ЦIыкIуми инми жэуап яхьЩIалэгъуалэр экстремизм, терроризм гупсысэхэм пэIэщIэ щIыным теухуауэ иужьрей илъэсхэм ди къэралым лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI. Псом япэуи дунейр зэтезыIыгъэ лъапIэныгъэхэр тфIэмыкIуэдын щхьэкIэ, иджыпсту гулъытэ зыхуэщIыпхъэр щIалэгъуалэр арауэ къыщIэкIынщ. Дызэрыт зэман мытыншым ди къэкIуэнур зыхуэдэ хъунур абыхэм куэдкIэ елъытащ. Абы ипкъ иткIэ, IэщIагъэлIхэр зэпымыууэ щIалэгъуалэм ядэлэжьэн хуейщ, щыIэкIэ-псэукIэм зэрызихъуэжамрэ щIэпхъаджащIэхэм IэмалыщIэхэр къагъэсэбэп зэрыхъуамрэ къэлъытауэ. Нобэ, бжыгъэр зи лъабжьэ Iэмалхэм я лъэхъэнэм, къыдгурыIуэу щытын хуейщ хъыбархэмкIэ щызэхъуажэ «хъым» и зэхэлъыкIэр. Зыщыдгъэгъупщэ хъунукъым фIыкIи IейкIи къыпхуэгъэсэбэп Iэмэпсымэу Интернетыр зэрыщытыр. Аращ щIалэгъуалэм яхуэгъэза хэкупсэ Iуэхухэр щекIуэкIыр. Къыхэгъэщыпхъэщ, Урысейм фокIадэм и 3-р Терроризмэм и бий бэнэныгъэм щызэкъуэувэным и махуэу зэригъэувар. А Iуэху мыхъумыщIэм пэщIэтыным теухуауэ республикэм щекIуэкI лэжьыгъэм тедгъэпсэлъыхьащ IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм Iутхэр. Абыхэм къыджаIахэм фыщыдогъэгъуазэ. Урыс тхыдэмрэ щэнхабзэмкIэ «Вече» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Литвинов Роман: «Беслъэн къалэм къыщыхъуа гузэвэгъуэр, Будённовск щалэжьа терактыр, Дубровкэм театр центрыр яубыдауэ зэрыщытар, Налшык 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13 махуэм къэхъуар, нэгъуэщI апхуэдэ Iуэхугъуэхэри, шэч хэмылъу, Урысейм и тхыдэм иджыри мыкIыжа уIэгъэу телъщ икIи тщыгъупщакъым. Лъэпкъ куэду зэхэт ди къэралым щыпсэухэр дызэкъуэтын хуейщ терроризмэм дебэнын папщIэ. Апхуэдэ щIэпхъаджагъэхэр зэи къэмыхъужыным ди къару псори етхьэлIапхъэщ. ФIыщIэ яхудощI мы зэманым Украинэм щрагъэкIуэкI дзэ Iуэху хэхам хэт ди щIалэ хахуэхэм. Сыт щыгъуи жыдоIэ гъащIэ узыншэм и лъабжьэр лъэпкъ, щэнхабзэ лъапIэныгъэхэм къызэрыщежьэр. Ахэрщ щIэпхъаджагъэхэм дрипэщIэту тегъэщIапIэ тщIын хуейри». «Афган зауэмрэ дзэ Iуэху хэхахэмрэ я ветеранхэм я урысейпсо зэгухьэныгъэм» и Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ IуэхущIапIэм и унафэщI, КъБР-м и Парламентым и депутат Тхьэгъэлэдж Тимур. «Ди ужь итхэм ящIэн хуейщ ди щIыналъэ цIыкIум и мызакъуэу, щыпсэу къэралышхуэм и тхыдэри. Абы хеубыдэ, Хэку зауэшхуэм ТекIуэныгъэр къыщызыхьауэ щытар, гугъуехь нэхъыбэр зи плIэ дэкIар ди къэралыр зэрыарар зыщагъэгъупщэ зэрымыхъунури. Америкэм, Великобританием, Франджым абы халъхьар мащIэ дыдэщ. Илъэсищ дэкIа нэужьщ, ди дзэхэм Совет къэралыгъуэшхуэр щхьэхуит къащIыжауэ, абыхэм етIуанэ фронтыр къыщызэIуахар. Афган зауэр къыщIэхъеяр, абы Урысейр хыхьэн хуей щIэхъуар, иджыпсту Украинэм дзэ Iуэху хэхар щIыщекIуэкIыр - мыбыхэм ди щIалэгъуалэр зэпымыууэ хэгъэгъуэзэн хуейщ, нэгъуэщIхэм ди тхыдэр зэрамыхъуэкIыфын щхьэкIэ. Иджыпсту ИнтернетымкIэ хъыбар нэпцI куэд къаIэрохьэри, абыхэм ди щIалэгъуалэр ягъэжакъуэ хъунукъым. Дэ тхыдэшхуэ къыддогъуэгурыкIуэ, хабзэфIхэр диIэщ, унагъуэр зэтезыIыгъэ ди гупсысэхэр лъапIэщ. Ахэр ямыщIэмэ, пщэдей я анэдэлъхубзэ, я лъэпкъ хабзэ, я нэмыс яфIэкIуэдынущ. Абы догупсысри, зи хэку, зи лъэпкъ зыхъумэфыну щIэблэ къэгъэтэджыным догугъу. Дыхуейщ ди щIалэхэм лIыгъэ яхэлъу, пщIэ яIэу, нэхъыжьым зэрыбгъэдэтыпхъэр ящIэу, хъыджэбзхэм нэмыс яхэлъу къэхъуну». Жылагъуэр экстремизмэм пэIэщIэу щытынымкIэ гъэсэныгъэм, дауи, куэд иIыгъщ. Сыт хуэдэ зэпыщIэныгъэ абыхэм яIэми къытхутопсэлъыхь «Юнармия» урысейпсо зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Джатэ Темболэт: «ТIууэ дывгъэгуэши, девгъэплъ. Лъэпкъ зэхущытыкIэхэр лъабжьэ зыхуащI экстремизм щыIэщ, апхуэдэуи диныр къэзыгъэсэбэпхэми дрохьэлIэ. Ахэр Iуэху зэхуэмыдэщ. Лъэпкъ зэхущытыкIэхэм я гугъу пщIымэ, ди Iуэху еплъыкIэр мыращ: уи лъэпкъ уригушхуэныр тэмэмщ, ауэ пагагъэр къыщезэгъи къыщемызэгъи зэхэбгъэкIыфын хуейщи, псалъэкIэ мыхъуу, IуэхуфIкIэ къэгъэлъэгъуапхъэщ: уи ехъулIэныгъэ ирехъу, уи IуэхущIафэу щрет. ЩIалэгъуалэр нэгъуэщI щIыналъэхэм кIуа нэужь, зэхэгъэж щрихьэлIэ къохъу. Ар зыуи кърамыдзэну яжыдоIэ. «Апхуэдэ гуэр фрихьэлIа?! ФызыхущIэкъунур фи ехъулIэныгъэхэм хэвгъэхъуэнырщ. КIий-гуокIэ зыми зыри ягурывгъэIуэфынукъым, фызахуэмэ, IуэхукIэ, щапхъэкIэ ар щIэвгъэбыдэ», - яжыдоIэ ныбжьыщIэхэм. Диным куууэ иджыпсту дытепсэлъыхьынкъым, ауэ мыбдеж нэхъыщхьэр жысIэнщ: сабийхэр къызыхэкIа лъэпкъ, я унагъуэм щызекIуэ дин емылъытауэ, пщIэ зэхуащIу догъасэ, псоми я зэхуэдэ хабзэфIхэм тету, гъэсэныгъэмрэ нэмысымрэ я лъабжьэу. Зы лъабжьэ щаIэкIэ - экстремизм гупсысэхэр я щхьэм къихьэнукъым». Къэбэрдей-Балъкъэрым «Хэкум и ХъумакIуэхэр» и фондым и унафэщIым и къуэдзэ ПщыхьэщIэ Ахьмэд: «Ди зэманым щIалэгъуалэм я зэманыр нэхъыбэу щагъакIуэр Интернетращи, жыпIэ хъунущ ахэр дызэрыхуейм хуэдэ дыдэу абы зэрыщымыхъумар. Япэ къэс хъыбарыр мыпэжынкIи хъунущ, ауэ щIалэгъуалэм ар яхузэхэгъэкIыркъым, къыжраIэ псор я фIэщ мэхъу. Къэбгъэлъагъуэмэ, нобэ Украинэм щытлъагъур къыщежьар 2022 е 2014 гъэхэракъым - нэхъ пасэжщ. Илъэс зыкъом лъандэрэ абы и щIалэгъуалэр, ди жагъуэ зэрыхъунщи, неонацизм гупсысэхэм къыщIегъэтаджэ. Ар къэлъытауэ, дэ нобэ ди щIэблэм ядыдогъэкIуэкI «ЛIыхъужьыгъэм и дерсхэр» Iуэхур. ЛIыгъэмрэ напэмрэ зищIысым дахутепсэлъыхь къудейкъым, щапхъэу щIэблэм я пащхьэ къохьэ зауэ губгъуэм ита ди ветеранхэр, абыхэм я хъыбархэм щIодэIу. Дэтхэнэри дызыхуейр щIэблэ губзыгъэ, Хэкум хуэпэж, къытщIэхъуэнырщ. А ди зэхуэсхэр дакъикъэ 40-м къыщыщIэдзауэ сыхьэтым нэс тещIыхьащ, ауэ куэдрэ къохъу сыхьэтитI-щыкIэ дыкъамыутIыпщу ахэр къыщыдэпсалъи. Щапхъэу къахудохь 2005 гъэм Налшык бзаджащIэхэр къызэрытеуар. А махуэм сэри си адэшхуэр уIэгъэ хъуащ, 2010 гъэм си адэр щIэпхъаджащIэхэм яукIащ. А Iуэхугъуэхэр си нэгу щIэкIауэ, си щхьэкIэ сыхуейкъым апхуэдэ ди къэкIуэну щIэблэм ягъэунэхуну. Ахэр щымыIэн щхьэкIэщ ди зэхуэсхэр терроризмэм пэщIэтыным щIытедухуэр. Дауэ террорыр къызэрыдгъэувыIэфынур?! ЩIалэгъуалэм дазэрыдэлажьэр щIэдгъэхуэбжьэнырщ хэкIыпIэр. Нобэрей щIалэгъуалэм я зы ныкъусаныгъэу сэ солъагъу гулъытэшхуэ къыхуащIыным егъэлеяуэ зэрыхуэпабгъэр, Интернет ирехъу, зыхэт гупу щрет. Апхуэдэ ерыщагъым лъэхъуэщым ухуишэнкIэ зэрыхъунур къагурыгъэIуапхъэщ. Илъэс 14-16 хъу ныбжьыщIэм «балигъ ныбжьым сынэсакъым, сыт абы щхьэкIэ къызащIэфынур?!» гупсысэм трищIыхь хъунукъым. Уэ жэуаплыныгъэ умыхь щхьэкIэ, уи адэ-анэм уэр папщIэ яхь!»
Поделиться:
Читать также:
11.09.2026 - 18:17 →
ЩIы Iыхьэхэр ират
11.09.2026 - 16:15 →
Унагъуэхэм зыщIагъакъуэ
11.09.2026 - 15:25 →
Бзэ куэд зыщIэхэр
11.09.2026 - 15:14 →
Гектар мини 6,7-м щIигъу
11.09.2026 - 14:13 →
Лъэпкъыбзэхэм я махуэм ирихьэлIэу
| ||




