Хуитыныгъэр ищIауэ псэгъу

Мы гъащIэм зы Iэбжьыбщ сэ схуримыкъур
Махуэдзэхэм ява си уафэм щыщу,
IупщIакIэхэр нэхупсымкIэ илыгъуэу
Си дыгъэ гъадэщIыдэм лъагъуэу пищэу.
Мы гъащIэм зы уэрэдщ сызыхущыщIэр
Зэгуэрыми тхьэкIумэм къимыIуауэ;
Жьыбгъищэм псыхъуэ зэвурэ яфыщIырщ,
Унащхьэм псалъэу уэшх къысхуепсэпсауэрщ,
ЩIымахуэ уэс, хьэжыгъэу зэпылъэлъырщ,
Гъатхэпсрэ нэ къиж уэму лъэгум къанэрщ,
Гъэмахуэм и Iэужь си гущIэм щIэлъырщ,
Си бжьыхьэм схуигъэгъагъэ джэдхъурсанэщ…
ЦIыхухъум зигъэлъагъуэкъым гъаблэгуу,
АтIэ, си натIэм иратхам сыкъоджэ:
Зы гъащIэщ схуримыкъур гъащIэм уэгум,
Арауи къыщIэкIынщ сыщIэлIэгъуэджэр. («Уафэ Iэбжьыб»)
Шэрджэс усыгъэм мы зэманым нэхъ жыджэру хэтхэм ящыщ зыщ мы къэтхьа усэр зи IэдакъэщIэкI Бемырзэ Зураб. Абы итххэр гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым хуэунэтIащ, Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэщIаубыдэ. Абыхэм уащрохьэлIэ гъащIэм ехьэлIауэ гупсысэ куу зыхэлъхэми, лъагъуныгъэ къабзэм теухуахэми, дыкъэзыухъуреихь дунейм и дахагъэхэр къызыхэщхэми. Къэрэшей-Шэрджэсым и Хьэбэз районым хыхьэ Али-Бердыкъуэ къуажэм къыщыхъуа Зураб нэхъыбэу усэ итхыу къыщIидзами, иужьрей зэманым прозэми уеблэмэ драматургиеми зритащ.
«СызэреплъымкIэ, усыгъэр зэи кIуэдынукъым, сыт щыгъуи абы къару иIэнущ. Ауэ, гупсысэ куу гуэрхэр, псалъэм папщIэ, лъэпкъым и къекIуэкIыкIам, и псэм дигъэхуэфахэм ехьэлIауэ къыщыпIуатэкIэ, усыгъэм и къарур абы хурикъуркъым, уи гур зыхуэпхъэрыр нэгъэса щыхъуркъым. Абы щхьэкIэ прозэм сыхыхьащи, тIури зэрызэдэсхьыным иужь ситщ», - къыщызжиIат абы зы интервьюм. 
Абы гъуазэ хуэхъуар и адэ Бемырзэ Мухьэдин и IэдакъэщIэкIхэрщ, жытIэмэ, дыщыуэну къыщIэкIынкъым. «Псалъэм и къарур абы еджэ дэтхэнэми и гум нигъэсыфу ищIынрагъэнущ усыгъэр къызыхуигъэщIар. Си адэм и къалэмыпэм къыщIэкIат мыпхуэдэ сатырхэр: «Стхыфынут сэри махуэм и зы усэ, ауэ сыщоукIытэ и къабзагъэм», - жиIэу. Абы сегупсысурэ, иужьрейхэм ди адэм и Iэдакъэ къыщIэкIахэм сыхоплъэжри, и псэм щыщ Iыхьэ гуэр химылъхьауэ е пэжагъ къыщызмыгъуэту зыри срихьэлIэркъым», - дыщIигъуащ абы.
Бемырзэм адыгэбзэкIи урысыбзэкIи Iуэхугъуэ щхьэхуэ-щхьэхуэхэм теухуауэ матхэ. Ахэр нэхъыбэу цIыхум и хьэл-щэнхэм, гухэлъхэм хуэгъэзащ, лъэпкъым, Хэкум ятеухуащ. КъыхэгъэщхьэхукIауэ абыхэм фIэкIа темытхыхьу аракъым, атIэ адыгэбзэкIэ щыусэм деж ахэр нэхъ къыпкърыкIми ярейщ. Урысыбзэм зыщыхуигъазэр дунейм и зэхэлъыкIэр, цIыхухэм я зэхущытыкIэхэр е къэралым, властым я Iуэху къиIуэтэну щыхуежьэрщ. ЦIыхур дунейм щытеткIэ псоми мыхьэнэ ириту щытын хуейщ. Зураб гулъытэ зыхуэщIыпхъэ къызэримыгъэнэным хущIокъу. 
Псалъэм папщIэ, абы и «Жылэшх» тхыгъэр зытепсэлъыхьыр Урыс-Кавказ зауэм и зэманым Псыжь лъэныкъуэкIэ щекIуэкIа Iуэхугъуэхэрщ, Къарэмырзэ и жылэр «зэрашхарщ». Хьэгъундыкъуейр хьэжрэт къуажэщ. КъэбэрдеймкIэ икIыурэ, кIахэ, беслъэней адыгэхэми къахэкIыурэ абы куэд дэтIысхьауэ щытащ. Ари фIэгъэщIэгъуэнти, Бемырзэм и къуажэм и тхыдэм лэжьыгъэ щхьэхуэ триухуащ. Урыс-Кавказ зауэм и пэщIэдзэм Iэбэжри, жылэр къызэрежьар, абы къикIуа гъуэгуанэхэр къитIэщIащ. Къуажэм дэса лъэпкъхэм, цIыху щхьэхуэхэм я гъащIэ тхыдэр абы къыхощ, къэмыгупсысауэ, зэрыщытам хуэдэ дыдэу. Художественнэ тхыгъэ щыхъукIэ, дауи, зыгуэрхэри гъэщIэрэщIауэ тхыгъэм къыхигъэхьэнкIэ мэхъу, ауэ апхуэдэ цIыхухэр зэрыщыIар, яку дэлъа зэхущытыкIэхэр, зэрахьа цIэхэмрэ унэцIэхэмрэ наIуэ къэщIыным мыхьэнэшхуэ, дауи, иIэщ. 
Зураб и усыгъэм нэхъ куууэ пхыплъу зэпкърызыха, филологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат Хэжь Ленэ етх: «Бемырзэм и усэхэм бжьыпэр щызыIыгъыр хэку лъагъуныгъэрщ, лъэпкъым и тхыдэми, и нобэми усакIуэр къуэпс быдэкIэ зэрыпыщIар къызыпкърыщ гупсысэхэрщ. ЖытIам и щапхъэу къэбгъэлъагъуэ хъунущ «Ди псыхъуэр сыту кIагъуэ, щэху…» усэр. Абы и пэщIэдзэм деж усакIуэм дунейм и дахагъымрэ и лъахэм хуиIэ гухэлъ къабзэмрэ зэгуэхыпIэ имыIэу зэхэухуэнауэ къыщегъэлъагъуэ: 
Ди псыхъуэр сыту кIагъуэ, щэху… 
Хоплъызэр дзэлхэр псыежэхым. 
Къохыжри уафэм вагъуэ шэху, 
Зы лъагъуэ закъуэ кърешэхыр.
АдэкIэ усакIуэм къегъэщI хэкум и образ лъэщ, абы папщIэ щапхъэу къихьыр езыр щалъхуа, и сабиигъуэр щигъэкIуа щIыпIэрщ – Инжыдж псыхъуэрщ. И хэкум хуиIэ фIылъагъуныгъэр Бемырзэм зэIухауэ, мыхьэнэ зэхьэкIаи имыIэу, бзыщIаи хэмылъу, и усэм щегъэлъапIэ: 
Сыхуейкъым зыкIи сэ жэнэт, 
Ахърэту щыIэм я дахагъэм. 
Зы Инжыджыпс Iэбжьыб къызэт, 
Си псыхъуэм сыпызыщIэ уагъэу. 
Художественнэ къару лъэщкIэ псыхьащ Бемырзэм и лъагъуныгъэ лирикэри. Гухэлъым цIыху гъащIэм мыхьэнэуэ щиIэр усакIуэм и IэдакъэщIэкI куэдым куууэ къыщыIуэтащ. Абыхэм ящыщщ «Жейрысэ» зыфIища усэр: 
НапIэхэр зэ къебгъэлIыхмэ, 
Псалъэм уи Iупэр зэтрихмэ, 
ЩIым щIидзэжынщ кIэрэхъуэн. 
Темэхэм уахэплъэрэ, сыт нэхъ къызэрымыкIуэу Бемырзэ-нэхъыщIэм къехъулIэр жыпIэмэ, ар урысыбзэкIэ «граждан лирикэ» зыфIащ «къамэ къихыкIэращ». Зураб и усэхэр хэкулI усэ къудейкъым, хъулъхугъэ усэщ, и лъэпкъым и гукъеуэхэр, езым и псалъэкIэ жыпIэмэ, «лъынтхуэрыкIуэу» щызыхищIэу. Лъэпкъращ абы зыхужиIэр: 
Инжыдж псыхъуэм дохьэж хьэжрэту 
Хуитыныгъэр ищIауэ псэгъу. 
Дыгъужьыдзэу, пшагъуэкIэм хэту 
Тхыдэ къупщхьэм инату йогъу. 
Абы адыгэм и гукъеуэхэр къиIуатэ къудейкъым, пкърытщ, дэтхэнэ усэми фIыхыхьэу. Адэр, лъэпкъыр, къуажэр, хэкур зищIысыр, цIыхур уафэм къехуэха мывэ хъурейуэ зэрыщымытыр, езым ипэрэ иужькIэ ит чырэм къызэрыхэмыкIыфынур, ар узэбакъуэ мыхъун гуэру зэрыщытыр Зураб и IэдакъэщIэкI куэдым къыщыхегъэщ».

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: