Мэзым щIэсхэм я зэхуэсИджыблагъэ дунейм къытехьащ ШэрIужь Аслъэн «Адэжь лъахэм узышэж гъуэгуанэ» зыфIища тхылъыр. Абы ит тхыгъэхэм ящыщщ «Мэзым щIэсхэм я зэхуэс»-р, мэз псэущхьэхэм я зыщIыкIэр къигъэлъагъуэкIэрэ, цIыхухэм я хьэл-щэн зэхуэмыдэхэр нэIурыт зыщыщIар. Дыкъевгъаджэ. ГЪУЭТ Синэ. Мэзыпщ пщацэжыр бэшэчыжьми, Уз бзаджэ гуэр къыпкъырыхьат. Iэмал зэриIэкIэ зиIыгъми, Нэхъыбэм абы гу лъатат. Кхъуэныжьыр Iуащхьэм дэкIуеяуэ, Ар жьакIуэу псалъэу и гугъэжу, Псэущхьэу хъуам захуигъэзауэ, Аслъэн игъэпудыну хэтщ. ЩеIуэжыр: зэман куэд дэкIауэ Ди мэзым хабзэ щIэмылъыж, Аслъэн и гъусэхэр щыкIауэ, И жыIэм зыри щIэмытыж. - Щыгъэт мы жыпIэр къемызэгъщ, А жыпIэм пэжу зы хэмылъ, ЗыгуэркIэ хабзэм темытыжыр, Уэращи, зэ уимыхъу, уимылъ. Пыхусыху къэхъуауэ ди тхьэмадэр ЗэкIэлъхьэпыту тIэу къепсам, Абы жиIам зыгуэр текIыну Зэман мы зэкIэ къэмыса. Апхуэдэу къызыщыхъу къыфхэтмэ, Тэмэму фымыгупсыса, - Ар жиIэу мыщэр къыщыпсалъэм, Тегушхуэщ бжэнри, дыщIигъуащ: - Сымаджэ гугъур зэхэсхати, Шэ тIэкIу хуесхьэкIри сыщIыхьат. Лажьэшхуэ иIэу зи щIыхь иным, Фи фIэщ фщIы, гу сэ лъызмыта, - Ар жиIэу бжэным къыщыхидзэм, Дыгъужьыр абы пэрыуащ: - Бжэн хабзэм тету дэ дыпсэууэ МызэкIэ дэ дыкъэмыса, Бжэн псалъэр е нэхъ пэж тщыхъуну ЗэфIэкI зыгуэр бдэдмылъэгъуа. - Зэ фымыпIащIэ, - жеIэ мыщэм, - Бжэн псалъэр уэ Iурумыгуэж, Дэтхэнэ зыри дызэхуэдэу, ЖытIау щытахэр фщогъупщэж. Демократ хабзэм дебэкъуэну Дэ хуиту зыри къытхэмыт, Iэ IэткIэ къыхэтха унафэр, Фкъутэну фэри фыхуимыт. Аслъэн зыгуэркIэ лъэмыкIыжмэ, И Iуэху зытет къыджиIэфынщ, Унафэ ди щхьэ хуэдмыщIыжмэ, Гъунэгъухэм деж дыщыпудынщ. Зыгуэр пидзын и гугъэу щхъуэжьыр ЗыIурыбзаеу къэтэджат, Ауэ, и кIапэм зэуэ къекъури, Ар бажэм зэтригъэувыIащ. - КъарукIэ упэщIэувыныр, Уэ лъэбыцэжьым щхьэгъэпцIэжщ. Си жыIэм уэ къедаIуэ зэкIи, Утыку уимыхьэу, зыущэхуж. Демократ хабзэм тету, сыткIи Мы Iуэхур зэ егъэубзыху, Абы иужькIэ дзыхь къысхуэщIи, Плъагъунщ уэ и кIэр зэриух… Пщацэжьыр тIэкIу ебыкъешыкъми, Къулыкъум зэкIэ тырырет, Уеблэм, пIэхэнэ хъуауэ хэлъми, Унафэр зэкIэ IэщIрелъ. Гъэмахуэр ауэрэ икIынщи, Бжьыхьэ уэтIпсытIым къыщIидзэнщ, ЩIыпIэ нэхъ хуабэхэр къалъыхъуэу, Къуалэбзу цIыкIухэр лъэтэжынщ. ЩIымахуэ щIыIэри къэсынщи, Мыщэр жеину гъуэлъыжынщ. Абдеж къэнахэм я унафэр Нэхъ тыншу уэрэ сэрэ тщIынщ. Кхъуэныжьым псынщIэу и къэвэбжэр Зэ ущIэкIием зэхуищIынщ, ДэмыкIуеину фIэкI къэвапIэм, Зы къулыкъу гуэр къыхуэбгъуэтынщ. Мэзыпщым зэ и хэхыныгъэр ЗэфIэкIмэ, уегупсысыжынщ, Кхъуэныжьыр лейуэ къыпщыхъужмэ, НэгъуэщIкIэ ар зэбдзэкIыжынщ. Номинхэм жеIи, хуитыныгъэу Зыхуейм хуэдизи яхуэгуэш. Абы яшхыну пхъэщхьэмыщхьэр Зэрыхуейм хуэдэу ирагуэш. Мес, хьэIуцыдз Iужажэ Iэджи, Уэ уощIэ, мы ди мэзым щIэсщ, Ахэр езым уэ уи лъэпкъэгъущи, Къыппэмыуву я пIэ исщ… Мэз бжэн, щыхь, бланэ, уашхэ, хыв… Псэущхьэ мащIэ мэзым щIэс! Я бжыгъэр нэсу ахэм вагъуэм, ЗэрыхъукIэ, псори иребагъуэ. ПхуащIынщ абыхэм сытым дежи, Ди пащтыхь лъапIэ, уэ тхьэтыхь. Уэ уиIэ закъуэм гукъыдэжыр, АбыкIэ уэ гуэныхь къомыхь. Къэнэжа тIэкIур, зэрыжаIэу: Мэз джэд, псыхэуэ, къаз, бабыщ… Куэд мыхъуми, сэри къызэптынщи, Дызыхуэныкъуи щымыIэжу, Дытхъэжу тIури дыпсэунщ. - Уи нэгум къищу уи бзаджагъэр, Ди тхьэшхуэм уэ укъигъэщIат. Пхэлъыну апхуэдиз хьилагъэ ИтIани сэ си мыгугъат. Бажэм и жыIэм едэIуэну Игу быдэу щхъуэжьым ирилъхьат, КъарукIэ къапэувыфыни ЩымыIэ хуэдэу къилъытат. Ауэ а тIур зыпэмыплъауэ Iуэхугъуэ гуэри къыкъуэкIащ: Аслъэным и къуэр щагъэсэну ЗдигъэкIуа щIыпIэм къикIыжащ...
Поделиться:
Читать также:
12.10.2026 - 15:57 →
«Сыщытхэм, дамэ стетым хуэдэт...»
12.10.2026 - 14:26 →
«Нанэ и бзэ, дадэ и бзэ» тхылъыр зытха бзылъхугъэр
07.10.2026 - 17:00 →
Гюлибик
29.09.2026 - 15:00 →
Бгырысхэм я джакIуэ
28.09.2026 - 17:00 →
Хьэ-сыхьэт
| ||




