КIэрухубжьэрыхухэр иридашынущ

КIэрыхубжьэрыху быдэхэр дэшынымкIэ «Экотехпром» щIыналъэ операторыщIэм, къащыIэрыхьэн хуей пIалъэм ипэ къихуэу, а Iуэхум хуэщIа машинэу плIы къыIэрыхьащ.

ТехникэщIэр къалэ пщIантIэхэмрэ уэрам зэвхэмрэ тыншу зэрыдыхьэным тещIыхьауэ зэщIэкъуауэ ящIащ. IуэхущIапIэм къызэрыщыхагъэщамкIэ, зи зэпкърылъыкIэм зэхъуэкIыныгъэхэр халъхьа апхуэдэ машинэхэр Урысейм щыяпэу комму­нальнэ IэнатIэхэм яIэрыхьэу аращ. 
КъищынэмыщIауэ, ноби IуэхущIапIэм и транспортхэм тIу къыхэхъуэнущ: кIэрыхубжьэрыху быдэхэр дэзыш, езыр-езыру зызыунэщIыж машинэхэр. 
«Экотехпром»-м Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и щIыналъэм кIэрыхубжьэрыху быдэхэр и чэзум  дишу и лэжьыгъэр зэт­риублэн папщIэ, техникэкIэ къызэрызэгъэпэщар зэрыригъэ­фIэкIуэным иужь итщ.

Поделиться: