Москва зэрызыкъыщагъэлъэгъуэнум зыхуагъэхьэзырБахъсэн щIыналъэм хыхьэ Ислъэмей къуажэм и курыт еджапIэ №3-м и тхыдэ-лъахэхутэ музейр щытекIуащ УФ-м и Президент Путин Владимир и унафэкIэ, УФ-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу, «ЩIэныгъэ» урысейпсо зэгухьэныгъэм къызэригъэпэща зэпеуэм и Iыхьэм. Зэхьэзэхуэм и Iыхьэ зыбжанэм пхыкIа нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэрым мы IуэхумкIэ и еджапIэ нэхъыфIитIым язу къалъытащ Ислъэмей школым и музейр. Иджы IуэхущIапIэм Iэмал иIэщ Москва щекIуэкIыну урысейпсо Iыхьэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ зыкъыщигъэлъэгъуэну. Ислъэмей къуажэм и школ музейр 2012 гъэм къызэрагъэпэщащ. Илъэс зыбжанэ хъуауэ абы и гъэтIылъыгъэм хагъахъуэ егъэджакIуэхэм, еджакIуэхэм, къуажэдэсхэм. Мы гъэм музейр къагъэщIэрэщIэжащ икIи абы къыщызэрагъэпэщащ «Живая нить традиций» гъэлъэгъуэныгъэр. Мы IуэхущIапIэр нэгъуэщIхэм къащхьэщызыгъэкIыр абы и лэжьакIуэхэм егъэджэныгъэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэ щIэщыгъуэрщ. 5-6-нэ классхэм я еджакIуэхэм я щIыналъэм и тхыдэр хьэпшыпхэмкIэ ядж къудей мыхъуу, я нэхъыжьхэм я псэукIам, щэнхабзэ щIэинхэм зэрыщагъэгъуазэрщ. ЕджакIуэхэр IэпщIэлъапщIагъэм хуагъасэ, адыгэ арджэн щIынри хыхьэу, лъэпкъ фэилъхьэгъуэхэм, хьэпшыпхэм я фIэщыгъэхэр адыгэбзэкIэ ядж, лъэпкъ дауэдапщэхэм хуагъэхьэзыр теплъэгъуэхэр ягъэлъагъуэ, къэфэкIэ зрагъащIэ. КъинэмыщIауэ, къагъэщIэрэщIэжа музейм щагъэуващ «Зэкъуэтыныгъэм и жыг» арт-теплъэгъуэр. Абы фIадзащ Урысей Федерацэм и щIыпIэ псоми я ныпхэр, лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэр къэралым зэрыщыпсэумрэ ахэр зэрызэкъуэтымрэ я дамыгъэу. Ислъэмей къуажэм и курыт еджапIэ №3-м и гупым дерс щхьэпэхэр, акъылыфIагъэ джэгухэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр къыщызэрагъэпэщащ икIи къэпщытакIуэ гупхэм къагъэувхэм ехъулIэныгъэхэр яIэу пхыкIащ. КъызэгъэпэщакIуэхэм япэ Iыхьэм хыхьэу къэралым зэхыхьэ 2606-рэ щрагъэкIуэкIащ, цIыху мин 52-рэ къызэщIиубыдэу. Мы гъэм и жэпуэгъуэм Ислъэмей школым и лIыкIуэхэм Москва зыкъыщагъэлъэгъуэнущ, «Память жива» урысейпсо зэпеуэм и иужьрей Iыхьэм я зэфIэкI щеплъыжыну. Иужьрей Iыхьэм хыхьэу, къэралым и еджапIэ нэхъыфIи 150-м я лIыкIуэхэм утыку ирахьэнущ я музейхэм ятеухуа гъэлъэгъуэныгъэхэр. Абы къэпщытакIуэхэм къыщыхахынущ зэпеуэм щытекIуэну IуэхущIапIэ 70. Зэхьэзэхуэм щытекIуэнухэм саугъэту сом мелуан 35-рэ хухахынущ, школхэм иджырей Iэмэпсымэхэр, компьютерхэр иратынущ, музей гъэлъэгъуэныгъэхэм папщIэ зыхуеинухэмкIэ къызэрагъэпэщынущ, зэпеуэр къадэзыIыгъхэм къабгъэдэкI саугъэт лъапIэхэр щIыгъуу. Мы гъэм гъатхэпэм ирагъэжьа зэпеуэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и лIыкIуэхэр пашэ зэрыщыхъуамрэ абыхэм зэпеуэм и иужьрей Iыхьэм зэрызыкъыщагъэлъэгъуэнумрэ, дауи, ехъулIэныгъэшхуэщ. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
13.10.2026 - 16:30 →
Балъкъ бжьэпэ къыщыхъуа
13.10.2026 - 14:53 →
Пасэрей алыджхэм я гъуазджэм щыщщ
13.10.2026 - 11:05 →
Тхылъымрэ фильмымрэ щызэгурыIуэм деж
12.10.2026 - 12:24 →
«Дакъикъэ ныкъуэ»
12.10.2026 - 12:21 →
Кавказыр я зэхуэзапIэ мэхъу
| ||




