КъежьапIэмрэ IыхьлыхэмрэМулид мазэр къэсыху, гъэ къэс дигу къыдогъэкIыж ди Бегъымбар лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхам и гъащIэм теухуа теплъэгъуэ нэхъ гукъинэжхэр. Ауэ абы и адэжьхэм, япэ итахэм я псэукIамрэ зытета хабзэмрэ хэтщIыкIыр мащIэ дыдэщ. А ныкъусаныгъэр гъэзэкIуэжынымкIэ щхьэпэ мэхъу Мубарэкфурий Сафи Iэр-Рэхьман «Щэлатымрэ сэламымрэ зэха Бегъымбар лъапIэм и гъащIэр» зыфIища тхылъыр. ЛIыкIуэ лъапIэр къызыхэкIа къудамэм зэреджэр къурэйшщ, ар хьэрып лъэпкъхэм я нэхъ лъагэу къалъытэ. Езы «къурэйш» псалъэм и гугъу пщIымэ, ар Малик и къуэ Фихьр е Кинанэ и къуэ Iэн-Нэдр и цIэ лейуэ щытащ. А лъэпкъым къыхэкIа псори е пашэт, е пщIэ зиIэ цIыхухэт. Ауэ абыхэми Къусэй къахощ, и цIэ пэж дыдэр Зэйдщ. Къусэйщ къурэйшхэм ящыщу япэу Чабэм кIэлъыплъын щIэзыдзар, абы Чабэм и IункIыбзэхэр IэщIэлъу, щIыхьэну хуейхэм езым яхуIуихыу щытащ. Ардыдэращ къурэйшхэр Мэккэм къэзышэу дэзыгъэтIысхьар, абы ипэкIэ ахэр адрей лъэпкъхэм яхэсу къалэм и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм щыпсэуащ. КъинэмыщIауэ, Къусэйщ хьэжыщI кIуэхэр ягъэшхэну, псы ирагъэфэну гупыж зыщIар, абыхэм яхухэхауэ ерыскъы япщэфIу, чыцIыбжьэм, фом е жызумым къыхэщIыкIа псыIэфIхэр хуагъэхьэзырурэ фэндхэм хуракIэу хабзэ къезыгъэублар. Къусэй Чабэм и ищхъэрэкIэ унэ щиухуат къурэйшхэм я зэхуэсыпIэу, я хасэхэр щрагъэкIуэкIыу. Нэчыхь псори щатх, цIыхубэм ехьэлIа Iуэхугъуэ псори щызэфIах а унэр цIыху куэд зэкIуалIэ щIыпIэ хъуат. Абы ищIыIужкIэ Къусэй дзэпщу щытащ икIи абы и унафэкIэт зэуэн зэрыщIадзэр. Ар цIыху жумарту, зэпIэзэрыту, и лъэпкъэгъухэм я деж пщIэ щиIэу къекIуэкIауэ къаIуэтэж. ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар, и адэм и адэшхуэм и цIэр зезыхьэ бану Хьэшим (Хьэшим и къуэхэр) лIакъуэм къыхэкIащ. Къусэй псэуху пщIэ иIэу зэрихьа пщэрылъхэм язт хьэжыщI кIуэхэр гъэшхэнымрэ псы егъэфэнымри, ар Хьэшим и пщэ къыдэхуащ. Ар дунейм ехыжа нэужь, а къалэнхэр япэщIыкIэ абы и къуэш Iэл-МутIэлиб Iэрыхьащ, абы иужькIэ Хьэшим и бынхэм къахуэнащ. Ислъам диныр къыщыунэхуа зэманым а къалэныр абыхэм ягъэзащIэрт. Хьэшим езым и зэманым псэуахэм пщIэ лей къызэрыхуащIымкIэ къахэщ цIыхуу щытауэ жаIэж. Абы щIакхъуэ иущыкъуейрт, лым хигъэзэрыхьырти, апхуэдэу ищIа сэридымкIэ (хьэнтхъупс лIэужьыгъуэ - Ч. М.) цIыхухэр игъашхэрт, и цIэ лейри къызытекIар аращ: «хьэшим» псалъэм и мыхьэнэкIэ «зыкъутэ» къокI. И цIэ дыдэр Iэмрщ. Аращ хабзэу къэзыублар илъэс къэс щэн-щэхуэн IуэхукIэ чэруанитI зэгъэпэщыныр: зыр щIымахуэм Йеменым кIуэрт, адрейр гъэмахуэм – Щамым. Хьэшим теухуауэ къаIуэтэжхэм къыдагъащIэ ар щэн-щэхуэн IуэхукIэ Щамым ежьауэ, Йэсриб (Мадинэ къалэм ислъамым ипэкIэ зэрихьэу щыта цIэр – Ч.М.) нэса нэужь, «нэджар» лъэпкъым щыщ Iэмр ипхъу Салмэ щхьэгъусэу къызэришар. ЦIыхубзыр хьэлъэ хъуауэ къигъанэри, Хьэшим адэкIэ Щам кIуэ гъуэгум теувэжащ, ауэ Гъазэ деж и гъащIэр щиухащ. Йэсриб къэна Салмэ щIалэ цIыкIу щигъуэтым, абы Шэйбэ фIащат, и щхьэцым тхъугъэ (шэйб) хэту къызэралъхуам щхьэкIэ. Мэчэм щыпсэу и адэ къуэшхэр Iуэхум щымыгъуазэххэу, сабийр Мадинэ дэс и анэ шыпхъухэм я деж къыщыхъуащ. Iуэхур апхуэдэу екIуэкIащ щIалэ цIыкIур илъэсибл е илъэсий хъуху. Зэман дэкIыу сабийм и хъыбар и адэ къуэш Iэл-МутIэлиб хуахьа нэужь, ар Йэсриб кIуэри, щIалэ цIыкIур Мэккэ ишащ. Сабийр зылъэгъуахэм ар япэщIыкIэ МутIэлибым и пщылI (хьэбд) я гугъэри, Хьэбдул МутIэлибкIэ еджэн щIадзати, Iуэхур зэхэкIа нэужьи, щIалэр а цIэм къытенащ. Хьэбдул МутIэлиб и ныбжь ит псоми къахэщырт бжьыфIагърэ лъагагъкIэ, мэккэдэсхэм пщIэ нэхъ зыхуащI цIыхухэм ящыщт. Къурэйшхэм я нэхъыжьу зэрыщытым къыхэкIыу, абы и пщэ къыдэхуэрт щэн-щэхуэн IуэхукIэ Мэккэ икIыу гъуэгу теувэ чэруанхэр зэригъэпэщыныр. ЦIыху щыпкъэу икIи хьэлэлу зэрыщытым къыхэкIыу, Мэккэ щыцIэрыIуэ Хьэбдул МутIэлиб цIэ лейуэ «Фэйад» («къыщхьэприкIыкI») фIащауэ щытащ. Абы и Iэнэм текIа ерыскъы зыхурагъэхьыр тхьэмыщкIэхэм я закъуэтэкъым, атIэ псэущхьэхэми бзухэми я Iыхьэ ялъысырт. Аращ абы «тафэм цIыхухэр, бгыщхьэхэм псэущхьэхэмрэ бзухэмрэ щызыгъашхэ» щIыфIащар. Хьэбдул МутIэлибт зылъысар Мэккэ къалэм къурэйшхэм япэ щыпсэуахэр щыдэкIыжым ягъэгъущыжа Зэмзэм псынэр къыщIэгъэщыжын пщIэр. А унафэр абы пщIыхьэпIэкIэ къыхуэкIуат, псынэр зыхуэзэ щIыпIэри ирагъэлъагъуу. Пылым епхауэ хэIущIыIу хъуа Iуэхугъуэр Хьэбдул МутIэлиб псэууэ къэхъуащ. Чабэр якъутэн мурадкIэ эфиоп тепщэ Абрэхэ Iэл-Iэшрам зи пашэ зауэлI мин 60 Йеменым къикIри Мэккэ къэкIуат, дзэм дэщIыгъуу пыл зыбжани къыздрашажьэри. Ахэр Муздэлифэрэ Минэрэ я зэхуакум дэт Мухьэссир псыхъуэм къэсу къалэм теуэну загъэхьэзыра къудейуэ, Алыхьым абыхэм ятIэ шыкъырхэр зыIэщIэлъ бзу хъушэшхуэхэр яриутIыпщри, зауэлIхэр «тхьэмпэ гъэныщкIуахэм» (I05: 5) ещхь ящIат. А псор къыщыхъуам, ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар дунейм къытехьэным мазитI иIэж-имыIэжт. Бегъымбар лъапIэм и адэ Абдулыхь, Хьэбдул МутIэлиб и бынхэм я нэхъыфIу икIи я нэхъ щэныфIэу щытащ, езыми ар адрейхэм нэхърэ нэхъыфIу илъагъурт. КъинэмыщIауэ, Абдулыхьт къурмэн ящIыну къызытехуар. Ар зэрыхъуар мыпхуэдэущ. Хьэбдул МутIэлиб Зэмзэм псынэр къыщIигъэщыжыным яужь иту, псыр къызыщIэж мывэхэм сынос щыжиIэм, къурэйшхэр къыщыхьащ. АпхуэдизкIэ гугъу ирагъэхьати, Хьэбдул МутIэлиб тхьэ иIуат Алыхьым къуипщI къритрэ ахэр езыр къахъумэфын хуэдизу балигъыпIэ иувэхэмэ, Iэмал имыIэу ящыщ зыр къурмэн ищIыну (а зэманым апхуэдэ хабзэ иджыри щыIэт – Ч.М.). ЗыщIэхъуэпсар къехъулIа нэужь, пхъэидзэ ищIри, къурмэныпхъэ хъуну Абдулыхьым къытехуащ. Арати, Хьэбдул МутIэлиб щIалэр Чабэм деж ишащ и тхьэрыIуэр игъэзэщIэну, ауэ къурэйшхэм, псом хуэмыдэу езым и къуэшхэмрэ и адэ къуэшхэмрэ, ар къыщыхуамыдэм, и къуэм и пIэкIэ махъшищэ къурмэн ищIауэ щытащ. Абы къыхэкIыу, Бегъымбар лъапIэр зэуэ къурмэныпхъэ хъуауэ щыта цIыхуитIым я щIэблэ мэхъу – Исмэхьилрэ Абдулыхьрэ. Къурмэн зыщIатаитIым я щIэблэщ жыпIи хъунущ, сыту жыпIэмэ, Исмэхьилым и пIэкIэ мэл, Абдулыхьым и пIэкIэ махъшищэ къурмэн ящIащ. Хьэбдул МутIэлиб и къуэм щхьэгъусэ хуищIыну къыхихар Уэхьб ипхъу Аминэщ. КъызыхэкIа и лъэныкъуэкIэ, къурэйш бзылъхугъэхэм абы нэхърэ нэхъ лъагэ яхэттэкъым. Аминэ и адэ Уэхьб бану зухьрэ лIакъуэм я нэхъыжьт. ЛъэныкъуитIыр зэгурыIуа нэужь, Абдулыхь Аминэ Мэккэ щхьэгъусэ щыхуэхъуащ. АрщхьэкIэ куэд дэмыкIыу, Хьэбдул МутIэлиб щэн-щэхуэн IуэхукIэ Мадинэ къалэм е Щамым иутIыпща и къуэр къэкIуэжу гъуэгу здытетым, и псэр хэкIри, Iэн-Нэбихьи Зубйани лъапсэм пэгъунэгъуу щыщIалъхьащ. Ар ЛIыкIуэ лъапIэу щэлатымрэ сэламымрэ зэхар дунейм къытехьэн и пэ къэхъуауэ хуагъэфащэ.
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 15:25 →
ХьэтIохъущокъуэ унэцIэм и щэхухэр
11.09.2026 - 13:17 →
Ди лъэпкъэгъухэр
02.09.2026 - 12:04 →
Зым адрейм хуиIуэтэжу
31.08.2026 - 14:24 →
Тхыдэм зи цIэр къыхэнахэр
25.08.2026 - 12:52 →
Щыхьэтхэр нэхъыбэ мэхъу
| ||




