Тхыдэм зи цIэр къыхэнахэрГъэр, кIэс, щхьэхуимыт - аращ «мамлюк» псалъэм хьэрыпыбзэкIэ къикIыр. Тхыдэм зэрыжиIэмкIэ, мамлюкхэр тырку, адыгэ, нэгъуэщI лъэпкъхэм къахэкIауэ аращ. Ахэр щIалэ ныбжьым иту Мысырым и Iэтащхьэхэм, хьэрып хъалифхэм къащэхуурэ ирагъэджащ, ягъэсащ, дзэлIкIэ, хъумакIуэкIэ щыгугъырти. Дзэм хэтурэ, мамлюк зауэлIхэр Мысырым тепщэ щыхъури, а къэралыр ХIII лIэщIыгъуэм щыщIэдзауэ ХVI лIэщIыгъуэм нэс зэрахьащ. Шэрджэс мамлюкхэм ятетхыхьащ публицист цIэрыIуэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Абы и лэжьыгъэхэм щыщщ фи пащхьэ итлъхьэр. Явер-пэщэ (Хьэгъур) Умар (1859 - 1933). Дюзджэ дэс шапсыгъ унагъуэм къыщалъхуащ. ДзэлIхэр щагъэхьэзыр еджапIэрэ (1880) академиерэ (1884) къиухащ. Генерал-лейтенант хъуауэ дзэ къулыкъум къыхэкIыжащ. Тевфик-пэщэ и правительствэм дзэ IуэхухэмкIэ министру хэтащ (1919 гъэм, зы мазэкIэ), ауэ Антантэм и дзэхэм Истамбыл щалэжьыр имыдэу, а IэнатIэм къыпэрыкIыжащ. 1919 гъэм гъатхэпэ мазэм щыщIэдзауэ сулътIаным и правительствэм хэтащ. Анкара и суд нэхъыщхьэм 1920 гъэм бадзэуэгъуэ мазэм унафэ ищIауэ щытащ ар яукIын хуейуэ. СулътIаным щIыгъуу Тыркур ибгынащ, Египетым, Ливаным щыпсэуащ, Тыркум кърагъэхьэжакъым. Бейрут щылIащ. Хъуршид-пэщэ (Нэгъуджэ) Исмэхьил (1854 - 1934). Шапсыгъым къыщалъхуащ. ДзэлI IэщIагъэм Истамбыл щыхуеджащ. Генерал-полковникщ. Уэсмэн империем артиллериемкIэ и управленэм и Iэтащхьэ, зауэ трибуналым и тхьэмадэ, 17-нэ корпусым и унафэщI (Балкан зауэхэм я зэманым), хыдзэлI министр, дзэ къарухэмкIэ министр къулыкъухэр зэрихьащ. Тырку революцэм и лъэхъэнэм, адыгэ дзэпщ цIэрыIуэхэм - маршал ФуIэд-пэщэ, маршал Бэрзэдж ФуIэд-пэщэ, генерал Исуф Изэт-пэщэ, генерал Къарзэдж-пэщэ сымэ ящIыгъуу, адыгэхэр Ататюрк иригъэкIуэкI бэнэныгъэм хэшэнымкIэ хузэфIэкI къигъэнакъым. Истамбыл щылIащ. И тхыгъэхэу “Хьэят” (“ГъащIэ”) журналым традзащ: “Правительствэм теухуа гукъэкIыжхэр” (1964), “Сэрей гукъэкIыжхэр” (1I965). Азнавур (Анчокъуэ) Ахъмэт (1873 - 1921). Абэзэхэ унагъуэм къыщалъхуащ. ДзэлIхэр щагъэхьэзыр еджапIэ Истамбыл къыщиухащ. Жандармерием къулыкъу щищIащ. Майор хъуауэ къулыкъум къыхэкIыжри, Бигэ къалэм дэтIысхьащ. Япэрей дунейпсо зауэм и зэманым, Шэрджэс хасэм и лъэIукIэ, Кавказ фронтым ягъэкIуа дзэм хагъэхьащ, абы лIыгъэ щызэрихьащ. Мудрос щызэращIылIа зэгурыIуэныгъэм и ужькIэ 1919 гъэм мэлыжьыхь мазэм Измит санджакъым и Iэтащхьэ хъуащ, а къулыкъур зэрихьащ шыщхьэIу мазэ пщIондэ. Зи телъхьэр сулътIанрати, “Зэкъуэтыныгъэрэ зыужьыныгъэрэ” партым дэщIакъым, адыгэ гуп щIыгъуу лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ армэм пэуващ. Адхьэм и шуудзэм пэщIэхуэри, 1919 гъэм щэкIуэгъуэ мазэм къызэхакъутащ. Аргуэру дзэ зэригъэпэщащ, зауэурэ Мрамор тенджызым и Iуфэр яфIиубыдащ, абы щхьэкIэ сулътIаным пэщэ цIэр къыфIищащ. Адхьэм и шуудзэм тырку сулътIаным и дзэр 1920 гъэм мэлыжьыхь мазэм зэхикъутащ. УIэгъэ хъуати, Азнавур Истамбыл игъэзэжащ, абы дзэ щызэхуишэсри АнкаракIэ иунэтIащ, ауэ хузэфIэкIыжа щыIэкъым. 1 Азнавур укIын хуейуэ революционерхэм я судым 1921 гъэм и мазаем унафэ ищIащ. Арнаутхэр къещэурэ яIэрыхьэри яукIащ. Бехич (Беич) Хьэккы (1886 - 1943). Убыхщ. Истамбыл къыщалъхуащ. КъулыкъущIэхэр щагъэхьэзыр еджапIэ нэхъыщхьэр къиухащ. «Зэкъуэтыныгъэрэ зыужьыныгъэрэ» партыр къызэзыгъэпэщахэм ящыщ зыщ. Сивас щекIуэкIа конгрессым и лIыкIуэщ. Кемал Мустэфа, Орбай Рауф, Сами-бей Бекир сымэ ящIыгъуу Комитет нэхъыщхьэм хэтащ. Лъэпкъ-щхьэхуитщIыжакIуэ бэнэныгъэм къыхэжаныкIащ. Тырку Республикэм и Лъэпкъ Хасэшхуэм (Меджлис) и япэ хэхыгъуэм и депутатщ. ПIалъэкIэ щыIа правительствэм финансхэмрэ къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру хэтащ (1920). «Дзэ щхъуантIэ» партыр къызэзыгъэпэщахэм ящыщ зыщ. Тыркум и коммунист партым и генеральнэ секретарщ. “МахуэщIэ” газетым и редактор нэхъыщхьэщ. 1921 гъэм и ужькIэ политикэ Iуэхухэм хэтыжакъым. Анкара щылIащ. ЛIыцIэрыкъуэ-пэщэ Шэмсэдин (1855 - 1917). Бжьэдыгъум къыщалъхуащ. Илъэсибгъу ныбжьым иту и адэм хэкум иришащ. Галатасарай лицеймрэ къулыкъущIэхэр щагъэхьэзыр еджапIэ нэхъыщхьэрэ Истамбыл къыщиухащ. И анэдэлъхубзэм нэмыщI, хьэрыпыбзэ, франджыбзэ, персыбзэ, тыркубзэ ищIэу щытащ. Дипломат IэщIагъэм ирилэжьащ, Уэсмэн империем и лIыкIуэу Бухарест, Тегеран щыIащ, Ван вилайетым (область) и губернатору щытащ, тырку щIалэхэм я правительствэм министру хэтащ. Истамбыл щыIэ Шэрджэс хасэм и лэжьыгъэм жыджэру хэтащ, и тхыгъэ куэд Истамбыл къыщыдэкI “Гъуазэ” газетым традзащ, адыгэ псоми я зэхуэдэ алыфбей яIэн хуейуэ зыукъуэдийхэм я акъылэгъуащ, “Адыгэ алыфбей” тхылъыр (1919) къыдэзыгъэкIахэм ящыщ зыщ. Истамбыл щылIащ. Сами-бей (Зэрахъуэ) Бэчыр (1879 - 1934). Убыхщ, Мрамор тенджызым и Iуфэм Iус Дюмбе къуажэм къыщалъхуащ. ДзэлIхэр щагъэхьэзыр еджапIэри (1900) академиери (1902) къиухащ, апхуэдэ еджапIэхэм щылэжьащ, дзэм къулыкъу щищIащ. Балкан зауэхэм я лъэхъэнэм (1912 - 1913 гъэхэм) 6-нэ корпусым щыщ 16-нэ дивизэм и штабым и Iэтащхьэу, 70-нэ полкым и 2-нэ батальоным и командиру, зауэ IуэхухэмкIэ министрым и адъютанту щытащ. 1914 гъэм - Iэщэ-фащэ къэщэхунымкIэ комиссэм и унафэщIщ, Япэрей дунейпсо зауэр къэхъея нэужь, 52-нэ дивизэм и командирщ (Ирак фронтым). Фелахьие деж щекIуэкIа зауэм къызэрыхэжаныкIам щхьэкIэ полковник цIэр къыфIащащ. Революцэм и лъэхъэнэм алыдж зэрыпхъуакIуэхэм КъуэкIыпIэ фронтым щезэуащ, дивизэ, корпус IэщIэлъу. Истамбылым щылIащ. Мэт (Джунэтыкъуэ) Исуф Изэт-пэщэ (1876 – 1922). Тыркум щыщ Йозгат къалэм къыщалъхуащ. Сабийуэ зеиншэ хъуащ. ДзэлIхэр щагъэхьэзыр еджапIэ зыбжанэ къиухащ, академиеми щеджащ. Хэхэс адыгэхэр зэкъуэгъэувэным хуэлажьэ Шэрджэс хасэм жыджэру хэтащ. Балканым щекIуэкIа зауэхэм къызэрыхэжаныкIам папщIэ генерал-майор цIэр къыфIащащ. Япэрей дунейпсо зауэм и зэманым 10-нэ, 14-нэ, 1-нэ кавказ корпусхэм я Iэтащхьэу щытащ. Уэсмэн правительствэм Кавказ Ищхъэрэ Республикэр къилъыта нэужь (1918 гъэм накъыгъэ мазэм и 11-м), Исуф Изэт-пэщэ и дзэр Кавказым къагъэкIуащ, “демократие къэрал щаухуэкIэ дэIэпыкъуэгъу хъун щхьэкIэ”. Мудрос щызэгурыIуэжа нэужь (1918 гъэм жэпуэгъуэ мазэм и 30-м), тыркудзэр Кавказым икIыжащ. Тырку революцэм и лъэхъэнэм Исуф Изэт-пэщэ алыдж зэрыпхъуакIуэхэми Анчокъуэ Ахъмэт и дзэми КъухьэпIэ фронтым щезэуащ. Тырку Республикэм и Лъэпкъ Хасэшхуэм и депутату щытащ. Анкара щылIащ. Адыгэ тхыдэм теухуа тхылъ зыбжанэ итхащ: «Кавказым и тхыдэ» (1914), «Хеттхэр» (1915), «Шэрджэсхэр - Пасэрей Алыджым» (1915), «Шэрджэсхэр - Пасэрей Фракием» (1918). Джелаладдин (Куэцбэ) Дэмад (1850 – 1903). Истамбыл къыщалъхуащ, Франджым щеджащ. СулътIан Абдул-Хьэмид II и малъхъэу щытащ. Уэсмэн империем и Меджлисым хэтащ (1877), юстицэмкIэ министру щытащ. 1899 гъэм щыщIэдзауэ Европэм щыпсэуащ. Париж, Лондон, Каир къыщыдэкI газетхэм сулътIаным зэрихьэ лейр сэтей зыщI тхыгъэ куэд трыригъэдзащ. И усэхэр щызэхуэхьэса зы тхылъи (“Жэнэтыбжэ”, Каир, 1906) къызэринэкIащ. Брюссель щылIащ. И хьэдэр тырку щIалэхэм я революцэм и ужькIэ Истамбыл щыщIалъхьэжащ. Жамбулэт (Хьэткъуэ) Исмэхьил (1880 - 1926). Абэзэхэщ. Истамбыл къыщалъхуащ. ДзэлIхэр щагъэхьэзыр еджапIэ къиухащ. Салоникхэм къулыкъу щищIащ. Оттоман империер гъэлъэлъэжыным хуэунэтIа лэжьыгъэ иригъэкIуэкIащ, хуитыныгъэм и хасэ къызэригъэпэщащ, “Зэкъуэтыныгъэрэ зыужьыныгъэрэ” партым и унафэщIищым ящыщ зыщ. Къэралым шынагъуэ къыщымыгъэхъунымкIэ IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и унафэщIхэм ящыщ зыщ (1914), Истамбыл вилайетым и губернаторщ (1915), Тыркум и къалащхьэм и унафэщIщ (1916), лIыкIуэщ (Швецием, 1917 - 1918 гъэхэм). Инджылызхэм я дзэм Истамбыл яубыда нэужь, Мальтэ щаIыгъащ. ДзэлIхэр щагъэхьэзыр еджапIэм щылэжьащ (Истамбыл), “Рисале ве аскерие” журналыр къыдигъэкIыу щытащ, Тырку Республикэм и Лъэпкъ Хасэшхуэм и депутатащ. Кемал Мустэфа (Ататюрк) епцIыжауэ, ар иукIыну хэтауэ пцIы тралъхьэри, яукIащ.
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 15:25 →
ХьэтIохъущокъуэ унэцIэм и щэхухэр
11.09.2026 - 13:17 →
Ди лъэпкъэгъухэр
02.09.2026 - 12:04 →
Зым адрейм хуиIуэтэжу
31.08.2026 - 14:26 →
КъежьапIэмрэ Iыхьлыхэмрэ
25.08.2026 - 12:52 →
Щыхьэтхэр нэхъыбэ мэхъу
| ||




