ЩIыуэпсыр усакIуэхэм я гукъыдэжым и къежьапIэ нэхъыщхьэщ, уеблэмэ лIэщIыгъуэ бжыгъэ хъуауэ я IэдакъэщIэкIхэм ар щаIэт. Апхуэдэ тхыгъэхэм щIыуэпсыр куэдрэ къыщокIуэ цIыхум и гурыщIэхэмрэ гупсысэ куухэмрэ я гъуджэу. Абы щхьэкIэ усакIуэхэр псалъэхэм хощыпыхь, щIыуэпс къэхъукъащIэхэмрэ цIыхум и гурыгъузхэмрэ иризэпащIэу. Абы и фIыгъэкIэ тхылъеджэм дунейр щIэрыщIэу къызэIуихыж хуэдэщ: нэхъапэм гу зылъимытэу щыта дахагъэхэр илъагъуу зрегъасэ.
Абы къыджеIэ усакIуэхэм щIыуэпысм зыщIыхуагъазэм и мыхьэнэр зэрыиныр. Дыкъэзыухъуреихь дунейр «дагъэлъагъукIэрэ», ахэр къытхутопсэлъыхь нэхъ мыхьэнэшхуэ зиIэхэми: цIыху гурыщIэхэм, щалъхуа лъахэм пызыщIэхэм, гъащIэмрэ дунеймрэ я щэхухэм. Аращ щIыуэпсым теухуа усэхэр сыт хуэдэ зэманми щIэджыкIакIуэхэм япэгъунэгъуу, къагурыIуэу икIи зыхащIэу щIыщытыр. Абыхэм дигу къагъэкIыж дыкъэзыухъуреихь дунейм цIыхур къыгуэхыпIэ имыIэу зэрыпыщIар. Ди адыгэ тхакIуэхэми щIыуэпсым усэбзэкIэ зыщыхуагъазэ щыIэщ. Нобэ дигу къэдгъэкIыж усэ Iэрамэр сабийхэм хуатхахэм ящыщщ.
Си гъэмахуэ уэшх
(Джэрыджэ Арсен)
Си уэшх хуабэ,
Си уэшх щабэ,
Си гъэмахуэ уэшх,
Дади сэри дынолъэIур:
КхъыIэ, ину къешх!
Къыщыгъажэ ди уэрамым
Псыхьэлыгъуэ цIыкIу,
Псыхьэлыгъуэм игъэхьэжэу
Дэ пхуэтщIащ щхьэл цIыкIу.
ПщIэрэ, нанэ хуейщ хьэжыгъэ,
Гуэдз хьэжыгъэ хужь.
Дади сэри дынолъэIу:
Къешх, утемыуж!
Бжьыхьэ мэзым
(Къагъырмэс Борис)
Хъуамэ бжьыхьэ, дэ кхъужьыхьэ
ДыкIуэрт цIыкIухэр дызэгъусэу.
Куэдрэ мэзым къыщыткIухьым,
Насып иным тфIэщIт деIусэ.
Дэ хъуржынхэм кхъужь из тщIамэ,
Дыуэршэру дытIысыжырт.
Шыпсэ хэт зригъэщIами,
Зэныбжьэгъухэм зэжетIэжырт.
Сыту фIыщэт ди мэз гъущэм
Махуэ псокIэ ущIэтыну!
Сэ ар зэи сщымыгъупщэ,
Сыпсэуху си нэгу щIэтынущ.
Гъэмахуэ
(АфIэунэ Лиуан)
Уафэм и IэпIохуэм
ПлIаплIэу дыгъэр исщ.
Хадэми имыхуэу
ХадэхэкIыр изщ.
ФIыгъуэр фIэлъщ ди санэм,
Пызщ ди щхъырыбейм.
Си къуэш цIыкIу Хьэсанэ
Абы доIэбей.
Ди Iущхьэ щхьэ мати
Плъыжьу къэгъэгъащ.
ДиIэщ дэ мамкъути,
Ди балийри хъуащ.
Пшэплъ
(Къаныкъуэ Заринэ)
Дыгъэ, дыгъэ, уэ аргуэру
ЗыщыбгъэпщкIур дэнэу пIэрэ?
Сыту пIэрэ къыпщыщIар?
Хэт уи жагъуэ къэзыщIар?
СощIэ, сощIэ, уэ уешащ,
Угъуэлъыжуи аращ.
Зыгъэпсэху иджы – пщэдджыжь
ЗумыIэжьэу къэтэджыж!
Дыгъэм и Iэхэр
(Къаныкъуэ Заринэ)
Дыгъэм и Iэхэр къеший,
Андзор цIыкIур къеущий.
КъытоуIуэ и пэм,
ИригъэкIкъым и пIэм.
Щрегъэх и джанэр,
Вакъэри – итIанэ.
Ирегъажьэ лъапцIэу,
Псым зыхрегъадзэ.
Бжьыхьэ
(Хьэту Пётр)
Си гур якIэлъыджэу,
Бзухэр мэлъэтэж.
Я уэрэд телъыджэр
Ахэм жамыIэж.
Абгъуэхэр Iэгу нэщIу
ДэнэкIи къыпхощ.
Бзухэм кIэлъыIэбэу
Ахэр сэ къысфIощI.
Тхьэмпэхэр гуп-гупу
Жыгхэм къаполъэт…
Ахэри хуабапIэм
Лъэтэжыну хэт?
Дыгъэеджэ
(Нало Заур)
Дыгъэ нэкIуплъ,
Дарииплъ-джанэ,
Уи джанэр щыхи къыщIэкI,
Ди жыг щхьэкIэм къитIысхьэ,
КъитIысхьи къытхэпсэ,
Псы архъуанэр гъэхуабэ,
Губгъуэ мэракIуэр гъэхъу,
Хъарбыз хъуа къэгъэкI,
Ди чыцIым и натIэм къебзей!