Бзу анэм и уэрэд

Сабийхэм папщIэ япэ адыгэ мюзиклыр КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэхэу Къул Амиррэ Вындыжь Мариерэ зэдатхащ. Псалъэхэр Марие итхащ, макъамэр Амир щIигъэуващ. Уэрэдым и псалъэхэр, нотэхэр, сурэт щхъуэкIэплъыкIэхэр щызэгъэкIуа сабий тхылъыр Творческэ гупсысэхэр дэIыгъынымкIэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ фондым и сэбэпкIэ къыдагъэкIащ. «Бзу анэм и уэрэд» фIащащ мюзиклым. 
Бзу анэмрэ бзу адэмрэ я шырым уэрэд цIыкIу хузэхалъхьащ. Ар зэдежьууэ езыхэми я шырми жаIэурэ бзу цIыкIур IэфIу мэжеиж. АрщхьэкIэ бзу уэрэдыр къуаргъыжь гуэрым къидыгъуащи, бзу шырыр жейм езэгъыжыркъым. Бзу адэм макъамэ Iэмэпсымэр къуаргъым къытрихыжащ. Мэзым бзууэ щIэсым ар къагъэгугъащ а уэрэд дахэр къуаргъым ирагъэщIэну, гуапагъэм хуаущиину. «Бзухэр псори дызэкъуэшщ, дызэкъуэтщ» - гурагъаIуэ абы. Мыращ мюзиклым и гупсысэр, ар кIэщIу къэпIуатэмэ. 
- Бзухэм я образымкIэ мюзиклым къызэрыщыдгъэлъэгъуащи, пцIы умыупсу, умыдыгъуэу, умыфыгъуэу псэ хьэлэлкIэ дунейм утетмэ, ныбжьэгъу куэд уиIэнущ, уи гъащIэри нэхъ гъэщIэгъуэну, нэхъ дахэу щытынущ. Ныбжьэгъу куэд уиIэныр – ар къулеягъэщ, зэкъуэтыныгъэр – ар лъэщагъщ. Дэ дыхуейщ апхуэдэу ди ныбжьыщIэ цIыкIухэр фытлъагъуну!» - щатх тхылъыр зи IэдакъэщIэкIхэм щIэджыкIакIуэхэм зэрызыхуагъазэ «Ди ныбжьэгъу цIыкIухэ!» жыхуиIэ Iыхьэм. 
Тхылъ цIыкIум макъамэ нэжэгужэр щIэзыгъэува Къул Амир Зэрэгъыж къуажэм къыщалъхуащ. Ар уэрэдусщ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. Курыт еджапIэм щIэсу макъамэ тхыным дихьэхауэ щытащ. Налшык макъамэ училищэр къыщиухащ, Санкт-Петербург ЩэнхабзэмкIэ и академием ехъулIэныгъэ иIэу щеджащ. Къул Амир уэрэдым и театр «АмикС» гупым и унафэщIщ. Балигъхэми сабийхэми яхуитха уэрэдхэм удэзымыхьэх яхэткъым. «Жьыбгъэм и сурэтхэр» сабий балетым, «Шырэ» телефильмым макъамэ щIэзыгъэувар Амирщ. 
Япэ сабий адыгэ мюзиклым и псалъэхэр зытха Вындыжь Марие Сэрмакъ къуажэм къыщалъхуащ. УсакIуэ-уэрэдусщ, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэщ. Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым филологиемкIэ и къудамэр къиухащ. 1970 гъэм «МакъыщIэхэр» жыхуиIэ республикэ зэпеуэм япэ увыпIэ къыщихьауэ щытащ. Марием и япэ тхылъым, «Сабиигъуэ гъуэгу» зыфIищам, цIыкIухэм яхуэгъэзауэ итха усэ (иужькIэ уэрэд хъуауэ) 56-рэ щызэхуэхьэсащ. 

 

НАФIЭДЗ Данэ.
Поделиться: