Узыр къызэращIэ щытыкIэхэрЩхьэ, пщэ лышх узыфэ лIэужьыгъуэхэм хабжэ нэм, тхьэкIумэм, жьэ кIуэцIым, щитовиднэ железам, тэмакъым, жьэ пхъэбгъум, нэкIум, щхьэфэм, пщэм къеуалIэхэр. Лышх узыфэу щыIэм я проценти 10-р еубыд мы лIэужьыгъуэхэм, нэхъыбэми ахэр зэфыкIыр цIыхухъухэрщ. Лышх узыфэхэр зыпкърытхэм щеIэзэу Ростов къалэм дэт IуэхущIапIэм и щIэныгъэлIхэр кIэщI-кIэщIурэ топсэлъыхь абыхэм зэрызыщахъумэ Iэмалхэм, ахэр къызэрацIыху щытыкIэхэм. - Щхьэр Iэпкълъэпкъым и зы пкъыгъуэу къыпщыхъу щхьэкIэ, абы къепхащ нэгъуэщI пкъыгъуэ куэд. Щхьэм хеубыдэ ар зэрыбауэ, зэрыдаIуэ, зэрыплъэ, зэрыпсалъэ, мэ къызэрыщIихьэ пкъыгъуэхэр. Дэтхэнэми узыфэ щхьэхуэхэр хуэлъэщ, дызэрыщыгъуазэщи. Абы къыхэкIыу, зи гугъу тщIы узыфэхэр и чэзум къэпхутэным куэд дыдэ елъытащ. ЗэрытщIэщи, лышх узыфэр къэунэхуагъащIэу гу лъыптэмэ, бэIутIэIуншэу яхуогъэхъуж. ИкIи ахэр хэмытIэсэн папщIэ, илъэс къэс дохутыр зэгъэплъын хуейщ, - жеIэ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, доцент Енгибарян Маринэ. Щхьэм, пщэм узыфэ шынагъуэр къызэреуэлIамкIэ гурыщхъуэ фигъэщIын хуейщ уи тэмакъыр, бзэгур зэпымычу узмэ, уи макъыр икIарэ къимыхьэжмэ, къохьэлъэкIыу Iупс ебгъэхмэ, тэмэму умыбэуэфмэ, уи тэмакъым зыгуэр тенам хуэдэу къыпщыхъумэ, уи пэр зэIынамэ, лъы къикIреймэ, уи бзэгум е жьэ кIуэцIым хужьыгъэ гуэрхэр трищIамэ, е къихуарэ мыкIыжмэ, уи пщэр бэгамэ, уи нэпсыр къыщIэжмэ, жьэпхъэбгъур пхуэмыгъэхъейуэ узмэ, уи бзэгумрэ жьэ кIуэцIымрэ ундэрабжьэмэ. Дохутырхэм зэрыжаIэмкIэ, мы щытыкIэхэр тхьэмахуищ хъуауэ мыкIуэдыжмэ, отоларинголог, стоматолог, офтальмолог, эндокринолог е онколог зэгъэплъын хуейщ. Гулъытэ щхьэхуэ хуэщIыпхъэщ тутынафэхэм, дзэ Iух-Iулъхъэ е брейкет яIулъу зи нэкIур, бзэгур, Iур кIэщI-кIэщIурэ зыуIэжхэм, ерыскъы сыр зи щIасэхэм, ультрафиолет нэхум хэтрейхэм, хьэмцIыракIэ куэду зытетхэмрэ щIыфэ уз зэрыцIалэ зэмылIэужьыгъуэхэр зэфыкIхэмрэ. Гъэмахуэм дыгъэпс гуащIэм хэтахэр нэхъ набдзэгубдзаплъэу зыкIэлъыплъыжын хуейуэ жаIэ дохутырхэм. Сыту жыпIэмэ, щIыфэ лышхыр къэзыгъэхъейр дыгъэпсырщ. Ар цIыхухъухэми цIыхубзхэми зэхуэдэу къефыкI узыфэщ. Гулъытэ хуэщIыпхъэщ щыгъынкIэ щIэмыхъума, дыгъэпсыр нэхъыбэрэ зытепсэ Iэпкълъэпкъым: напэм, пщэм, Iэм, лъакъуэм. Нэхъапэм фимыIа, дыркъуэ гуэрым хэвмыха уIэгъэ, щIыфэ къищэща, плъыжьыгъэ къэфхутамэ, фыкIэлъыплъ. А щIыпIэр бэгамэ, шыкъыр гуэрхэр къыфIэрыхьэмэ, лъынтхуэ хъархэр къытридзамэ, тецIуукIмэ, лъы къыщиудрэ вэгъу трищIэжмэ, аргуэру къыщиудыжу мыкIыжмэ, Iэмал имыIэу онколог егъэплъын хуейщ. - Езыр-езыру фызэIэзэну, дагъэ, хущхъуэ гуэрхэр щыфхуэурэ зывгъэхъужыну яужь фимыхьэ. Абы Iуэхур нэхъ Iеижу зэIигъэхьэнкIэ хъунущ. Фэ фщIэркъым а шыкъырыр, вэгъур, уIэгъэр зищIысыр. ИкIи и чэзум уемыIэзэмэ, хъыщтым, къупщхьэм, къыбгъурылъ лыпцIэм зритынкIэ хъунущ. Ар нэхъ хьэлъэжщ бгъэхъужыну. Зэпымычу цIыхухэр къыхудоджэ: ныкъусаныгъэ фиIэу гу зылъыфтамэ, занщIэу дохутыр зэвгъэплъ, - жеIэ медицинэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат, лышх узыфэхэмкIэ Ростов къалэм дэт сымаджэщым и дохутыр Хохловэ Ольгэ. Дыгъэм и закъуэкъым мы лышх лIэужьыгъуэр къэзыгъэхъейр. Зэранышхуэ пылъщ солярийхэми. Апхуэдэщ дызэрытхьэщIэ, дызэрылъасэ, фIейр зэрыдгъэкъабзэ химие пкъыгъуэхэри. Нэхъыбэу зыкIэлъыплъыжын хуейщ щIыфэ лышхыр лъэпкъ узу зиIэхэри. Мы уз лIэужьыгъуэм зыщыпхъумэфынущ дыгъэпсым зыщыбгъэпщкIун папщIэ, гъэмахуэм щIыбым ущыкIуэкIэ ультрафиолетым ущызыхъумэ крем зыщыпхуэмэ.
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
06.09.2026 - 13:28 →
Тхыдэ пэжыр хъумэным и мыхьэнэр
31.08.2026 - 16:38 →
Франджы пащтыхьым пщIэ зыхуищIу щыта лъэпкъ
30.08.2026 - 10:59 →
Кхъужьей жыгым и тхыдэр
29.08.2026 - 12:41 →
Зэрагъэпэщыж икIи куэду яухуэ
| ||




