент 15 хущIагъуныр; сабий япIу зэрыдэса лъэхъэнэм хуэзэу ятх пенсэ стажыр хуэдитIкIэ къэIэтыныр (илъэсрэ ныкъуэм и пIэкIэ, сабийм щыкIэлъыплъ илъэсищри къиубыду); и ныбжьыр илъэсибл иримыкъуауэ сабий зиIэ цIыхубз хьэрычэтыщIэхэм налогхэр хуагъэмэщIэну щIыналъэхэм хуитыныгъэ етыныр.
Партым и Iуэху бгъэдыхьэкIэм арэзы къызэрищIыр къыхэщу, зэIущIэм къыщыпсэлъащ сабиищ зыпI, тхылъымпIэм хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр IэкIэ къыхищIыкIыу хьэрычэт Iуэху зэтезыубла Горностаевэ Наталье.
Уэлджыр Жыраслъэн зэIущIэм зи гугъу щащIахэр къызэщIикъуэжу жиIащ республикэмрэ къэралымрэ щыпсэу дэтхэнэри нобэ зыгъэпIейтейр - я улахуэхэм, пенсэхэм, нэгъуэщIхэми теухуауэ - зыри щIимыхъумэу партым къызэригъэлъэгъуар.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: