БлэкIамрэ нобэмрэ зэпызыщIэ

КъБР-м и Лъэпкъ музейм, Вовчок Маркэ и цIэр зезыхьэм, и къудамэ унэ-музейм гъэм и сыт хуэдэ зэманми цIыхушхуэ щызэблокI. 
Урысейм и нэгъуэщI щIыналъэхэм щыщхэри музейм зыщаплъыхьыну илъэс къэс къокIуэ. Урыс, украин тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ цIэрыIуэ, Вовчок Маркэ цIэ лейр зыфIэзыщыжа Вилинская Марие (1833 - 1907) и фэеплъ махуэм ирихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэмрэ республикэм и хьэщIэхэмрэ пщыхьэщхьэ хъуху екIуэлIащ абы и цIэр зезыхьэ музейм. Зэхыхьэм хэтахэм ягу къагъэкIыжащ Марие и гъащIэмрэ гуащIэмрэ, и Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэ купщIафIэхэр. Iуэхум хэтащ республикэм и унафэщIхэм ящыщхэр, щIыналъэм щыIэ лъэпкъ щэнхабзэ центрхэм я лIыкIуэхэр, музейхэм я лэжьакIуэхэр. 
КъБР-м и Лъэпкъ музейм и унафэщIым и къуэдзэ Хьэщэ Иринэ, Вовчок Маркэ и цIэр зезыхьэ унэ-музейм и унафэщI Лэжьэрей Энессэ, УФ-м и цIыхубэ артисткэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Къэрал саугъэтым и лауреат, ЮНЕСКО-м Гъуазджэмрэ щэнхабзэмкIэ и дунейпсо советым хэт, профессор Гъэсашэ Наталье сымэ зэхуэсахэм и гугъу хуащIащ Вилинская Марие и гъащIэмрэ лэжьыгъэхэмрэ. 
Орловскэ областым къыщалъхуа Марие и щхьэгъусэ Лобач-Жученкэ Михаил и гъусэу 1906 гъэм и гъатхэм Налшык къалэм къэIэпхъуат. Долинск щIыпIэм деж щIы къыщащэхури, унэ щаухуащ. Налшык Марие куэдрэ щыпсэуакъым - 1907 гъэм ар дунейм ехыжащ. 1954 гъэм мраморым къыхэщIыкIа бюст Марие щыхуагъэуващ а щIыпIэм. 1978 гъэм украин скульптор Фещенкэ Василь ищIащ Марие и фэеплъыр. ТхакIуэхэу Тургенев Иван, Шевченкэ Тарас, Писемский Алексей, Анненков Павел, нэгъуэщIхэри гуапэу IущIат Вовчок Маркэ и «Украинские народные рассказы» япэ тхылъым. Марие и тхыгъэхэр бзэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зэрадзэкIащ, адыгэбзэри балъкъэрыбзэри хэту.
Велинская Марие уэсят къигъэнат фIыуэ илъагъуу щыта кхъужьеижьым деж щыщIалъхьэжыну. Ар ягъэзэщIами, а кхъужьейр ди нобэм къэсакъым. ТхакIуэр щыпсэуа пщIантIэм жыгыщIэхэр щагъэтIысащ абы и фэеплъу. 
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къуэдзэ Мизиев Iэубэчыр тепсэлъыхьащ илъэси 120-рэ ипэкIэ яухуауэ щыта унэ-музейр зэрагъэпэщыжу гъэлъэгъуэныгъэ павильон абдеж къыщызэрагъэпэщыну зэричэзум. Ар къытеувыIащ абы и проектымрэ и тхылъхэмрэ зэрагъэхьэзырам, 2027 гъэм ухуэныгъэр зэрырагъэжьэнум.
Вилинская Марие къыщIэна тхылъхэр, сурэтхэр, хьэпшыпхэр, пасэрей унэлъащIэхэр хуэсакъыу щахъумэ музейм къыщеджащ абы и Iэдакъэ къыщIэкIа «Рассказы из народного русского быта», «Три доли», «Маруся» тхыгъэхэм щыщ пычыгъуэхэм. Зэхыхьэм зыкърезыгъэхьэлIахэр урысыбзэкIэ, адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ гъэхуауэ къеджащ Гуртуев Берт, Щомахуэ Амырхъан, Шевченкэ Тарас, нэгъуэщIхэм я усэхэм. 
УФ-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, лъахэхутэ Котляровэ Марие жиIащ я тхылъ тедзапIэм художественнэ, архив дэфтэрхэр зыщIыгъу тхыгъэхэр къызэщIэзыубыдэ «Последний приют Марко Вовчок» тхылъыр къызэрыщыдагъэкIар. Ар нэхъыбэу зытеухуар тхакIуэр Налшык щыщыпсэуа зэманырщ. 
Журналист, тхакIуэ Лыкъуэжь Залинэ къытеувыIащ Вилинскэм и социальнэ таурыхъхэр, Iуэтэжхэр, очеркхэр къызэрыщыхъум теухуа и гупсысэхэм. Абы музейми зэхуэсахэми тыгъэ яхуищIащ и тхылъхэм ящыщ. 
Гъэмахуэм музейм зыплъыхьакIуэ щIэх-щIэхыурэ къакIуэ цIыхухэр тепсэлъыхьащ IуэхущIапIэм и лэжьакIуэхэр къазэрыхуэгуапэм, тхакIуэ цIэрыIуэм и щIэинхэмрэ и фэеплъымрэ зэрахъумэр зэрыуасэншэм, Урысейм и лъэпкъхэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэсым блэкIамрэ нобэмрэ нэхъри зэрызэпащIэр зэрызыхащIэр, къэралым и щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэухэм я зэпыщIэныгъэм зрагъэубгъуну зэрыхущIэкъур, нэгъуэщI лъэпкъхэм я щэнхабзэм зэрызыхагъэгъуазэр зэрыщхьэпэр.
Къэпсэлъахэм ящыщщ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, доцент, Лъэпкъхэм я зэныбжьэгъугъэмкIэ Урысей университетым гуманитарнэ, социальнэ щIэныгъэхэмкIэ и факультетым и кафедрэм и профессор Псху Рузанэ, СПбГУ-м и егъэджакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, доцент Парибок Андрей, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, Белоруссием и къэрал университетым и профессор Кошелев Владимир, Пермь крайм Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм штатым хэмыт и эпидемиолог нэхъыщхьэ Семериков Владислав сымэ, нэгъуэщIхэри. 
Зэхыхьэм хыхьэу къызэрагъэпэщащ УФ-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм хэт ДыщэкI Мурат и лэжьыгъэхэм я гъэлъэгъуэныгъэ.
ЗэIущIэм зэкъуигъэуващ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ цIыхухэр. 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: