И лъабжьэщ IуэрыIуатэр

КъБР-м и Лъэпкъ музейм що­кIуэкI республикэм и сурэтыщIхэм я Iэдакъэ­щIэкI­хэр щызэхуэхьэса «Легенды осени» гъэлъэгъуэныгъэр. КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и ­министерствэм, УФ-м и Су­рэ­тыщIхэм я зэгухьэныгъэм и правленэм, КъБР-м и Лъэпкъ музейм выставкэр къызэрагъэпэщащ Урысейм и лъэпкъ­хэм я зэкъуэтыныгъэм и илъэ­сым хыхьэу. 

Гъэлъэгъуэныгъэм къы­зэ­щIе­у­быдэ УФ-м и Сурэ­тыщI­хэм я зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм хэтхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа, декоративно-прик­ладной гъуазджэм щыщ, живопись, графикэ, скульптурэ лэ­жьыгъи 100-м щIигъу. Абы щыболъагъу зэгухьэныгъэм куэд щIауэ хэт художник Iэзэхэми, иджыблагъэ абы хагъэхьа щIалэгъуалэми я IэдакъэщIэкIхэр. Сурэтхэм нэхъыбэу лъабжьэ яхуэхъуащ IуэрыIуатэм, мифологием, пасэрей хъыбархэм, лъэпкъ таурыхъхэм къыхэ­щыж лIыхъужьхэр. Апхуэдэщ Сэтэней гуащэ, Дахэнагъуэ, Япэ­-нэс, Сосрыкъуэ, Иныжьым, ­Гуа­щэнэху, Беслъэней ПцIап­цIэ, нэгъуэщIхэми я теплъэхэр, нарт­хэм я джэгукIэхэр. 
Iэмэпсымэхэм псынщIэу зыщаужь ди зэманым иджырей сурэтыщIхэм IуэрыIуатэр я IэдакъэщIэкIхэм лъабжьэ зэрахуэхъур куэд и уасэщ. Пасэрей архетипхэм, дамыгъэхэм, нэ­щэ­нэхэм зыхуагъазэурэ щэн­хабзэ щIэинхэм, цIыхухэм я щы­IэкIэ-псэукIэм, гъащIэм ­щаубыд увыпIэм, фIым, Iейм, лъагъуныгъэм, лIэныгъэм, нэгъуэщIхэми ятеухуа къэхутэ­ныгъэхэр зэрырагъэкIуэкIыр гъэ­щIэгъуэнщ. КъызэщIэп­къуэжмэ, сурэтыщIхэм гу лъыдагъатэ лъэпкъхэм къадекIуэкI щэнхабзэхэмрэ лъапIэ­ныгъэхэмрэ зыхуэдэм, ахэр ­зэ­рызэпэгъунэгъум икIи цIыхубэр зэрызэкъуагъэувэм. ­КъинэмыщIауэ, лэжьыгъэхэм щыдолъагъу Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыуэпс къулейр, Налшык къалэ, ХьэтIохъущо­къуэм и хадэм пасэм яIа теп­лъэр, дунейм и «псэ жыгыр», цIыхухэр дэзыхьэх IэщIагъэхэр, абыхэм яку дэлъ зэгуры­Iуэр зэ­рыщапхъэр, нэгъуэщI­хэри. 
СурэтыщIхэм, скульпторхэм, цIыхубэ IэпщIэлъапщIэхэм я ­Iэдакъэ къыщIэкIахэм еплъхэр къызыхураджэр, зыщыщ лъэпкъ­ми зэрыт динми емы­лъытауэ, щIыналъэм исхэм яку мамырыгъэ, зэгурыIуэ, пщIэ дэ­лъынырщ. Лэжьыгъэхэр я плъыфэкIи, зыщыщ жанркIи, темэкIи куэду зэщхьэщыхащ. Апхуэдэщ щIыуэпсым, гъэм и зэманхэм я дахагъэм, удз гъэгъахэм, Iуащхьэмахуэ траухуа сурэтхэр, шэрджэс зауэлIхэм, адыгэ пщащэхэм, нарт эпо­сым къыхэщ лIыхъужьхэм, цIыху щхьэхуэхэм я портретхэр, скуль­птурэхэр, графикэхэр, ды­щэмрэ дыжьынымрэ къы­хэщIыкIа зэрызагъэдахэ хьэп­шыпхэр, хьэкъущыкъухэр, абджым, бгым къыщыщIах ­хрусталым щыщ саугъэт цIыкIу­фэкIухэр, арджэнхэр, алэ­рыбгъухэр, нэгъуэщIхэри. Нэхъыщхьэращи, лэжьыгъэхэр гъуазджэм и къарукIэ псы­хьащ, малъхъэдисым хуэдэу узыщIашэ, гум дахагъэр къыщагъэуш. СурэтыщIхэм я лэ­жьыгъэхэм къыщагъэлъэ­гъуащ Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щыпсэухэмрэ и щIыуэп­сымрэ хуаIэ лъагъуныгъэ ин­ри. Тхыдэр зи лъабжьэ, абы и напэкIуэцIхэм ухэзыгъаплъэ язы­ныкъуэ сурэтхэр блэкIам и гъу­джэщ. Псом хуэдэжкъым бжьы­хьэ дыщафэм и курыхыр - ар зыпэпщI хъун щымыIэм хуэдэщ.
Гъэлъэгъуэныгъэм увыпIэфI щаубыдащ декоративно-­прикладной гъуазджэм и хьэп­шыпхэм. Саугъэт папщIэу Iыхь­лыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ ­уа­зэрыхуэгуэпэну е унэр зэ­рыбгъэдэхэну а хьэпшып цIыкIу­фэкIухэр дэтхэнэри узы­Iэ­пызышэщ, гукъыдэжым хэ­зыгъахъуэщ. Апхуэдэщ Iэщэ-фащэхэр, дыщэ, дыжьын бгы­рыпххэр, бгъэIулъхэр, бзылъхугъэхэм къагъэсэбэп нэгъуэщI хьэпшыпхэр, цIугъэнэхэр. Ды­щэ IуданэкIэ хэдыкIа, уагъэкIэ гъэдэха, дыщэидэ щIа къэлътмакъхэм, хъыджэбз хьэп­шыпхэм къыпхузэIуах лъэп­къым къыдэгъуэгурыкIуэ тхыпхъэхэм я дахагъэр. Абыхэм ­ухагъэгъуазэ адыгэм и блэкIам, къикIуа тхыдэ гъуэгуанэм, и щэнхабзэ, гъуазджэ хъугъуэ­фIыгъуэм. ДыщэкI Iэзэхэм, Iэп­щIэлъапщIэхэм я IэрыкIхэри къехъулIащ, нэр теплъызэрэ ­гъуазджэм и курых дахагъэкIэ зэхэухуэнауэ. Узыгъэгупсысэщ икIи дахагъэкIэ гъэнщIащ выс­тавкэм хагъэхьа скульптурэхэр, пхъэм, гипсым къыхащIыкIа, ди зэманым пэджэж лэжьыгъэ гъэщIэгъуэнхэр. 
- Илъэс къэс къытхуэмыгъэсу дызыпэплъэ мы зэхыхьэ ­дахэм зыкърезыгъэхьэлIахэм фIэ­хъус гуапэ фызох! СурэтыщI гъуазджэм хыхьэ лэ­жьыгъэ купщIафIэхэр щызэ­хуэхьэса мы гъэлъэгъуэныгъэр щIэщыгъуэ зэрыфщыхъунум шэч къытесхьэркъым. Ди республикэм и художникхэм я Iэ­дакъэщIэкIхэр щIэх-щIэхыурэ Урысейм и мызакъуэу, нэ­гъуэщI хэкухэми щагъэлъа­гъуэ, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин. - Театрымрэ балетымрэ я спектакль гъэщIэ­гъуэнхэри ди къалэм зэрыщагъэувыр и щыхьэтщ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зэрызау­жьым. 
УФ-м и цIыхубэ художник Бгъэжьнокъуэ Заурбэч и псалъэм къыхигъэщащ сурэ­тыщI­хэм иджырей гъуазджэм и Iэмалхэр къызэрагъэсэбэпыр, прозэри, усыгъэри, къафэри, теплъэри я IэдакъэщIэкIхэм зэрыхаухуэнар, гъэлъэгъуэныгъэм хагъэхьа куэдым зэра­гъэгуфIар, и лэжьэгъухэм я зэфIэкIхэм зэрыригушхуэр. 
- Фи лэжьыгъэхэр хуабжьу гъэщIэгъуэн сщыхъуащ. Мы­хьэнэ зиIэ щэнхабзэ, гъуазджэ теплъэгъуэ щIэщыгъуэхэр фи­Iэщ. Мы гъэлъэгъуэныгъэм зэ­рымыщIэкIэ сыкърихьэлIащ, япэу сызыхэта Кавказ пленер нэужьым, - жиIащ Репин Илья и цIэр зезыхьэ институтым жи­вописымкIэ и факультетым и декан Зорькин Илья. - Си нэгу щIэкIахэр сигу дыхьащ: Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и щIыуэп­сым и дахагъэмрэ и хьэуам и къабзагъэмрэ умыгъэщIэгъуэн плъэкIыркъым. Санкт-Петербург щыпсэухэм Кавказ темэр тпэгъунэгъущ, художник Iэзэ, псоми фIэхъус къывэзыхыжа СэвкIуий Хьэмид академием къызэрыщыддэлажьэм къы­хэкIыу. Фи IэдакъэщIэкI телъы­джэхэм, хьэщIэм пщIэрэ гулъытэрэ зэрыхуэфщIым папщIэ фIыщIэ фхузощI!
СурэтыщI Аккизовэ Имарэ гъэлъэгъуэныгъэм гъуазджэр фIыуэ зылъагъу цIыху куэд къы­зэрекIуэлIар, езыхэр зэ­хуэ­зэну, зэпсэлъэну, я Iэдакъэ къы­щIэкIахэмкIэ зэдэгуэшэну Iэмал зэраIэр гуапэ зэрыщы­хъуар жиIащ икIи и лэжьэгъу­хэм махуэшхуэ выставкэмкIэ ехъуэхъуащ.
КъБР-м и СурэтыщIхэм я ­зэгухьэныгъэм и унафэщI ­Къаныкъуэ Жаннэ къытеувы­Iащ илъэсым къриубыдэу художникхэр зэлIэлIа, гъэлъэ­гъуэныгъэм хагъэхьа лэжьыгъэхэр зытеухуам, абыхэм Iуэ­рыIуатэм и дуней телъыджэм, гъащIэм и хабзэхэм узэрыхашэм, сурэтыщIхэм абы гукъы­дэж къазэрыритым. Жаннэ фIыщIэ яхуищIащ сурэтыщI­хэми, выставкэр къызэзыгъэ­пэщахэми, абы зыкърезыгъэ­хьэлIахэми. 
Гъэлъэгъуэныгъэр фокIадэм ику пщIондэ екIуэкIынущ. Абы фыщеплъыну Iэмал фиIэщ Бгъэжьнокъуэхэ Заурбэчрэ ­Албэчрэ, Зэхъуэхъу Валерэ, Жылэ Анатолэ, Къэрмокъуэхэ Аслъэнрэ Эльмирэрэ, Тумэ ­Залым, Ахъмэт Лиуан, Кхъуэжь Дианэ, Мыд Iэсият, Щэмей ­Руслан, Дзэгъэл Iэуес, Тураев Рустам, ДыщэкI Мурат, Акъ­сырэ Викторие, Хэжь Алик, Хьэ­цIыкIу Миланэ, Хьэщхъуэжь (МафIэдз) Динэ, Мэремщауэ Мухьэмэд, Аккизовхэ Сиярэрэ Имарэрэ, ЦIыпIынэ (Елгъэр) Марианнэ, Дэцырхъуей Рузанэ, Ерчэн Евгение, Абей Iэсият, Колкутин Андрей, Зеленская Юлэ, Иванниковэ Ольгэ, Чер­кесов ТIэхьир, Жэбалы Заирэ сымэ, нэгъуэщIхэми я Iэдакъэ къыщIэкIа лэжьыгъэ куп­щIа­фIэхэм. Сурэт гъэщIэгъуэнхэм, хьэпшыпхэм еплъыну дэтхэ­нэри абыхэм зэрыдахьэхынум, щIэ куэд зэрыхалъэгъуэнум шэч хэлъкъым. Псом хуэмыдэу мыхэр щIэщыгъуэ, гъэщIэ­гъуэн ящыхъунущ Кавказ Ищхъэрэм ис лъэпкъхэм я блэкIам, тхы­дэм, лъэпкъ фащэхэм, зэуа­пIэм къыщагъэсэбэпа Iэщэхэм дихьэххэм. А хьэпшыпхэр, фащэхэр къэзыгъэщIэрэщIэжхэм зи гугъу тщIы лэжьыгъэхэр ­къазэрыхуэщхьэпэнуми шэч хэлъ­къым. А псом къадэкIуэу, щIыналъэм и тхыдэр къызы­хэщ а дахагъэм щIэблэр щIэ­пIыкIынымкIэ гъэлъэгъуэныгъэм къалэнышхуэ егъэзащIэ икIи лъэпкъхэм къакIуа гъуэ­гуанэр къызыхэщ выставкэм цIыхухэм я псэм дахагъэ, гуа­пагъэ къызэрыщагъэушынури уи фIэщ мэхъу. КIэщIу жыпIэ­мэ, республикэм исхэм гъуазджэм и жанр, унэтIыныгъэ куэд къызэщIэзыубыдэ гъэлъэгъуэ­ныгъэ гукъинэжым зрагъэх­ьэ­лIэныр уасэншэщ.

Сурэтыр  Къарей Элинэ трихащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: