IэнатIэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьащЖэуаплыныгъэшхуэ и пщэ къызэрыдэхуэр зыхищIэу, и щIэныгъэм зэрыхигъэхъуэным сытым дежи хущIэкъуу зи IэнатIэм пэрыт дохутыр Iэзэщ НафIэдз Ислъам Олег и къуэр. Зыхэт гупми сымаджэхэми я деж зи пщIэр щылъагэ, фIыщIэрэ щытхъу псалъэ куэдрэ зыхужаIэ щIалэм теухуащ Балъкъэр Ипщэ къуажэм щыщ, УФ-м и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт Темукуев Адиль и тхыгъэр. Узыфэм и хущхъуэгъуэ нэхъыщхьэр зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI дохутырырщ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, ди республикэм апхуэдэ IэщIагъэлI Iэзэхэр и мащIэкъым. Абыхэм ящыщ зыщ си тхыгъэри зытеухуар - ар медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм Лышх узыфэхэм щеIэзэ и диспансерым и дохутыр нэхъыщхьэм хирургие дэIэпыкъуныгъэхэмкIэ и къуэдзэ, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и Медицинэ академием и доцент, дохутыр-колопроктолог НафIэдз Ислъамщ. И ныбжькIэ щIалэми (илъэс 34-рэ хъууэ аращ), абы хузэфIэкIащ зыпэрыт Iуэхум ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэригъэхьэн. 2015 гъэм КъБКъУ-м и медицинэ къудамэр ехъулIэныгъэкIэ къиуха нэужь, НафIэдзым хирургие унэтIыныгъэмкIэ и щIэныгъэм илъэскIэ щыхигъэхъуащ университетым и клиникэ интернатурэм. 2016 гъэм къыщыщIэдзауэ 2018 гъэ пщIондэ Москва дэт, Рыжих А.Н. и цIэр зезыхьэ, КолопроктологиемкIэ лъэпкъ къэхутакIуэ медицинэ центрым ординатурэр щрихьэкIащ. АдэкIэ 2018 гъэм и жэпуэгъуэ мазэм щегъэжьауэ 2021 гъэм и шыщхьэуIу мазэм нэс а центрым дохутыр колопроктологыу щылэжьащ, абы къыдэкIуэуи а медицинэ IуэхущIапIэм онкопроктологиемкIэ и къудамэм и аспирантурэм щеджащ, хирургиемкIэ иIэ щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ хигъахъуэу. 2021 гъэм и дыгъэгъазэ мазэм, Ислъам и ныбжьыр илъэс 28-м иту, Рыжих А. Н. и цIэр зезыхьэ, КолопроктологиемкIэ лъэпкъ къэхутакIуэ медицинэ центрым абы и кандидат лэжьыгъэр ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ. А илъэс дыдэм и жэпуэгъуэ мазэм щыщIэдзауэ ар Налшык дэт къалэ клиникэ сымаджэщ №2-м колопроктологиемкIэ и къудамэмрэ Лышх узыфэхэм щеIэзэ диспансерымрэ щолажьэ. Лэжьыгъэм пэрыхьа нэужь, IэщIагъэлI ныбжьыщIэм IупщIу къыгурыIуащ медицинэм псынщIэу зэрызиужьыр, хущхъуэщIэхэм я мызакъуэу, IэзэгъуэщIэхэри къызэрыунэхур. ЦIыхухэм я узыншагъэр хъумэныр IэщIагъэу къыхэзыха дэтхэнэри щыгъуазэу щытын хуейщ медицинэм щIэуэ къыхыхьэ псоми. НафIэдзыр гугъуехьхэм кърагъэкIуэтакъым, уеблэмэ абы къыхихащ медицинэм и унэтIыныгъэ нэхъ гугъу дыдэр - лышх узыфэхэмкIэ хирургиер икIи абы зэфIэкI хъарзынэхэр къыщигъэлъэгъуащ. ЦIыхур нэхъыбэу зэрылIыкI узыфэхэм я деж етIуанэ увыпIэр щиIыгъщ лышхым. Ауэ ди дохутырхэм ябгъэдэлъ Iэзагъэм и фIыгъэкIэ а узыфэр зыпкърытхэм я нэхъыбэм къатемыхьэлъащэу гъащIэ кIыхь ирахьэкIыф. НафIэдз Ислъам щIэныгъэ лэжьыгъэми зэфIэкI хъарзынэхэр къыщегъэлъагъуэ. Ар жыджэру хэтщ иджырей медицинэм и зыужьыныгъэм, ар зыIууэ гугъуехьхэм теухуа урысейпсо, дунейпсо конференцхэм. Абы и ехъулIэныгъэ нэхъ инхэм ящыщщ 2020 гъэм и мэлыжьыхьым дуней псом и щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэр хэту Москва щекIуэкIа «Трансляционная медицина: возможное и реальное» XI щӏэныгъэ-практикэ конференцым абы утыку къыщрихьа и лэжьыгъэр нэхъыфIхэм зэрыхабжар. Ислъам и щIэныгъэ лэжьыгъэхэр Урысейми хамэ къэралхэми къыщыдэкI медицинэ журналхэм щIэх-щIэхыурэ къытохуэ. Лышх узыфэхэм щеIэзэ диспансерым и дохутыр нэхъыщхьэ Цикоридзе Малхазрэ НафIэдз Ислъамрэ Москварэ Санкт-Петербургрэ щыщ IэщIагъэлIхэм я гъусэу лэжьыгъэ IуэхукIэ Китайм и Шанхай къалэм щыIауэ щытащ. Ахэр хэтащ Toumai хирургие роботхэмкIэ лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ MicroPort MedBot IуэхущIапIэм иригъэкIуэкIа егъэджэныгъэ тренингхэм. Узыр зыхуэдэр, ар къызэрыпхутэнур, абы зэрызыщыпхъумэным теухуауэ НафIэдзым и тхыгъэ куэдым интернетым и напэкIуэцIхэм ущрохьэлIэ. Абыхэм ящыщ зыщ «Колоректальный рак, современное состояние проблемы» фIэщыгъэр зиIэ тхыгъэр. А узыфэм игъэгузавэхэм я мызакъуэу, псом хуэмыдэу зи гулъытэншагъэм къыхэкӏыу лышх узыфэр пкърытынкӏэ зэрыхъунур зымыщӏэхэм я дежкӏэ мы тхыгъэм и мыхьэнэр къыпхуэмылъытэнщ. Iэпкълъэпкъым трищIэ полипым къыхокI лышх узыфэхэр, ауэ ар къоузу щыткъыми, и нэм нэмысауэ къапщIэркъым. Мис а щхьэусыгъуэм къыхэкӏыу, узым закъримыгъащIэу зэрыщытым щхьэкIэ куэдым махуэкъэс зэрызехьэм зэман къахудэгъэкIыркъым я узыншагъэр къапщытэну. Апхуэдэу узыщысхь махуэр гъащIэ псо и уасэнкIэ мэхъу! Iэпкълъэпкъым полипыр зэрытрищIар зэман кIыхькIэ къыумыщIэмэ, ар лышх узыфэм хуэкIуэнымкIэ шынагъуэр нэхъыбэщ. Аращ дохутырым ар и чэзум къэхутэн зэрыхуейм щIэх-щIэхыурэ щIытригъэчыныхьыр. Ар къызэращIэр колоноскопием и IэмалкIэщи, ди республикэм ар пщIэншэу щебгъэщIыфынущ, ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэм и полисымкIэ. Полипхэр цIыкIухукIэ Iэпкълъэпкъым тебгъэкъэбзыкIмэ, лъатэмрэ кIэтIиймрэ лышх узыфэм щыпхъумэфынущ. Апхуэдэ ущииныгъэ, къыхуеджэныгъэ тхыгъэхэмкIэ Ислъам хущIокъу цIыхухэм я узыншагъэм гулъытэ хуригъэщIыну. КъищынэмыщIауэ, интернетым и напэкIуэцI щхьэхуэхэм махуэ къэс и лэжьыгъэм зыщрихьэлIа Iуэхугъуэ щхьэхуэхэм и гугъу зэрыщищIри икъукIэ щхьэпэщ. Ди цIыхухэм, псом хуэмыдэу нэхъ зыхузэфIэкIхэм, гъэщIэгъуэну зы хьэл яхэлъщ: сымаджэ хъуамэ, Москва, Санкт-Петербург, нэгъуэщI къалэшхуэхэм макIуэ, IэкIэ къытеIэбэн нэхъ хэмылъу я узыр щхьэщахын я гугъэу. Ди жагъуэ зэрыхъущи, абыхэм ящыщ куэдым я Iуэхур зэрыгугъауэ хъуркъым, ауэ, къалэшхуэхэм медицинэм нэхъыфIу зыщиужьауэ къалъытэу зэрыщытам иджыри и лъабжьэр быдэщи, цIыхухэр йожажьэ. Зэманым хуабжьу зихъуэжащ, щӏыналъэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэхэри хэпщIыкIыу ефIэкIуащ. Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир и гулъытэм, абы къыхилъхьа жэрдэмхэм я фIыгъэкIэ къалэшхуэхэм ейм къыкIэрымыхуу щIыналъэхэм щыIэ медицинэ IэнатIэхэми псынщIэу икIи купщIафIэу заужь. КъищынэмыщIауэ, дэри диIэщ Iэзагъышхуэрэ щIэныгъэфIрэ зыбгъэдэлъ дохутырхэр, зэфIэкI лъагэхэр зыдэтлъагъу, дэтхэнэми хузэфIэкIымкIэ дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэхъуным хущIэкъу, гуапагъэрэ гумащIагъэкIэ сымаджэхэм я узыр ящхьэщызыхыф НафIэдз Ислъам хуэдэ IэщIагъэлI телъыджэхэр. Сымаджэхэм къабгъэдэкIыу Ислъам хужаIэ фIыщIэ псалъэ куэд. Абыхэм ящыщ зыбжанэ си тхыгъэми къыщызгъэлъэгъуэнут. - Дохутыр гъуэзэджэщ! Пэжыр жысIэнщи, сэ езым гугъэр сфIэкIуэдауэ, нэхъыкIэм зыщыхуэзгъэхьэзырым, жьы хъуа си анэм етIуанэ гъащIэр къритыжащ. Насыпыфӏэщ апхуэдэ къуэ къэзыщIэхъуа лъэпкъыр! Фӏыщӏэ яхузощӏ апхуэдэ дохутыр дунейм тыгъэ хуэзыщӏа и адэ-анэм! Зи узыншагъэкIэ гукъеуэ зиIэ дэтхэнэми НафIэдз Ислъам зыхуэвгъэзэну фыкъыхузоджэ. - Тхьэр дохутыр IэщIагъэкIэ зыхуэупса цIыхущ Ислъам. Дэ а дохутырым дызэрыпэщIэхуар насыпышхуэу къызолъытэ. Зи узыншагъэкIэ абы зи щхьэр езыхьэлIэ дэтхэнэри хущIегъуэжынукъым… - Гугъэ къыпхэзылъхьэж и псалъэхэм, и плъэкӏэ гуапэм занщӏэу уи гупсысэхэр фIым хуеунэтI. Сымаджэм дохутырым къритыж гугъэр узыр пщхьэщызых хущхъуэ лъапIэщ! Си щхьэр къэсщтэнщи, нобэрей гъащIэм сызэрыхэтыр куэдкIэ я фIыщIэщ НафIэдз Ислъамрэ Бэлэтокъуэ Хьэжмуратрэ. Абыхэм яхузиIэ арэзыныгъэр гъунэншэщ. Псоми къыхагъэщ хирург НафIэдзым и гуапагъэр, гущIэгъу хэлъу сымаджэхэм зэрабгъэдэтыр. Хирургыу ущытын щхьэкIэ пхъашагъэ, ткIиягъэ гуэрхэр пхэлъу ущытын хуейуэ къысщохъу, абы къыхэкIыуи сэ езыр сызоупщIыж, щабагъэр зи хьэл-щэн щIалэр апхуэдэ IэщIагъэм дауэ хэзагъэрэ жысIэу? А псом къыхэкIыу сэ къызгурыIуаращи, апхуэдэ цIыху щIыкIэр, дуней тетыкIэр гъэсэныгъэм и закъуэ елъытакъым, ар адыгэхэми балъкъэрхэми къыдалъху хьэл-щэнщ. Ар ди лъым хэтщ!
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 18:17 →
ЩIы Iыхьэхэр ират
11.09.2026 - 16:15 →
Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
11.09.2026 - 15:25 →
Бзэ куэд зыщIэхэр
11.09.2026 - 15:14 →
Гектар мини 6,7-м щIигъу
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
| ||




