Гур зыхуеIэм лъоIэс

«Дуней нэху», «Дуней дахэ», «Дунеишхуэ» - сыту плъыфэ куэд щIыдгъурэ ди нэхэр къызэтетхыху дыкъыщыхутэ гъащIэ Iыхьэм. А псалъэ дыдэхэмкIэ фIыуэ тлъагъу цIыхухэр догъэщIэращIэ, дунеймрэ абы и теплъэмрэ яхуэдгъадэу. Нобэ дызытепсэлъыхьыну бзылъхугъэм псэуныгъэм и IэфIыр зэрызыхищIар нэгъуэщI гъуэгукIэщ.

 «XIX лIэщIыгъуэм псэуахэм нэхъ щэджащэу яхэтар цIыхуитIщ: Наполеонрэ Келлер Хеленрэ», - жиIауэ щытащ инджылыз тхакIуэ цIэрыIуэ Твен Марк. Наполеон псоми яцIыху. Ауэ хэт хъуну Келлер Хелен? 
 Мы хъыджэбзым и цIэр къэтщIэным щхьэусыгъуэ хуэхъуар абы теухуа фильмхэрщ. Индием щыщ режиссёр Бхансали Санджай цIыхубзым и гъащIэ гъуэгум дихьэхри, «ФIыцIагъэ е Иужьрей гугъэ» фильмыр 2005 гъэм игъэувауэ щытащ. Инд фильмхэр фIыуэ зылъагъухэм ящIэжын хуейщ «Месть и закон», «Затянувшаяся расплата» теплъэгъуэхэм роль нэхъыщхьэр щызыгъэзэщIа Бачан Амитабх и цIэр. Зи ныбжь хэкIуэта актёрырщ «Иужьрей гугъэм» Мишель и егъэджакIуэу хэтыр. 2013 гъэм Бхансали зэхилъхьа хъыбарыр и лъабжьэу, тырку режиссёр Юджер Угул «Си дуней» тырку фильмыр игъэуващ, езыр егъэджакIуэу щыджэгуу, Саат Берен зи нэ къэмыплъэ хъыджэбзым и ролыр игъэзащIэу. РежиссёритIми я лэжьыгъэр къазэрехъулIам шэч закъуи хэлъкъым, ауэ, къызэрыщIэкIымкIэ, а тIум япэж 1962 гъэм Пенн Артур «Телъыджэ къэзыгъэхъуар» зыфIища и теплъэгъуэри зытеухуар Келлер Хелент. Щыми лъабжьэ яхуэхъуащ езы Хелен итхыжа «Си гъащIэр къызэрекIуэкIар» тхылъыр. 
США-м и Алабамэ штатым хыхьэ Таскамбие щIыпIэм къыщалъхуа хъыджэбз цIыкIур узыншэу дунейм къытехьат икIи куэдкIэ ущыгугъ зэрыхъунур IупщIу, узыншэу зэрыщыта илъэсрэ ныкъуэм псэлъэну зэрыхэтар ягу къинэжащ и адэ-анэм. Ауэ сабийм иджыри фIыуэ яхуэмыгъэхъуж скарлатинэр (тэмакъ уз) къыпкърыхьэри, и щхьэ куцIым е екIуауэ къыщIэкIащ. ЛIэн-къэнэну узым къыIэщIаха хъыджэбз цIыкIум и нэм имылъагъуу, и тхьэкIумэм зэхимыхыу, псэлъэн гугъи щымыIэу къыщIэкIащ. 
Нэ дохутыр цIэрыIуэхэр къилъыхъуэу, зы къэралым икIым адрейм кIуэуэ дэтащ зэманкIэ Хелен и адэр. Зы дохутырым адрейм деж иунэтIырт, ауэ щытыкIэр зыхъуэжын къахэкIыртэкъым. Анэ губзыгъэ зиIэм псори иIэкъэ? И пхъум зэрыдэIэпыкъуфыну Iэмалхэм лъыхъуэ зэпыту щыта Келлер Кэтрин къищIэжащ Диккенс Чарльз итхыжауэ щыта, Бриджмен Лорэ зи цIэ хъыджэбз дэгу-нэфым адрейхэм ещхьу псэууэ зэрызригъэсам теухуа хъыбарыр. Гугъэ зыфIэмыкIуэда цIыхубзым и пхъум егъэджакIуэ къыхуилъыхъуэн щIидзэри, зымылъагъу-зэхэзымых сабийхэм папщIэ къызэIуаха, Перкинс и цIэр зезыхьэ институтым зыпищIащ. Абы щылажьэрт езыми пIалъэкIэ нэм и жанагъыр фIэкIуэду зызыгъэхъужа Салливан Энн. Хелен илъэсих хъурти, илъэс дэкIмэ, сынэкIуэнущ жиIэри, унагъуэр къигъэгугъащ Салливаным. Абдежым щыщIэдзауэ, егъэджакIуэр дунейм ехыжыху, хъыджэбзымрэ абырэ зэпэIэщIэ хъуакъым. 
Зи гугъу тщIа фильмхэм IупщIу уи нэгум къыщIагъэхьэ сабийр егъэджакIуэм и фIыгъэкIэ къызэрыкIа щытыкIэр. Апхуэдизу фIыуэ ялъагъурэ пэт, къыщалъхуа унагъуэм псэущхьэ пэлъытэ щыхъуа сабийр здэщыIэр къащIэн папщIэ, и пщэм уэзджынэ иралъхьауэ, езым IэгукIэ ерыскъыр зыIурипIытIэу апхуэдэт, Iэнэм бгъэтIысынкIи бжэмышх IэщIэплъхьэнкIи Iэмал щымыIэххэу. Адрей цIыхухэм ещхьу зекIуэу, шэнтым тесу шхэуэ, зыми жьэхэмыфыщIыхьу, щIым зытримыдзэу, мыджалэу, баш иIыгъыу къикIухьу ирагъэсэн щIадзэу арат ар и ныбжьыр илъэси 7-м щынэсам. Уи пщIыхьэпIэм къыхэхуэгъуейт абы щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтынуи, зи тхылъхэр бзэ 50-кIэ зэрадзыкIын тхакIуэ къыхэкIынуи. 
ЩытыкIэм зихъуэжын щыщIидзар Хелен егъэджакIуэм и фIыгъэкIэ хьэпшып къэс цIэ зэриIэр къыгурыIуа нэужьщ. ЩIэныгъэм къыхуигъэщIа цIыхум абы хуэкIуэ Iэмал псори пэбубыду щытми, къыпхуэгъэувыIэну къыщIэкIынкъым. Псалъэхэм я цIэхэр и IэпхъуамбэмкIэ итхыу иригъэса нэужь, егъэджакIуэм хъыджэбзыр нэфхэм къагъэщхьэпэ «Брайль и алыфбейм» иригъэджащ. Хелен и тхылъым ущеджэкIэ, ар зытепсэлъыхь тхакIуэхэм, щIыпIэхэм, къэкIыгъэхэм, псэущхьэхэм, щIэныгъэ къудамэхэм, зригъэщIа бзэхэм, зэреджа Iэмалхэм щыгъуазэ ухъуху, гъащIэр пщIэншэу бгъэкIуэдауэ къыпщохъу, апхуэдизкIэ инт мы хъыджэбз мыузыншэм и къэухьри. Езым къыдалъхуа инджылызыбзэм нэмыщI, Келлер франджыбзэри, нэмыцэбзэри, алыджыбзэри, латиныбзэри зригъэщIауэ щытащ. Зэрытха бзэмкIэ къызэджа Гомер и «Илиадэм» щытепсэлъыхькIэ, ар нэгъуэщI дунейм къикIа мелыIычу къыпщохъу, апхуэдизкIэ куууэ зыхещIэ псалъэ гъэбзам и къарури. Адрей цIыхухэр тхылъ къызэрыхуеджэм арэзы имыщIу, Хелен дэтхэнэ тхылъыщIэри Брайль и алыфбеймкIэ тхауэ къилъыхъуэрти, щIиджыкIырт. 1890 гъэм абы къищIащ бзэгумрэ дзэхэмрэ теIэбэурэ, Iэпэрыпсалъэ Iэмал къэзыгупсыса цIыхубз зэрыщыIэр. И егъэджакIуэ Салливан Энн и гъусэу, пщащэр Фуллер Сарэ деж кIуэщ, абы дерс 11 къыIихри, псэлъэкIэ Iэмалым зригъэсащ. «Сыпсалъэу жысIэ щхьэкIэ, си псалъи 100-м щыщу зы къагурыIуэнутэкъым цIыхухэм, - зыкъыщеумыс Келлер и тхылъым. - Ауэ иджы сыщымтэкъым, сызыхуейр жысIэфынут». 
Еджэным къыдэкIуэу, тхэнри Iэпэгъу зыхуищIауэ, абы Iуэтэжхэр зэхилъхьэрт. Твен Марк и ныбжьэгъуу щытауэ жаIэж. ТхакIуэшхуэм и ныбжьэгъу Роджерс Генрищ Хелен Рэдклиф колледжым зэрыщеджэну ахъшэхэр хуезытар. 1904 гъэм Келлер ар къиухащ, щIэныгъэ нэхъыщхьэ зригъэгъуэтарэ бакалавр цIэр зэрихьэу. А илъэс дыдэм ар дэкIуащ социалист партым хэт щIалэ, Гарвардым и егъэджакIуэ Мэйси Джон. Иджыри къэс яфIэтхьэмыщкIэ хъууэ щыта хъыджэбзыр езыхэм къазэрыкIэрымыхум нэмыщI, япэ зэрищам гу лъата нэужь, игу хэзыгъэщIыфынухэм нэхъ хуабжьу псэлъэн щIадзэри, хъыджэбзым зэманкIэ игу зэщагъэуащ. А псом япэIэщIэ зищIын папщIэ, Хелен и егъэджакIуэр щыпсэу къуажэм Iэпхъуэри, «Сэ сыщыпсэу дунейр», «Мывэ блыным и уэрэдыр», «КIыфIыгъэм къыхэIукIыу», «ЛэжьакIуэбэр» тхылъхэр итхащ. 
Хелен къыщIэна архивхэм къэпсэлъэныгъэрэ эссеуэ 475-рэ хэтщ, фIэщхъуныгъэм, нэр хъумэным, Европэм зыщызыубгъу фашизмэм пэщIэтын зэрыхуейм, нэгъуэщI Iуэхугъуэхэм ятеухуауэ. Тхыгъэхэр Брайль и алыфбеймкIэ къищыпырти, иужькIэ езым и машинкэ хэхамкIэ тридзэжырт. 
1968 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м илъэс 88-рэ хъууэ дунейм ехыжащ Келлер Хелен. Алыхьым къыпхуигъэфэща цIыху гъащIэм ухущытын зэрыхуейм и щапхъэ хъуа цIыхубзым и цIэр пщыгъупщэну гугъущ. Лъагъуныгъэмрэ Iуэху тегушхуэкIэмрэ я фIыгъэкIэ, Салливан Эннрэ Келлер Хеленрэ яхузэфIэкIам цIыхум и лъэкIыныгъэм теухуауэ дунейпсо цIыхубэм я гупсысэкIэр яхъуэжащ жыпIэмэ, ущыуэнукъым.

 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: