Электрокъарум ирикъун хуэдэу

2026 гъэм и мазиблым къриубыдэу «Россети Кавказ Ищхъэрэ» компанием и «Къэббалъкъэнерго» къудамэм и IэщIагъэлIхэм республикэм и электросетым падзащ IуэхущIапIэрэ унагъуэу 975-рэ икIи псоми зэхэту хуаутIыпщащ мегаватт 38,8-рэ зи лъэщагъ электрокъару.

Абы щыщу мегаватти 2,6-р хуаутIыпщащ «ГъащIэ кIыхь икIи купщIафIэ» лъэпкъ пэхуэщIэм ипкъ иткIэ КИФЩI-м щынэхъ ин дыдэу Налшык къалэм щаухуэ, лышхыр зыпкърытхэм щеIэзэ диспансерым. Мыбдежым сымаджэщыр электрокъарукIэ ирикъуу къызэгъэпэща хъунущ, ар щызэблэуи къэмыхъуу. Абы щхьэкIэ, токыр щIыпIитIымкIэ щхьэхуэу къыщыхэкIыу щытынущ, езыхэр зэпыщIауэ щымыту, электрокъарур щызэхуахьэс, щахъумэ оборудованэхэр хэту.

Апхуэдэуи, «Къэббалъкъэнерго»-м Iуэхутхьэбзэ зыхуищIахэм яхэтщ Налшык псыр щагъэкъабзэ и станцыр, Хьэсэней къуажэм и спортзалыр, Зеикъуэ жылэм ГъуазджэмкIэ и еджапIэр, нэгъуэщIхэри.

Мыдрейуэ, 2026 гъэм и щIышылэм – бадзэуэгъуэм къриубыдэу республикэм и электрикхэм лъэIуу 1703-рэ къаIэрыхьащ электрокъарууэ псори зэхэту мегаватт 871,1-рэ IуэхущIапIэхэмрэ унагъуэхэмрэ ирагъэшэлIэну. Абыхэм ехьэлIа лэжьыгъэхэр иджыпсту ирагъэкIуэкI.

ЗЭКIУРЕЙ Ислъам.
Поделиться:

Читать также: