Дунейм гуапэу тета цIыху

ЩоджэнцIыкIу Iэдэм и тхыгъэхэм я пщIэмрэ я мыхьэнэмрэ зэи кIащхъэ щыхъунукъым ди литературэм. Апхуэдэуи лъэпкъ щэнхабзэм и тхыдэм ар къыхэнащ цIыхугъэшхуэ зыхэлъ лIы щыпкъэу. ЩоджэнцIыкIум и дуней тетыкIам, ар цIыху гъэщIэгъуэну зэрыщытам теухуащ философие щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Эфендиев Сэлихь и тхыгъэр.

«ЩоджэнцIыкIу Iэдэм сэ япэ дыдэу сыщыхуэзар 1958 гъэм и щIымахуэращ. Ар къыщыхъуар Зеикъуэт. Абы щыгъуэ Iуащхьэмахуэ куейм и центру щытащ а къуажэр. Гундэлэн дэт курыт школым завучу сыщылажьэрт. Партым и райкомым нопсэлъыкIхэри къыджаIэ: ЩэнхабзэмкIэ унэм зэIущIэшхуэ щекIуэкIынущи фыкъыдогъэблагъэ. Ар зытеухуар республикэм и тхакIуэхэмрэ тхылъеджэхэмрэ зэрызэхуэзэрат, епщIанэ классым щеджэ цIыкIухэр абы тшэн хуейт. Школым машинэ диIэтэкъым. Лъэсу дыкIуэну арати, нэхъ жьыIуэу дожьэ… Дунейр уает. ПсынщIэу умыкIуэмэ, гъуэгум утепIыщIыхьынути, щIэх дыдэу дынос. КъахуэкIуэну хьэщIэхэм япэплъэу цIыхур пщIантIэм щызэхэтт. ЩIыIэри зыхэдмыщIэу хьэщIэхэм дапэплъэрт – а махуэрат япэ дыдэу усакIуэ, тхакIуэ ди нэкIэ щытлъагъунур. Ар дэркIэ гуфIэгъуэшхуэт.
ХьэщIэхэми куэдрэ дызрагъэжьакъым: зэIущIэм щIидзэным сыхьэт ныкъуэфI иIэу къэсащ ахэр. ТхакIуэ зи щыпэлъагъу ди еджакIуэ цIыкIухэм дуней гуфIэгъуэр яIэу машинэхэм япожажьэ. Гуапэу кърагъэблагъэ Налшык къикIа хьэщIэ лъапIэхэр. ИужькIэ къызэрытцIыхуамкIэ, абыхэм яхэтт Кулиев Къайсын, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, Отаров Керим, Теунэ Хьэчим, Гуртуев Берт, Шортэн Аскэрбий, Щомахуэ Амырхъан сымэ, нэгъуэщIхэри. Сэри си гъусэхэр язогъэцIыху абыхэм.
Дауи, тхакIуэшхуэхэм я гуапэ хъуащ мы щIыIэ махуэм Гундэлэн нэс лъэсу дыкъикIыу дыкъызэрыкIуар. Ар щыхьэт техъуэрт ди егъэджакIуэхэми еджакIуэхэми литературэр, ар зи IэдакъэщIэкI ди тхакIуэхэр фIыуэ зэралъагъум. Иджыпсту хуэдэу сощIэж абдеж Iэдэм щыжиIауэ щытар: «Нобэ фэ къытхуэфщIа пщIэр, япэрауэ, фи щхьэм хуэфщIыжауэ аращ. КъимыдэкIэ, фыкъызыхэкIа лъэпкъхэм я литературэхэр фIыуэ зэрыфлъагъум папщIэ ину берычэт бесын вжызоIэ. Дэри фи щIыхуэ зытедгъэхуэнкъым: фи школым дыныфхуеблэгъэнщи, зэIущIэшхуэ щедгъэкIуэкIынщ. Си гугъэщ си гъусэхэри абы арэзы техъуэну…»
ТхакIуэхэм я псалъэхэр ягъэпэжауэ щытащ: 1959 гъэм и накъыгъэм ди школым щекIуэкIащ тхакIуэхэмрэ къуажэдэсхэмрэ я зэIущIэшхуэ…
1958 гъэм и дыгъэгъазэм згъэзэжынщи, хуабжьу гукъинэжу екIуэкIат а зэIущIэр. ЩэнхабзэмкIэ унэм Iэпэ дэупIэ имыIэу цIыхур щIэзт. Нэрылъагъут: хьэщIэхэмрэ хэгъэрейхэмрэ зэхуэгуапэт. ФэрыщIагъ лъэпкъ хэмылъу, лъэныкъуитIми къахуэщхьэпэн псалъэмакъ екIуэкIырт. ЗэIущIэм и тхьэмадэр партым и райкомым и япэ секретарь Сэхъу Къэрэщейти, зыми и жагъуэ имыщIу, зэхуэсыр лъэныкъуитIымкIи щхьэпэ зэрыхъуным тещIыхьауэ, Iуэхур тэмэму иригъэкIуэкIырт: зыгуэр жызыIэну гукъыдэж зиIэу хъуар къигъэпсалъэрт. ХьэщIэхэр бзищкIэ усэ къригъаджэрт. Я тхэкIэм, я мурадхэм тригъэпсэлъыхьырт.
Я зыIыгъыкIэкIи, я псэлъэкIэкIи, я усэ къеджэкIэкIи зыми дагъуэ хуэпщIыфынтэкъым. Ауэ псом хуэмыдэу а махуэм Iэдэм дэслъэгъуар нобэр къыздэсми сщыгъупщэжыркъым. Ар Iэсэт. Сабырт. ЩIыкIэ дахэ иIэт. Щабэу, гъэхуауэ, акъыл хэлъу псалъэрт. Апхуэдэу щIыщытыр къыщызгурыIуар нэхъ иужькIэщ. КъызэрыщIэкIымкIэ, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм езыри егъэджакIуэу щылэжьащ школми пединститутми. ЖыпIэнурамэ, абы Iурылът сабийми балигъми зэрепсэлъэн бзэ IэфI. Бзэ шэрыуэ. А Iэзагъэр мызэ-мытIэу дэслъэгъуащ сэ нэхъ иужькIи ЩоджэнцIыкIум…
ИужькIэ ЩоджэнцIыкIумрэ сэрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ куэдрэ дызрихьэлIащ. Си гъащIэм зы цIыху гуапэ, гъэса, акъылышхуэрэ щIэныгъэ куурэ зыбгъэдэлъ срихьэлIамэ, Iэдэм етIуанэт. Езыр тэмакъкIыхьу, зэрыжысIащи, сабыру, бзэ дахэ иIэу. Абы зи жагъуэ ищIа щыIэу си фIэщ хъуркъым, апхуэдизкIэ гуапэти, цIыху хэтыкIэ иIэти. МыпхуэдэлIым нэхъыбэрэ сыхуэзарэт жыпIэу узыIэпишэрт. ИкIи абыкIэ Алыхьыр зыхуэупсахэм сащыщт сэри. Дызэрыщыгъуазэщи, зэрытхакIуэ цIэрыIуэм нэмыщI, ар икIи жылагъуэ лэжьакIуэшхуэт. Утыкушхуэхэм ихьэрейт, къыщыпсэлъэрейт. Арат абы щIэх-щIэхыурэ сыщIыхуэзэри. ЩIэныгъэхэм я кандидат сыхъуауэ сэри ди университетым щезгъаджэрт. Нэхъапэм щыгъуэ тхакIуэхэмрэ тхылъеджэхэмрэ нэхъыбэу зэхуэзэу щытащ. ЗэрытщIэжщи, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм куэдрэ лэжьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я союзым и тхьэмадэу. Апхуэдэу щыщыткIэ, абы и пщэм къыдэхуэрт и тхакIуэгъухэр утыкум ишэныр, ахэр цIыхухэм нэхъыфIу къаригъэцIыхуныр. Университетым щылажьэхэми щеджэхэми дэ хуабжьу тфIэфIт ди тхакIуэхэм щIэх-щIэхыурэ дахуэзэныр.
Арати, Iэдэм зэи дыкъигъэщIэхъуртэкъым – и тхакIуэгъухэр и гъусэу къытхуеблагъэрти, зэIущIэ щхьэпэхэр едгъэкIуэкIырт. Апхуэдэу дыщызэхуэзэхэм дежи наIуэ къэхъурт ЩоджэнцIыкIу Iэдэм, зэрыусакIуэ, тхакIуэ пажэм нэмыщIи, зэрыегъэджакIуэ Iэзэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и литературэм, щэнхабзэм теухуауэ абы егъэджакIуэхэмрэ студентхэмрэ яжриIэр узыIэпызышэт. Узытемызашэт. Акъыл къызыхэпхынт. Сэ сщIэм щыгъуазэ фыхуэсщIым и мызакъуэу, сэри фи деж сыщоджэ. СызэвгъэдаIуэхэр къысхуощхьэпэ жиIэут ар къызэрытхэтыр. Абы зыкъыфIэщIыжу, зигъэпагэу зэи плъагъунутэкъым. Удэплъеймэ, ущызымыгъэуэн лIы телъыджэт ар – и Iуэху зехьэкIэмкIи хабзэшхуэ зэрыхэлъымкIи. Мы жысIэхэр псалъэ дыгъэлкъым – Iэдэм дэслъэгъуа цIыхугъэ иным, дуней тетыкIэ дахэм я щапхъэу аращ.
СССР-кIэ дызэджэу щыта къэралыгъуэшхуэр щыщыIам цIыхухэри нэхъ зэкIэлъыкIуэ-зэкIэлъыжэу щытащ. Литературэм, щэнхабзэм я лэжьакIуэхэм декадэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэрагъэпэщырт. Ди тхакIуэхэр, искусствэм пыщIахэр къэралым и республикэхэм, областхэм кIуэрт, дэри къытхуеблагъэрт ди къуэшхэр, ди ныбжьэгъухэр. Мис апхуэдэ зэIущIэшхуэхэм я къызэгъэпэщакIуэ нэхъ жыджэр дыдэхэм, ахэр езыгъэкIуэкIхэм ящыщщ ЩоджэнцIыкIу Iэдэми. Гухэхъуэт абы и псэлъэкIэм, Iуэху зехьэкIэм укIэлъыплъыныр.
НэгъуэщI щIыпIэхэм сыщыхуэзэрейт Iэдэм. Псалъэм папщIэ, абырэ сэрэ куэдрэ дызэдыхэтащ Мамырыгъэр хъумэнымкIэ ди республикэм щыIэ комитетым (унафэщIыр Кулиев Къайсынт). ЩоджэнцIыкIум сригъусэу радиом, телевиденэм дыкъыщыпсалъэрт. Зауэм хэтахэм дахуэзэрт. Апхуэдэхэм дежи сэ сехъуапсэрт Iэдэм псалъэм зэрыхуэIэзэм, цIыху хэтыкIэ дахэ зэриIэм.
Уригъусэн къудейр гуапэт абы - ар уи псэлъэгъуну, зыдэбгъэпсэхуну. Уи щхьэр уэзыгъэужэгъу псэлъэрейхэм ящыщтэкъым ар - иджыри тIэкIу сыбгъэдэсащэрэт, седэIуащэрэт жыпIэу укъыбгъэдэкIыжырт абы. Си фIэщ хъуркъым апхуэдэу зи гугъэу щыIэр си закъуэу. Iэдэм и фэгъухэр гъуэтыгъуафIэкъым. Ар лъэпкъылIт. И дуней тетыкIэкIи, и лэжьыгъэкIи. Шэч къытесхьэркъым, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм хуэдэ цIыху телъыджэхэр нэхъыбэу диIамэ, ди лъэпкъхэм я литературэм, щэнхабзэм нэхъри нэхъыфIыжу заужьыну зэрыщытам. 
Ди лъэпкъхэм куэду къахрекI илъэсищэ IэджэкIэ ящымыгъупщэжын, фIыкIэ ягу къагъэкIыжын, жыпIэнурамэ, ЩоджэнцIыкIу Iэдэм хуэдэлIхэр». 

Тхьэхущынэ Ланэ.
Поделиться: