Художник Трындык Василий СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм, Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэм, и фондым тыгъэ хуищIащ КъБАССР-м щIыхь зиIэ и художник, республикэм мы IэщIагъэм хуеджа и япэ профессиональнэ сурэтыщIхэм ящыщ, и адэ Трындык Николай къыщIэна лэжьыгъэ 24-рэ.
50 - 70 гъэхэм художникым и Iэдакъэ къыщIэкIа сурэтхэм къыщыгъэлъэгъуэжащ щIыуэпсым и теплъэгъуэхэмрэ натюрмортхэмрэ. Ахэр Совет Союзыр зэрыкъутэжрэ утыку къызэрырамыхьам къыхэкIыу куэдым ялъэгъуакъым. Трындык Николай дунейм ехыжа нэужь, и адэм и лэжьыгъэхэр щихъумащ и къуэ Василий Санкт-Петербург щиIэ фэтэрым. Сурэтхэр тынш ды-дэу, уасэфIи къапэкIуэу абы хуэщэну щытами, мурад ищIащ и адэм зыхилъхьэ щымыIэу фIы-уэ илъагъуу, и сурэтхэр зытриухуэу щыта Къэбэрдей-Балъкъэрым къытхуигъэнэну.
Музейм и унафэщIхэм дыкъагъэгугъэ Налшык щыпсэухэмрэ ди хьэщIэхэмрэ папщIэ а сурэтхэм я гъэлъэгъуэныгъэ етIанэгъэ къызэрагъэпэщыну. Абы и фIыгъэкIэ къалэдэсхэм Iэмал яIэнущ XX лIэщIыгъуэм икухэмрэ и етIуа-нэ лъэхъэнэмрэ Налшык иIа теплъэм зыщагъэгъуэзэну, зэрызихъуэжам кIэлъыплъыну.
Трындык Василий лэжьыгъэхэм къыщыгъэлъэгъуэжахэм щхьэхуэу я гугъу ищIащ. Къапщтэмэ, 1959 гъэм и адэм ищIа «Отдых под весенним солнцем» сурэтым щыболъагъу 1961 гъэм мэлыжьыхьым и 29-м къызэIуаха, Налшык и архитектор нэхъыщхьэу 1957 - 1968 гъэхэм щыта Мосулишвили Гамлет и проектымкIэ ящIа, тIысыпIэ 800 зиIэ «Эльбрус» шхапIэр зэраухуэр. 1972 гъэм Николай ищIа «Осенние хлопоты» сурэтым къыщигъэлъэгъуащ Василий и анэшхуэр. Абы зэрыжиIэжымкIэ, анэ етIуанэ хуэхъуа, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэхэр зи гъусэу игъэкIуа анэшхуэр игу къызэринэжам хуэдэ дыдэу лэжьыгъэми къощ. Щыгъупщакъым и анэшхуэм хьитIрэ джэдуитIрэ иIэу, джэдхэр, тхьэкIумэкIыхьхэр игъэхъуу, пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ хадэхэкIхэмрэ щигъэкI хадэшхуэ зэрихьэу, фIэIугъэхэр ищIу зэрыщытар. 1974 гъэм Николай и Iэдакъэ къыщIэкIа, «Строится дом в Нальчике» сурэтымкIэ иджы Налшык къыпхуэмыцIыхужынкIэ зэрыхъунур Василий ибзыщIыркъым. Абы къыщыгъэлъэгъуэжащ нэхъапэIуэкIэ Советскэу щыта, иджы КIыщокъуэ Алим и цIэр зезыхьэ, езыхэр щыпсэуа уэрамым асфальт зэрытемылъыр, апхуэдэ унэхэри иджы зэрамыухуэжыр.
Трындык Николай Украинэм къыщалъхуащ, Донбассым щыпсэуащ, щылэжьащ. 1934 гъэм щIэтIысхьащ Луганск и художественнэ училищэм. Зэгуэр, гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым зыплъыхьакIуэ къакIуэри, ди щIыналъэм и дахагъэм итхьэкъуати, 1938 гъэм Налшык къытригъазэри абы щыщIэдзауэ ди къалэм епха хъуащ и гъащIэри и гуащIэри. Ар Къэбэрдей-Балъкъэрым и сурэтыщI гъуазджэр зэфIэзыгъэувахэм, абы зезыгъэужьахэм ящыщ зы хъуащ, сурэтыщI ныбжьыщIэхэр игъэсащ. 1939 гъэм Николай яхэтащ КъБАССР-м и Художникхэм я зэгухьэныгъэм и бюро къызэзыгъэпэщахэм. А илъэс дыдэм абы япэу утыку щигъэлъэгъуащ и сурэт 20-м щIигъу. «Социалистическая Кабардино-Балкария» газетым и художественнэ къудамэм 1941 гъэм щыщIэдзауэ и унафэщIу икIи къыхуеджэныгъэхэр, плакатхэр игъэхьэзыру щытащ.
Николай 1942 гъэм фронтым ираджащ. Абы къулыкъу щищIащ Украинэ фронтым и мотострелковэ 160-нэ батальоным. Ар яхэтащ Кавказ Ищхъэрэр, Украинэр хуит къэзыщIыжахэм, Ясскэ-Кишинёвскэ щIыпIэм деж щекIуэкIа зэхэуэ гуащIэм. ТекIуэныгъэм ар Болгарием щыIущIащ. Хэку зауэшхуэм щыщыIами, зэман тIэкIу къызэрыхудэхуэу, сурэт ищIырт. Зэрихьа лIыгъэмрэ хахуагъэмрэ къалъытэри, «За оборону Кавказа», «За победу над Германией» дамыгъэ лъапIэхэр къратащ. 1945 гъэм зауэм къикIыж- ри газетым и редакцэм къигъэзэжащ. Псэуху, жылагъуэ Iуэхуи лэжьыгъи зэпигъэуакъым. Трындык Николай ящыщщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ зыгъэбеяхэм.