Нэхъыщхьэр япэ ибгъэщырщ

ЦIыхухэр зэрызэмыщхьым дэтхэнэ зыми гъащIэм япэ щригъэщыр къыхрегъэх. Бын зи куэдым мылъкур фIэнэхъапэщ, мылъку зи куэдым абы пщIэ къыхущIэкIыну хуейщ. Зэщхь дызыщIыр псори дызэрыпсэумрэ дызэрылIэжынумрэщ. 
«ЦIыхухэр лIэужьыгъуищу зэхедз: губзыгъэхэр, ныкъуэделэхэр, делэ дыдэхэр. Губзыгъэм и къарур дунеягъэми ахърэтми ятрегъэкIуадэ. Ныкъуэделэр е дунеягъэм, е ахърэтым фIэкIа телажьэркъым. Делэ дыдэм а тIури къыфIэмыIуэхуу, и щхьэр трегъэу» - мы жыIэгъуэ цIэрыIуэр щыпщыгъупщэ махуэ къыпхуимыхуэмэ, нэхъыфIщ. 
А жыIэгъуэ шэрыуэр поджэж ипэрей къыдэкIыгъуэм зи гугъу щытщIа Гъэзэлий Iэбу Хьэмид и «Хьэл мыхъумыщIэхэр» тхылъым. «Мылъкур хущхъуи щхъухьи зыхэлъ блэм ещхьщ, - жеIэ щIэныгъэлIым. - Абы зэраныгъэуи фIыгъуэуи къыхуихьыфынум щыгъуазэм и Iейм зыщихъумэнурэ, и фIыр зыIэригъэхьэнущ». «Быдагъэр, нэпсеягъэр, цIыхухэм пщIэ зыхуегъэщIын нэрыгъыр зэрымыщIагъуэм теухуауэ» – арщ и фIэщыгъэр адэкIэ къакIуэ хьэдисхэр къызыхэтха 4-нэ томым. 
***
 «Мылъку угъуеинымрэ щIыхьым щIэнэцIынымрэ цIыхугум фэрыщIыгъэ щагъэкI, псым удзыр зэригъэкIым хуэдэу». 
***
«Мэл гуартэм хаутIыпщхьа дыгъужь мэжэлIахэм зэраныгъэу къахьынур нэхъ мащIэщ, мылъкумрэ пщIэмрэ хуэпабгъэным цIыхум и фIэщхъуныгъэм ирищIэм елъытауэ»
***
 «Фэ фи ужькIэ къэхъунухэм мы дунейм хъугъуэфIыгъуэу тетыр зрахьэлIэу, шы лъэпкъыфIхэм шэсу, хъыджэбз тхьэIухудхэр щхьэгъусэу къашэу, щыгъын дахэ зэмыфэгъухэмкIэ захуапэу цIыху гуп яхэтынущ. МащIэкIэ загъэнщIынукъым абыхэм я ныбэхэм, я псэхэр куэдми арэзы ищIынукъым. Дунеягъэм зратыпэнурэ, нэхущым щыщIэдзауэ пшапэр зэхэуэху, абы и Iуэху фIэкIа зэрахуэнукъым. Я Тхьэм и пIэкIэ, ар тхьэпэлъытэ ящIынущ, абы и унафэхэр ягъэзащIэу, и щхьэзыфIэфIагъым зыдагъэшу. Аращи, мис, Абдулыхь и къуэ Мухьэмэд а зэманым нэсынухэм яжреIэ: сэлам евмых апхуэдэхэм, я сымаджэхэм фащIэмыупщIэ, я хьэдэхэр ядыщIэвмылъхьэ, я нэхъыжьхэми фафIэмылIыкI. Ар зыщIэм ислъам диным и лъэр щIиуду аращ». 

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: