Щхьэхуимыту жумартхэр«Сыт егъэджакIуэм еттынур?» - а упщIэм зи щхьэр щIезыгъэхьэ адэ-анэхэр зыщыгуфIыкIын унафэ къищтэну и мурадщ Къэрал Думэм. Депутатхэм загъэхьэзыр егъэджакIуэхэм хуащI тыгъэм и мардэр нэхъ лъагэ ящIыну. Зи гугъу тщIы жэрдэмыр япэу къыхэзылъхьар УФ-м и Жылагъуэ палатэм и секретарым и къуэдзэ Гриб Владиславщ. Иджыри къэс къару зиIа унафэм ипкъ иткIэ, егъэджакIуэм сом мини 3 нэхърэ нэхъыбэ зи уасэ тыгъэ хуэпщIыну хабзэм идэртэкъым. Ахъшэр, нэгъуэщI мыхъуми, сом мини 5-м нэгъэсын хуейщ, жиIащ Гриб. ЕгъэджакIуэм нэхъ мащIэ дыдэу удз гъэгъа Iэрамэ е кIэнфет пхъуантэ къыхуэпщэхуну щытмэ, ар иджы сом мини 3-м къыщIэкIыжынукъым. Дауи, къыдыщIигъужырт къулыкъущIэм, ахъшэм и куэдагъым теухуауэ унафэ къэзыщтэн хуейр адэ-анэхэрщ, щхьэж бгъэдэлъ мылъкум теухуауэ. Гриб къыхилъхьам и гугъу щащIым, Къэрал Думэм къыщыпсэлъа депутатхэм я акъыл зэтехуакъым. Тыгъэ уасэр хагъэхъуэныр зымыдахэм язщ Свищев Дмитрий. Ягъэува сом мини 3-м елъэпIэкI тыгъэм егъэджакIуэми абы саугъэт езыта адэ-анэхэми хабзэм и пащхьэ щIиувэн щхьэусыгъуэ къахукъуигъэкIынкIэ шынагъуэщ. «Илъэс къэс я щхьэр якъутэ: сыт егъэджакIуэм тыгъэ хуэтщIынур, жаIэри. Жэуап фызот: сом мини 3. Сом мини 3-р къулыкъущIэхэм я щхьэзыфIэфIагъкIэ ягъэува мардэкъым, абы егъэджакIуэр хабзэншагъэм щехъумэ, нагъыщэфIкIэ къыщыгугъыу, Iулъхьэ къызэрыIихамкIэ ямыгъэкъуэншэн хуэдэу. ХеящIэхэр абы иужь ихьэмэ, ягъэтыншынукъым», - жиIащ Свищевым. Саугъэт хуащIым и мардэр дэгъэкIуеин хуейуэ къелъытэ Новичков Николаи. Ар зэреплъымкIэ, илъэс куэд ипэкIэ (2008 гъэм) ягъэува бжыгъэр нобэрей уасэхэм лъэщIыхьэжыркъым. «Тыгъэм и уасэр сом мини 5-м нэгъэсын зэрыхуейр ядызоIыгъ, сыту жыпIэмэ, иджырей сом мини 3-мкIэ фэ зытет удз гъэгъа Iэрамэ е кIэнфет пхъуантэ цIыкIуитI фIэкIа къыпхуэщэхунукъым». Новичковыр зэрегупсысымкIэ, егъэджакIуэхэми фIыщIэ ящIын хуейщ тыгъэ къызэрыхуащIыр, ар нагъыщэ лъагэкIэ къызэрыщыгугъым кърикIуа щIыхуэу къащымыхъуу. «Изрэ ныкъуэрэ зэрыщIэркъым», - жеIэ псалъэжьым. Иджыри къэс дгъэпсэлъар «изхэращ». «Ныкъуэхэм» я еплъыкIэри гулъытэншэу къэдгъанэ хъуну къыщIэкIынкъым. Хэт абыхэм хиубыдэр? Дауи, лэжьакIуэбэм я нэхъыбэр «ныкъуэщ». Псом хуэмыдэу, улахуэхэм ин дыдэкIэ ущемыджэфыну ди щIыналъэхэм щыпсэухэр. Щхьэусыгъуэ щиIи щимыIи, егъэджакIуэм тыгъэ хуэщIын зэрыхуейм гугъу иригъэхь адэ-анэхэм зэхахыну зыхуейр, дауи, а къалэныр ящхьэщызых унафэт. ЩIэныгъэ зэбгъэгъуэтыныр хабзэм пщIэншэу щигъэувакIэ, еджакIуэм щитIэгъэнумрэ къигъэщхьэпэну тхылъ-тетрадхэмрэ я уасэр ерагъыу зэзыгъэуIуфхэм ар къатемыхьэлъэныр пэжкъым. «ЕгъэджакIуэхэм хуащI тыгъэ» псалъэ зэпхам хогъуащэ а тыгъэр къызрахыну жып псори зэрымыкуур. ЛэжьапIэ Iумыт адэ-ани зэрыщыIэр зыщыдывмыгъэгъупщэ. Хабзэм и бзэкIэ мы Iуэхум зэреджэр «хагъэзыхьурэ къыIэщIагъэкI ахъшэщ» («принудительная благотворительность»). «ГуфIэгъуэ-гузэвэгъуэм щхьэкIэ» фIащми, «къыщалъхуа махуэ» жаIэми, нэмыукIытагъэкIэ зэхуахьэс «ехъуэхъупщIэхэм» ар зрат егъэджакIуэми фэ Iей къытрегъауэ. Тыгъэм щIагъэхъуэпс нэхърэ, а сомыр улахуэм хухагъэхъуамэ, нэхъ къащтэну къыщIэкIынт езыхэми. Шэч хэлъкъым сабийм псэемыблэжу бгъэдэт гъэсакIуэм пщIэи тыгъи зэрыхуэфащэм, ауэ а Iуэхум хэгъэзыхьыныр зэрыхэIэбэу, гуапагъэм и мыхьэнэм зыгуэр кIэроху. УФ-м и Конституцэм (ст. 43) егъэджэныгъэр зэрыпщIэншэр щIэгъэбыдауэ къыхегъэщ. Школым папщIэ ахъшэ къызыIах адэ-анэхэми ящIэ хуэдэу щытщ «псапащIэ ахъшэр» гукъыдэж къабзэкIэ фIэкIа Iахыну зэрыхуимытыр. АрщхьэкIэ я сабийхэм лей къатехьэнкIэ ягъэгузавэурэ, ахэр акъылкIэ къагурыIуэм ирагъэбакъуэ. Зыри хуейкъым адрейхэм закъыхигъэщынуи быдафэ къраплъынуи. Пэжщ, депутатхэм унафэ къызэращтэм сом мини 5 нэхърэ нэхъыбэ къыхамыхыным ущигъэгугъын хуейт. Ауэ «мы Iэлуминыр сэ зэрыслъхьэнукъым» жиIэу, дыщэ Iэлъын къахуэзыдзыжахэм я деж щегъэжьауэ, «гулъытэ къызэрытхуэвмыщIам щхьэкIэ фIыщIэ фхудощI» жызыIэхэм я деж щиухыжу, ди Iэгъуэблагъэм щызэхэтхыр къыдолыж. ГушыIэрей бзаджэ гуэрым зэрыжиIащи: «Уэ напэ узэриIэм ар зимыIэхэр хотхъыкI».
Поделиться:
Читать также:
07.09.2026 - 12:59 →
НОБЭ
27.08.2026 - 10:00 →
Абхъазыбзэ ямыщIэу хуадэнукъым
11.08.2026 - 10:13 →
Уи щхьэ пщIэ хуэщIыж
31.07.2026 - 17:34 →
Хьэлыншагъым и сурэт зэмыфэгъухэр
30.07.2026 - 10:27 →
Ди хъуреягъкIэ щызэхэтххэр
| ||




