Уи гущIэгъушхуэм и хьэтыркIэ«И гуэныхь Тхьэм къыхуигъэгъу» фIэкIа хужумыIэми, дунейм ехыжам псэум и тхьлъэIур хуэщхьэпэу жаIэ. Абы узэрыхуэлъэIуэну псалъэхэр зэманым къыпхыкIауэ щыщытым деж, и къарури нэхъ инщ. Алыхьу си Тхьэ! Узэрызакъуэм, уи ЛIыкIуэ Мухьэмэду щэлатымрэ сэламымрэ зэхам къихьа щIэныгъэр зэрыпэжым щыхьэт техъуарэ муслъымэн диным иту дунейм ехыжа псоми, цIыхухъухэми цIыхубзхэми, я гуэныхьхэр къахуэгъэгъу. Алыхьу си Тхьэ! КъухьэпIэр КъуэкIыпIэм зэрыпэIэщIэм хуэдэу, щIы ахэр я щыуагъэхэм япэIэщIэ. Хьэрш лъапIэм и тепщэ! КъадэIэпыкъу абыхэм, Мункэррэ Нэкиррэ я упщIэхэм жэуап щраткIэ. ДунеягъэкIэ яфIэкIуэдахэм я пIэкIэ, Уэ яхуэхъу абыхэм псэм и щIасэ, дэIэпыкъуэгъу, хъумакIуэ. ФIэщхъуныгъэкIэ абыхэм папщIэ зыныпхуэзыгъэзахэм я тхьэлъэIум къыпэджэж, жэуап къет. Уи гущIэгъушхуэм и хьэтыркIэ, ялъыгъэс абыхэм фIыгъуэрэ насыпрэ. Я Алыхь! Ди лIахэр мащэ зэвым къихи, унэ Iэхуитлъэхуитхэмрэ сэрей дахэхэмрэ гъэIэпхъуэ, хьы ахэр пхъэщхьэмыщхьэм къришэх жыг банэншэхэм я жьауэм, псыежэххэм я Iуфэм. Я Алыхь! ЯхуэщI абыхэм я нэкIухэр дахащэ, я Тхьэм Iуплъэным хуэпIащIэ. Алыхьу си Тхьэ! Я гуэныхьхэр къахуэгъэгъу, яхудэчых, тезырхэр ящхьэщых! ЯхуэщI абыхэм я екIуэлIапIэр махуэ, я щIыхьэпIэр дахэ. Щыгъын хужьым бжьыгъэр зэрикIыжым хуэдэу, псырэ уэс щIыIэмылкIэ я псэхэр яхуэгъэкъабзи, я щыуагъэхэмрэ псэкIуэдхэмрэ якIэрыхыж. Я Алыхь! Яхуэхъуэж ди япэ ищахэм я унэр нэхъ унэфIкIэ, я Iыхьлыр нэхъ IыхьлыфIкIэ, я кхъэлъахэри нэр здынэплъысым хуэдизкIэ яхуэузэщI. Я мащэр жэнэт хадэ яхуэщI, ар жыхьэнмэ мащэ, ди Тхьэ, яхуумыщI. Алыхьу си Тхьэ! КъахуэщIыж абыхэм дунейм щашэчам къыпэкIуэн тыгъэ, къащыщIа псори нэхъыфIкIэ яхуэхъуэж. Ахэр зыфIэкIуэда я Iыхьлыхэм тэмакъкIыхьагъ къети, я гуауэр ящыгъэпсынщIэ. Я Алыхь! Мы тхьэлъэIур зыхуэтIэтыр (и цIэр къипIуэ хъунущ) фIым хуэерыщу щытамэ, езыми дэри ди фIым тхухэгъахъуэ. Iейм хуэерыщу щытамэ, езыми дэри Iейуэ тIэщIэщIар къытхуэгъэгъу. Я Алыхь, ди лIахэм я тхылъыр я Iэ ижьым къыIэщIегъэлъхьэж, я IуэхущIафэхэр хьисэп тыншкIэ къегъэпщытэж. ЯхуэщI абыхэм ятелъ щIыр щабэ, жэуапым я нэхъыфIыр къаIурылъхьэ, я мащэр нэхурэ хуиту, я хэщIапIэр махуэу, Жэнэтыр псэупIэрэ екIуэлIэжыпIэу къалъыгъэс. Я Алыхь, игъапсэ абыхэм я мащэм нэхурэ нуррэ, ар хуитыныгъэрэ гуфIэгъуэкIэ гъэнщI, езыхэри шэхьид хъуарэ насыпыфIэу кхъэм щIэлъынухэм ящыщ щIы, дэри абыхэм дащыIубгъэщIэжкIэ, гущIэгъу къытхуэщI. Уи гущIэгъум и хьэтыркIэ дынолъэIу, Дунейуэ щыIэм я Тхьэ! Алыхьым и сэламыр ялъыус ди тепщэу Мухьэмэд, абы и Iыхьлымрэ и щэхьабэхэмрэ псоми.
Поделиться:
Читать также:
10.09.2026 - 15:48 →
ГъащIэм и гъуэгугъэлъагъуэ
09.09.2026 - 15:36 →
Уэрэдхэр – анэдэлъхубзэкIэ
09.09.2026 - 15:28 →
Анэдэлъхубзэхэм я махуэшхуэр ягъэлъапIэ
09.09.2026 - 12:18 →
ДжэбрэIил хахуэм и фэеплъ уэрэд
08.09.2026 - 14:33 →
Кинохэм я жэщ
| ||




