Пщэдейрей махуэм дыщымыщтэу

  ПсэупIэншагъэр, улахуэхэр зэрыцIыкIур, коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэр зэрылъапIэр – куэд мэхъу цIыхухэм яхузэтрихьа гукъеуэхэр. Псори тщхьэщахыну дыкъагъэгугъэ хабзэщ хэхыныгъэхэм я зэманым, дэри ахэр ди фIэщ щIэмыхъуну щхьэусыгъуэ диIэкъым.  КПРФ-м и гугъэфIхэм щыгъуазэ зыдощI.     

«ЦIыхухэм банкхэм я щIыхуэу сом триллион 45-рэ ятелъщ.  Ар мылъкушхуэщ, и процент 45-р - ипотекэ уасэщ, процент 27-р кредит щIыхуэу ятыжын хуейщ. КъыхэкIыжынкIэ узыщыгугъ мыхъуну нэгъабэрей щIыхуэхэр хуэдищкIэ бэгъуащ, ахэр сом триллиони 2,4-м нэсащ.

Сыт абы ипэжыпIэкIэ къикIыр? Урысейм щыпсэу цIыху мелуанхэм кредитыр яхуэпшыныркъым. Апхуэдэ щIыхуэ къэзыщтэхэм я процент 20-м унагъуэр зыщыгугъ мылъкум и зэхуэдитIым щIигъу иратын хуей мэхъу хэхъуэм хэпсэукIхэм. А псом къыхэкIыу, 2025 гъэм цIыху мин 568-р банкроту къалъытэн хуей хъуащ.

Сыт щхьэусыгъуэр? ЦIыхухэм зыхуейр ягъуэту къащтэркъым кредитхэр, ахъшэр зытрагъэкIуэдапхъэм зэрахуримыкъурщ ар къызыхэкIыр. Улахуэм хохъуэ жыпIэ щхьэкIэ, абы еш имыIэу къакIэлъоущ инфляцэмрэ зыхэхъуэ зэпыт налогхэмрэ. Шхын, щыгъын, хущхъуэ, еджакIуэ тхылъ къащэхун папщIэ щIыхуэ къащтэн хуей мэхъу. ХэкIыпIэ щамыгъуэтым деж, пIалъэ кIэщIкIэ ахъшэ зыт IуэхущIапIэхэм (МФО) йокIуалIэ. Апхуэдэхэм иратыжын хуей щIыхуэр сом мелард 796-м щIегъу. Абыхэм я зэхуэдитIыр щратыжын хуейуэ щыта пIалъэр икIащ.  Езыхэми кърат ахъшэм хэхъуэу тралъхьэр процент 300-м нос. Хабзэри къызэпамыуд хуэдэурэ махуэ шэджагъуэм яхъунщIэ. 

КПРФ-м къэралыр щIыхуэхэм епха лъэпощхьэпом къызэрыхэкIыну Iэмал къегъэлъагъуэ:

ИкIэщIыпIэкIэ МФО-хэм я хэхъуэр егъэгъэмэщIэн, е ахэр зэхуэщIыжыпэн;

Зэманым декIуу лажьэ экономикэм и секторхэм проценти 3-4-кIэ кредит етын, IуэхущIапIэхэм заужьыну Iэмал яIэн хуэдэу;

ТекIуэныгъэм и программэу дэ дубзыхуар гъэлэжьэн: цIыхубэ IуэхущIапIэхэм къэралым зыщегъэубгъун, егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ, хьэрычэт мащIэмрэ курытымрэ  защIэгъэкъуэн, экономикэр цIыхухэм я хэхъуэр бэгъуэн хуэдэу гъэлэжьэн.

Социализмэм зыхуэгъэзэнырщ, лэжьыгъэ щхьэпэмрэ захуагъэмрэ тегъэщIапIэу къэщтэнырщ ди ТекIуэныгъэм лъабжьэ хуэхъуу, мамырыгъэмрэ ефIэкIуэныгъэмрэ къытхуэзышэнур.

Пщэдейрей махуэм фIыкIэ щыгугъыным къыщыщIидзэр цIыхухэр псалъэ гъэщIэрэщIакIэ къызэрыбгъэгугъэм дежкъым. Абы къыщеублэ улахуэфIым, тыншу къыпIэрыхьэ псэупIэм, пщIэншэу щрагъаджэ школхэмрэ сабий IыгъыпIэхэмрэ я деж. 

 Дэтхэнэ цIыхуми унагъуэми лэжьыгъэм и хъерыр зыхищIэу улажьэ зэрыхъунум и щапхъэ къагъэлъагъуэ цIыхубэ IуэхущIапIэхэм, къэкIуэну  махуэм щымыщтэу, сабий япIыным, мурад ящIыным тригъэгушхуэу,  нобэ нэхърэ нэхъыфIу пщэдей зэрыпсэунур ящIэу.

 Урысейм хъугъуэфIыгъуэхэр и куэдщ. Ауэ къэралым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэр пщэдейрей махуэм щымышынэ цIыхухэрщ!

 Куэдщ ерагъыу дызэрыпсэуар! Дыпсэуну, пщэдейрей махуэр духуэну и чэзур къэсащ!

Унафэ зыIэщIэлъхэм щIалэгъуалэ политикэм теухуауэ куэд жаIэ. Ауэ езы щIалэгъуалэр къэкIуэну махуэм егъэгузавэ. Абы шэсыпIэ иIэкъым щIэныгъэ зригъэгъуэтынуи, IэнатIэ къыIэрыхьэнуи, псэупIэ зэригъэпэщу, иухуэну унагъуэр зыхуей хуигъэзэнуи.  

Дауэ иджырей щIалэгъуалэр я лъэкIэ быдэу зэрыувынур? ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ щрат IуэхущIапIэхэм еджапIэщIэхэм я уасэр процент 11-кIэ хэхъуащ. Стипендие нэхъ цIыкIу дыдэр зэрыхъур сом 2208-рэщ. IэщIагъэлI хъуагъащIэм  IэнатIэ къигъуэту, псэупIэ зэригъэпэщын хуейщ, ар нэхъыбэм я дежкIэ зэи зытемыIэбэну гуращэу къонэж. 

 Мис аращ зи щIалэгъуэм и гукъеуэхэр. ФIыуэ дедэIуэн  хуейщ абы жиIэм!

КПРФ-м и ТекIуэныгъэ программэм хэкIыпIэ къегъэлъагъуэ:

Стипендиер цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъшэм нэхърэ нэхъ цIыкIуу щремыт. Студентыр еджэн, и IэщIагъэм зыщигъэгъуэзэн хуейщ, жэщхэм ишхын къимылэжьыжу.

ЕджапIэм къыщIэкIам IэнатIэ зэригъуэтынумкIэ шэсыпIэ иреIэ. Дыгъуасэ студенту щытам Iуэхум хищIыкIыныр пэбубыд хъунукъым, лэжьыгъэм зригъэсэну Iэмал имыIауэ.

УнагъуэщIэм псэупIэ игъуэтыпхъэщ. Дэ къэралым и псэупIэ  программэхэм зегъэубгъун, цIыхубэм папщIэ унэ куэд дыдэ яухуэн, сабий зэрыс унагъуэхэм ядэIэпыкъун хуейуэ къыдолъытэ. 

    Шэч хэмылъуи - улахуэфIрэ узыхэпсэукIын лэжьыгъэрэ!  ЩIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ къалэжьа ахъшэм я щхьэ пщIэ хуащIыжу ирипсэуну, заужьыну, фэтэр хьэхуу къащтэну е къащэхуну, унагъуэ яухуэу сабий япIыну Iэмал яIэн хуейщ, улахуэ къыщратыну пIалъэр къахуэмыгъэсу, кIэпIейкIэ къэс зэрагъэзахуэу щымыту е  Урысейм хъугъуэфIыгъуэхэр и куэдщ, къыщIэхъуэ щIэблэщIэр пщэдейрей махуэм фIыкIэ щигъэгугъыфын хуэдэу.

 КПРФ-м и закъуэщ щIалэгъуалэр псалъэ хэIэтыкIахэмкIэ къимыгъапцIэу, и лъэпощхьэпо нэхъыщхьэхэм къызэрыхэкIыну Iэмал узыншэхэр къыхуэзыгъэлъагъуэр».

 

ЧЭРИМ Марианнэ.

 

Поделиться: