УэрэджыIакIуэхэм я зэпеуэ

 Iуащхьэмахуэ щIыналъэм хыхьэ Тегенекли къуажэм и «Iуащхьэмахуэ» хьэщIэщым щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм и уэрэджыIакIуэхэм я VII зэпеуэ РСФСР-м и цIыхубэ артисткэ, КъБР-м щIыхь зиIэ и артисткэ, Къэрал саугъэтым и лауреат, ЮНЕСКО-м Гъуазджэмрэ щэнхабзэмкIэ и Дунейпсо советым хэт, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым уэрэджыIакIуэ гъуазджэмрэ дирижёр IэщIагъэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, профессор Гъэсашэ Наталье и цIэкIэ къызэрагъэпэщым и иужьрей Iыхьэр. 2000 гъэм ирагъэжьа зэхьэзэхуэр зи жэрдэмыр ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтырщ.

Фигу къэдгъэкIыжынщи, Мариинскэ театрым и опернэ уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм я академием и унафэщI, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтым щIыхь зиIэ и профессор Гергиевэ Ларисэ и жэрдэмкIэ, щэнхабзэмрэ кинематографиемкIэ Федеральнэ агентствэм зэпеуэр Гъэсашэ Наталье и цIэкIэ 2006 гъэм япэу къызэригъэпэщащ. КъыжыIапхъэщ, зэхьэзэхуэр къызэрыхалъхьэрэ Наталье къэпщытакIуэ гупым зэриунафэщIыр. Опернэ уэрэджыIакIуэ, Гъэсашэ Наталье Саратов къалэм Собинов Леонид и цIэр зезыхьэ консерваториер къыщиухауэ илъэс 60-м щIигъуауэ макъамэм хурегъаджэ. «Кабардинка» къэрал академическэ къэфакIуэ ансамблым хэта артисткэм Урысейми хамэ къэралхэми я утыкухэм куэдрэ зыкъыщигъэлъэгъуащ, театрымрэ эстрадэмрэ ехъулIэныгъэхэр яIэу щылажьэ, зэфIэкI зиIэ уэрэджыIакIуэхэр игъэхьэзыращ.

ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и ректорым и къалэнхэр зыгъэзащIэ, профессор Рахаев Анатолэ зэхыхьэм хэтхэм защыхуигъазэм къыхигъэщащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм гъуазджэхэмкIэ и еджапIэ нэхъыщхьэр Кавказ Ищхъэрэм и уэрэджыIакIуэ гъэхьэзырыпIэ лъэщ зэрыхъуар, уэрэджыIакIуэ куэдым ябгъэдэлъ щIэныгъэмрэ Iэзагъэмрэ мы зэпеуэмкIэ къызэрапщытар.

КъэпщытакIуэ гупым яхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Ингуш республикэхэм щIыхь зиIэ я артисткэ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым уэрэджыIакIуэ гъуазджэмрэ дирижёр IэщIагъэмкIэ и кафедрэм и доцент Гуртуевэ Лейлэ, а кафедрэм и егъэджакIуэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгэ республикэхэм щIыхь зиIэ я артист Гуазэ Тимур, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым  уэрэджыIакIуэ гъуазджэмрэ дирижёр IэщIагъэмкIэ и кафедрэм и доцент, институтым и егъэджэныгъэ къудамэм и унафэщI Жаппуевэ Лейлэ. Зэпеуэм и концертмейстерыр ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтым и доцент, лъэпкъыбэ зэхьэзэхуэхэм я лауреат ХьэхъупащIэ Аннэщ.

  - Зэпеуэр зи жэрдэмхэм я мурад нэхъыщхьэр зэфIэкI зиIэ уэрэджыIакIуэ ныбжьыщIэхэм ядэIэпыкъунырщ. Зэхыхьэм и фIыгъэкIэ щIалэгъуалэм я Iэзагъэр ягъэлъэгъуэну Iэмал яIэщ. Зэхуэсахэм гъуазджэм и курыхым зыхагъэгъуазэ, - жиIащ Гъэсашэ Наталье. – Зэраубзыхуам тету, зэхьэзэхуэхэм ягъэзащIэ уэрэджыIакIуэ гъуазджэм и классик дуней псом щыхъуа цIыху цIэрыIуэхэм я лэжьыгъэхэм, XVI–XX лIэщIыгъуэхэм ятха ариехэм, урыс, хамэ къэрал, ди республикэм я композиторхэм я Iэдакъэ къыщIэкIа романсхэм щыщ. Зэпеуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ ди щIыналъэм и щэнхабзэ щIэинхэр хъумэнымкIэ. Мы гъэм зэхьэзэхуэм и комиссэм къагъэхьащ музыкэ колледжхэмрэ школхэмрэ, еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ консерваториехэмрэ я студентхэм, артист цIэрыIуэхэм я лэжьыгъэхэр.

Зэхьэзэхуэм я зэфIэкI щеплъыжащ Налшык, Дон Iус Ростов, Сургут, нэгъуэщI къалэхэм щыщ уэрэджыIакIуэ 80. НэхъыжьыIуэхэм я гупым саугъэт нэхъыщхьэр къыщихьащ ГъузаджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ къэрал институтыр къэзыуха, КъБР-м и Музыкэ къэрал театрым и уэрэджыIакIуэ Саенкэ Евгение (сопрано). Зэпеуэм и I лауреат хъуащ Ростов къэрал филармонием и уэрэджыIакIуэ Диданов Аслъэн. Сургут къалэм урыс щэнхабзэмкIэ и колледжым щеджэ Паскарь Ульянэ (сопрано) гуп нэхъыщIэхэм я лауреат хъуащ.

Ханты-Мансийск автономнэ округым щыщ, зэхьэзэхуэм щытекIуа Процюк Светланэ жиIащ Налшыкрэ Сургутрэ километр минищым нэблагъэ яку зэрыдэлъыр, ауэ гъуазджэм гъунэ зэримыIэр. Светланэ зэхыхьэр къыхэзылъхьахэм фIыщIэ яхуищIащ икIи жиIащ нэхъапэIуэкIэ здэщымыIа Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Iуащхьэмахуэ ягу зэрыдыхьар, щIыналъэр гукъинэж зэращыхъунур.

Зэпеуэм щытекIуахэм щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ иратащ. КъищынэмыщIауэ, Урысейм и Лъэпкъ артийскэ комитетым и вице-президент Бейтыгъуэн Iэуес абыхэм яхуэупсащ дипломхэмрэ Гъэсашэ Наталье и сурэт зытет медалхэмкIэ. Гъэсашэ Наталье хуигъэфэщащ «Элита Отечества» орденыр, къэрал щэнхабзэм хэлъхьэныгъэфIхэр зэрыхуищIым, щIэныгъэ зэрыбгъэдэлъым, Урысейм и щIыналъэхэмрэ абыхэм щыпсэу лъэпкъхэмрэ я  зэпыщIэныгъэр зэригъэбыдэм папщIэ.

  Зэхьэзэхуэр къызэрагъэпэщащ УФ-м и Президентым и унафэкIэ ягъэхьэзыра, 2030 гъэ пщIондэ ягъэзэщIэну «Стратегии государственной культурной политики» Iуэхум ипкъ иткIэ.

  ТЕКIУЖЬ Заретэ.

 

Поделиться: