Къэдмыгъэсэбэпыж яхэтми, щхьэпэщ«Яхуэмыфащэу лъэныкъуэ едгъэза псалъэхэр» тхылъыр и IэдакъэщIэкIщ УФ-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, КъШР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ цIэ лъапIэр зыфIаща, игъуэ нэмысу дунейм ехыжа Шэрджэс Алий. Аращ къызэрытхыжар и лъабжьэкIэ къэтхьхэри.
КIуабдэ – гъуэрыкIуэм и гупэр здэгъэза лъэныкъуэ.
КIуафIэ – емышу гъуэгуанэшхуэ зэпызычыф цIыху е шы.
КIуэдырыпшынэ – нэхъ пасэIуэу къуажэ Iэхъуэхэм дащIу щыта зэгурыIуэныгъэ-хъушэм хэкIуэдыкIыр езы Iэхъуэм ипшыныжыну е кIуэдар мыинмэ, IэхъупщIэу иритын хуеям а кIуэдар пэувыжу.
КIуэкIуал – шылэ хьэпIацIэм зришэкIыж и Iуданэ унэращ.
КIуэрдэкIуашэ – хэти хуэIумпIафIэ, зи щхьэ гупсысэшхуэ имылъ цIыху.
КIуэхъу – лъэбакъуэшхуэ зычурэ зекIуэ.
КIумыл – сырэ (дэлъхьэпIэ) лIэужьыгъуэ.
КIупIинэ – нартыху хупцIынэм хэгъэва джэдыкIэ.
КIуршоку – сабийм бадзэ е дыгъэ емыгуэуэн папщIэ, гущащхьэм трапхъуэ щэкI пIащIэ е хъар.
Къадзыгъуэ – хьэдзыгъуанэ.
Къаис – Мэздэгу адыгэхэр апхуэдэу йоджэ хуэрэджэм (абрикос).
Къакъыш – шы-Iэщ лъэбжьанэ пыкIыкIа.
Къалэ щхьэгуэжь – быдапIэ.
Къалъэн – Iэщ дзэжэналъэм къыхащIыкIа къупщхьэ сэ, щIэп щатхъкIэ къагъэсэбэпу.
Къалътын – кхъуэ пIащэм и дзэ.
Къалъху и лъхуж – лъэпкъ, щIэблэ.
Къамэ хэтIэ – адыгэ нысашэм хэта хабзэ. Нысэр къэзышэ гупыр куэбжэм къэсыжмэ, япежьахэм ящыщ щIалэ и къамэр куэбжэ дыхьэпIэм деж хисэрти, къыдыхьэпщIэ къаIихырт: махъсымэбжьэ, джэд гъэва, хьэлывэ-лэкъум хуэдэхэр.
Къамылфо – къамылым къыхах фошыгъур щагъавэкIэ къыщIэнэрщ.
Къамылшу - шым и узыфэ, и лъащхьэр къыдэкIыу.
КъангъэпIий – хьэднрабгъуэм и цIэ лей.
КъанжэуапIэ - тхыIупщIэхэм я лъабжьэ дыдэ кIэмыщтыкъым (кобчик) екIуалIэр.
Къантэло – адыгэ щтауч фоч.
КъанцIу – зику гъуанэ къэкIыгъэхэм къыхах макъамэ Iэмэпсымэ, епщэурэ макъ ирагъэщIу.
Къарэбэ – шы къарэ (фIыцIафэ) куэд.
Къарэдае – пасэрей адыгэ щтауч фоч.
Къарэжьэу – бзу псэущхьэшх (сарыч обыкновенный, канюк).
Къарэкъуэлэн – Африкэм щыIэ псэущхьэ, шы лIэужьыгъуэхэм яхыхьэ, зи фэм, къехыу, кусэхэр зыхэлъ (зебрэ).
Къаргъэжьей – жьец (кобчик).
Къармыху – гъавапхъэ-Iусыпхъэ къызыпыкIэ жыхъапхъэ.
Къарс – I) Каспий хым япэм зэреджэу щытахэм ящыщ зыщ; 2) Тыркум и къуэкIыпIэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ къалэ.
КъарукIэгъу – махэуз (къарууншэ, Iэпкълъэпкъ езэша).
Къащ – I) жор (крест); 2) джэрш лъэпкъыгъуэхэм ящыщ.
КъащIэ – арыхъ щыджэгукIэ, абы зэреуэ баш.
Къэбакъ – I) вакIуэихьэж тхьэлъэIум хэт пычыгъуэ, гум ирагъэува къуракъым псэущхьэ, Iэмэпсымэ сурэтхэм ещхьу фIащIыхьахэм, гур зэрыкIуэм хуэдэу шабзэкIи фочкIи нэщанэ еуэу, зи сурэт къыпиудыр къыпызудам ирату; 2) – щхьэгъубжэ IупIэ (щIыбымкIэ).
Къэбан – адыгэш лъэпкъ, илъэсищэ зауэжьым хэкIуэдащ.
Къэбаскъ – беслъэнейхэри кIахэ адыгэхэри къэбыстэм зэреджэ.
КъэбэвытIэн – къэкIыгъэр бэву къызэдэкIын.
Къэбэкъауэ – шIы къачэ, мафIэпс къызэрыж.
Къэбэрдын – кIэным и алъшым къыпэщыт нэхъ быркъуэшыркъуэ къызэромыхьэхунымкIэ, ущриджэгукIэ, увын.
Къэбгын; къэб IупщIэ – къэбым къыхащIыкIыу щыта шхыныгъуэ куэдым (зэрыжаIэжымкIэ тIощIым щIигъут) ящыщ зыщ.
Къэбгъажэ – япэм къэбым чы пхрагъэжырти, кърагъэжыхьурэ сабийхэр ирагъэджэгурт.
Къэбдэгу – и пкъыр плIимафэу, тIууэ зэгуэт къэб лIэужьыгъуэ.
КъэбтIыпI; къэб шыпс – еплъ къэбгын.
КъэбцIацIэ – фэлъыркъэб (псы, шху хуэдэхэр ирагъахъуэу).
Къэбызджэн – псэ зэрыхэтыр къыуигъащIэу тIэкIу къэхъеин.
Къэбыстэшх – къэбыстэ тхьэмпэхэр зышх хьэндрабгъуэ хужь цIыкIу.
Къэвэбжэ: къавэбжэр зэIухын – псэлъэреин.
Къэгугъэгугъэ – жыгхэм къэтIэпIыну зыщагъэхьэзыр зэман.
Къэгъэхъэрджэн - къэгъэхьэрычэтын.
Къэдабэщиху – зи тхьэмпэхэр хужьыфэ щиху лIэужьыгъуэ.
Къэдэхь – дзыдзэхэм ящыщ (хорёк).
Къэжыхь – зы щIалэрэ зы пщащэрэ зэдащI адыгэ къафэ псынщIэ.
Къэзан сабын – Къэзан къраш сабын.
Къэзджэн – къэскIэн, къэщтэн.
Къэдэтамэ – зэпщ-зэгъажьэ щIакхъуэ пIащIэ.
Къэнат – адыгэш лъэпкъ, илъэсищэ зауэжьым зэдихьащ.
Къэпщыкъей – гъуэгу зэхэкъута, бгынэжа.
Къэрабгъэ джанэ – лIыгъэншэу зыкъэзыгъэлъэгъуам щатIагъэу щыта джанэ, жыжьэу къаплъэм къызэрицIыхуным хуэдэу, къуэлэну щIауэ.
Къэрмакъ – адыгэ бзылъхугъэм дыжьыным къыхэщIыкIауэ зыIуилъхьэу щыта бгъэIулъхьэм и щIыIу зэфIэдзам и щхьэр зыфIагъанэрщ.
Къэрмэн – дыкъуэнагъ лъэпкъым щыщ жыг (вязь, ильм).
Къэсракъ – шыхэм я кIэр зэрыпаупщI Iэмалхэм яз.
Къэущкъулын – гъатхэм щIым удз щхъуантIэр къытрикIутэн.
Къэшхыхь – хъэуан IэфI дыдэ.
Къэякъ – кхъуафэжьей.
Къей – бгы, къыр екIуэлIэгъуей.
КъекIауэ – бдзэкъунтхым фIэлъ пхъэмыф
Къелы – къабыл, фIэкъелын-фIэкъабылын, арэзы техъуэн.
Къиикъ – шабзэкъум ещхьу къэгъэша.
Къиякъ – бгъэшхуэ лъэпкъ.
Къыдырыгу – жыгым гъуэ пызыщIыхь тхьэрыкъуэ цIыкIу (горлинка).
Къылыкъ – акъыл, щхьэм къитIасэу хуэгъэвыр.
Къылыш – хьэ е нартыху хьэжыгъэм къыхащIыкI хьэтыкъ лIэужьыгъуэ, дэпкIэ гъэжьауэ.
КъынскIэ – мэз мэракIуэхэм ящыщ.
Къыргъ (Тэрч) – псы здэщымыIэ щIыпIэ гъущэ.
Къыркъ – къурмакъейм къыхэпIиикI къыщт (кадык).
Къыркъыр – I) кхъуэщын щхьэ зэв, абы псы къыщрагъэжкIэ ищI макъым къытекIащ зэреджэр.
Къырыкъ – пкъы зыщIэт щэкI.
Къыщ – къазхэр зэрагъащтэ псалъэ.
Къыутан – хьэтхэмрэ фирхьэунхэмрэ я зэманым щыIа зауэгу, шитI-щы щIэщIауэ, шэрхъитI щIэту, уэрдыхъу ныкъуэ лъагэ ипэмкIэ къыIущIыхьауэ.
Поделиться:
Читать также:
12.10.2026 - 15:57 →
«Сыщытхэм, дамэ стетым хуэдэт...»
12.10.2026 - 14:26 →
«Нанэ и бзэ, дадэ и бзэ» тхылъыр зытха бзылъхугъэр
07.10.2026 - 17:00 →
Гюлибик
29.09.2026 - 15:00 →
Бгырысхэм я джакIуэ
28.09.2026 - 17:00 →
Хьэ-сыхьэт
| ||




