УИ ЦIЭР МАДИНЭ, ХЬЭМЭ МАРИНЭ

УсакIуэ Гъубжокъуэ Лиуан ящыщщ зи къалэмыпэм усэ купщIафIэ куэд къыщIэкIахэм. Дауи, абыхэм гу лъамытэу къэнакъым ди композиторхэми. «Уи цIэр Мадинэ, хьэмэ Маринэ» уэрэд цIэрыIуэр къызэрыунэхуам журналист КIунтIыщ-ХьэпцIэ Аннэ и гугъу къыщытхуещI «Зы уэрэдым и хъыбар» теленэтыным:
- Нобэ зи гугъу тщIыну уэрэдыр 1962 гъэм итхауэ щытащ Гъубжокъуэм. Усэ купщIафIэр Къардэн Хьэсэни гулъытэншэ ищIакъым. Уэрэдым и хъыбарыр зэзгъэщIэну иужь сыщихьэм, япэу зыхуэзгъэзащ Лиуан и щхьэгъусэ Гъубжокъуэ Ритэ. «Мы уэрэдыр щатхам сэ Лиуан гъусэ сыхуэхъуну си пщIыхьэпIи къыхэхуэртэкъым, - жиIащ Ритэ. - Зы унагъуэ дыхъуа иужь, дауи, уэрэду иусам я хъыбар псори къызжиIащ. ИщIэ хуэдэт куэд къызэримыгъэщIэнур. «Уи цIэр Мадинэ, хьэмэ Маринэ» уэрэдыр адыгэ цIыхубзыр зэрыщытын хуей образыр и нэгу къыщIигъэхьэу, абы хэлъын хуей хьэл-щэн дахэр къыхэщу итхауэ арат. Гухэлъ зыгуэрым хуищIауэ е жэуапыншэ лъагъуныгъэм теухуауэ тха хъуа уэрэдкъым. Лиуан, зэрыжиIэжамкIэ, мы уэрэдыр Къэрэшей-Шэрджэсым зэхьэзэхуэ гуэр екIуэкIыу щыжаIэу абыхэм я уэрэджыIакIуэхэм ягу апхуэдизкIэ ирихьри, абы къыпэджэжу «Си цIэр Мадинэщ, Маринэщ» фIэщыгъэр иIэу ятхыжауэ щытащ. А уэрэдыр иджыри жаIэ».
Уэрэдыр япэу зыгъэзэщIар КIуж Борисщ. Абы ар гум дыхьэу зэрыжиIарагъэнщ, дзапэ уэрэду цIыхубэм къащIыхэнари.

*   *   *
Зи ныбжьэгъу пэжыр зыфIэкIуэдауэ,
Сэ къуажи къали къызощ.
Махуэл симыIэу укъызолъыхъуэ,
Сыщыпхуэзэнур дапщэщ?

 Ежьу:

Хэтхэ узипхъур,
Хэт узишыпхъур,
Сэ си насып зыхэлъ?
Уи цIэр Мадинэ,
Хьэмэ Маринэ?
Зэ закъуэ уэ къысхукъуэплъ.

НэкIукIэ зэкIуэжрэ хьэлкIэ гущыкIыу
Тетщ хъыджэбз Iэджэ дунейм,
Ахэм ящыщу укъыщIэкIыну,
Си тIасэ, сэ сыхуэмей.

Ежьу:

Уэ укъэзгъуэтмэ, гъэмахуэ розэу
Мы си гум зызэIуихынщ,
ИгъащIэ псокIэ сыарэзыуэ
Гум и IункIыбзэр уэстынщ.

Ежьу:

Уи гум сэр папщIэ илъу зы хъуаскIэ
Уэ зыкъэзгъащIэ къудей,
Сыарэзыщ сэ зэхэдублэнкIэ
Ди хьэгъуэлIыгъуэр пщэдей.

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: