Егъэлеяуэ ерыщтКъэрэшей-Шэрджэсым и инжыдждэс къуажэхэм щыпсэуа нэхъыжьыфIхэм я деж щызэхуихьэсыжа хъыбархэр гъащIэм имыпхъэхыжу бзэ къулейкIэ къезытхэкIыжа Шэрджэс Алий адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным ерыщу яужь итащ. Мы Iуэтэжри абыхэм ящыщ зыщ. Iей пщIауэ фIым ущымыгугъ. А цIыхубэ Iущыгъэр IэщIыб зыщIауэ щыта гуэрым къыщыщIа Iуэхугъуэщ мы хъыбарыжьым къиIуатэр. НэгъуэщIу жытIэмэ, ерыщагъ егъэлеямрэ вэгъзэгъыу щымытынымрэ цIыхум къыхуахь зэраныгъэм ехьэлIащ. Иджырей Къэрэшей-Шэрджэсым хыхьэ Кхъуэвыжь (Кхъувыжь) къуажэр, иджы здэщыс Инжыджышхуэ и Iуфэм щымыIэпхъуэм, Кхъуэвы и псыхъуащхьэр и хэщIапIэт. А жылэм лIих дэсауэ яIуэтэж, щэкIуэным хуэIэзэу икIи ирипсэууэ. Абыхэмрэ Кхъуэвы дэсхэмрэ зэщыIеят, езы щакIуэхэм я гурымыкъыгъэ-гущIэгъуншагъэм къахуихьыжауэ. Iуэхур кум щынэблагъэм, хыри къуажэм къыдахури, зи къуаншагъэ къэзымылъытэжыфа щакIуэхэр мэзым щIыхьэжащ, я унагъуи я лъапси къагъанэри. ЛIыхэр къущхьэхъу мэзым щIыхьэжри, абы щыпсэууэ щрагъэжьат. АрщхьэкIэ, а хъупIэм кIуэ Iэщыхъуэхэри зэщакIуэр а псэущхьэ дыдэхэрати, хьэкIэкхъуэкIэхэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ щохъу, цIыкIуфэкIу фIэкIа щамыгъуэтыжу. ЩэкIуэным ирипсэу лIы бзаджэхэм псэущхьэ здэщымыIэжым щащIэн щыIэжтэкъыми, зыкъызэщIакъуэри къущхьэщIыбкIэ яунэтI. ИкIи, уэсылъэ къущхьэхъу дыгъэмыхъуэм йокIри, зи джабэщIхэр хы ФIыцIэм хуэгъэза хуабапIэмкIэ зэпрокI. Къуршхэм щызепщэ жьы бзаджэхэм зэрызыщахъумэным тещIыхьауэ, и щIыхьэпIэр бгыжьэмкIэ гъэзауэ я пщыIэр яухуэ, махуэ зытIущкIэ зыщрагъэзагъэри, щэкIуэн щIадзэ. ЛIихым я нэхъыжьыр ШэтIыгути, адрейхэм захуегъазэ: - Нэху дыкъекIмэ, пщэдджыжь къыщегъэжьауэ гупитI зыдмыщIу хъунукъым. Апхуэдэу зитщIыкIмэ, зэман нэхъ мащIэкIэ щIыгу нэхъыбэ щIэтщыкIыфынущ, псори дызэгъэуIуа нэхърэ! - жеIэри. Гупым лIы мэхъаджэ быдэ гуэр яхэтт, къару ин дыдэ бгъэдэлъу, адрейхэр зыпэмылъэщ куэдми езыр тегушхуэфу. Абы и цIэр ЛIыхъурейт. ШэтIыгу игу къохьэ езымрэ ЛIыхъурейрэ зэщIыгъумэ, гуп псо ирикъуну, адрейхэр зэгъусэми ягъэ мыкIыну. - ЛIыхъурейрэ сэрэ дызэщIыгъунщ, къэнахэм зызэвгъэуIуи, пщэфIэн чэзу-чэзукIэрэ къытевнэурэ, пщыIэм фытекI. Фыкъыздэмыпщыжыфын къуэладжэ фыдэмыхьэ, макъкIэ фыщызэлъэмыIэсыжыфын фымыкIуэ, жыжьащэуи фызэбгрымыкI, къэвмыхьэсыфын къэвмыущэкIу! – ШэтIыгу щажриIэм: - СхузэфIэкIым сыкъегъэгугъэри, сIыгъ Iэщэм фIэкIа сыхуейкъым. Сыщхьэхуэщ! – къызыпхигъэIукIри, ЛIыхъурейм ар идакъым. - АтIэ, апхуэдэу щыхъуакIэ, мыдрейхэм зы махуэ къэмынэу, тIурытIурэ, гупитI зыдощIыкI, къанэр пщафIэу къытонэ! – унафэ быдэ ещI ШэтIыгу. ЗэрызэгурыIуам ипкъ иткIэ щэкIуэн щIадзэ. Тхьэмахуэ зытIущ блокI. Щхьэхуэ зызыщIа ЛIыхъурей езым и закъуэ мэщакIуэ, арщхьэкIэ арэзы хъуркъым мыщэ, дыгъужь, щыхь хуэдэхэмкIэ. Йогупсыс, къуэладжэ нэхъ пхыхуа гуэрхэмкIэ ехыу, домбей псэущхьэ иныщэм ебгъэрыкIуэну. Зы пщыхьэщхьэ гуэрым ар ШэтIыгу щыжриIэм: - ЛIыхъурей, сэ фIыуэ сыщыгъуазэщ уи зэфIэкIыр зыхуэдэми, къарурэ таучэлу ббгъэдэлъми, Iэщэу зепхьэр зэрымыубзэщхъуми. АрщхьэкIэ, домбейр щыхькъым е мыщэкъым, и псэр щыхэмыкIым сэ къипхыу упэувыфыну. Домбейр зэреджэм хуэдэщ - псэущхьэ щэджащэщ. СрихьэлIэгъат ХапIэжь деж (Архъыз щIыпIэм и адыгэцIэщ) къыщаукIа домбейм и лыр къызыдэна къуладжэм шы зыхыблым къахудэмыхыу трагъэзэжауэ зэрыщытар. Мы Iэхэлъахэр уэсылъэм пэIэщIэщ, къэбущэкIупэми, и нэхъыбэр тфIэкIуэдынущ, тфIэмыкIуэдми апхуэдиз зи хьэлъагъыр дэ тхуэдэ гуп мащIэм щIыбырыхьрэ лъэсу дауэ къызэрыдэтхынур? Шы диIэххэкъым. А псоми егупсыси, домбейхэр дыкъыздикIа лъэныкъуэмкIэ (Кавказ ИщхъэрэмкIэ) ныщхьэдэхыжыху пэплъэ. Дэ мызэкIэ дызыхуэныкъуэр зи фэр къытхуэщхьэпэн хьэкIэкхъуэкIэхэращ, шыкъулътыр ажэхэмрэ щыхьхэмрэ я лыр гъуэмылэу дрикъунущ! – жеIэри, къочэнджэщ. ШэтIыгу и ущием ЛIыхъурейм пидзыжа щыIэкъым, ауэ зэгупсысыр домбей танэ нэхъ мыхъуми зыгуэр къызэриущэкIунырт. Нэху зэрыщу: - КъуэкIыпIэмкIэ къуэладжэ дэгу гуэрхэм сащрихьэлIащи, абыхэмкIэ зыщысплъыхьынщ. Мэрем пщIондэ къэзмыгъэзэжмэ, фыныскIэлъыгъуазэми содэ! – жиIэри, ЛIыхъурей пщыIэм текIащ, и щIакIуэр и щIыбырылъ хъуржыным кIэрыпхэжауэ. ЛIыхъурей здиунэтIа къуэ дэгухэм махуэ ныкъуэ гъуэгу хуэдиз дэлъти, ари къызэренэкI. Уэлбанэм зыкъыщригъэлын папщIэ, хьэщпакъ цIыкIу гуэр щызэрегъэпэщри, къыхуэнэжа зэманым абы зыщегъэпсэху… Езыр зэрегупсыса дыдэм техуэу, къуэ дэгум гу щылъетэ домбей лъэужьым. «Лъэужь щыхашакIэ ар зи Iэужьми дарихьэлIэнщ!» - жеIэри, лъыхъуэн ирегъажьэ. И нэхэр къуршыбгъэм ейм хуэдэти, куэд дэмыкIыу къелагъу домбей гупым хэтхэм я лъагъуэхэр, абыхэм ящыщу дэтхэнэм деж япэтIыс ищI хъунуми. Къыхех зыгъэпщкIупIэ дэгъуэ: зекIуапIэр псыгъуабзэу, и лъабжьэр щыхупIэ лъахъшэу, адрей и джабэ блыныр пхырыбудрэ абы укъиIэбыкIмэ, блэкI псэущхьэм ящыщ дэтхэнэми и лъакъуэр къэбубыдыфын плъэкIынут. ИкIи ар зыIэщIумыгъэчыжу пхуэIыгъыфмэ, иужь итым ар бгым щидзынут, лъагъуэ зэвым зэрытемыгъахуэу, иужь итхэри къэныкъуакъуэу. ЛIыхъурей лIы хахуэр махуэ псокIэ иужь итащ а мащэ щэхур гъэхьэзырынымрэ здэщыIэр щIэуфэнымрэ. Ауэ абы ищIэртэкъым езым нэхърэ нэхъ къарууфIэжу нэгъуэщI къэщIыгъи а псэущхьэшхуэхэм ещакIуэу, ебгъэрыкIуапIэуи абдеж дыдэр къыхихауэ. Бзухэр нэхущым иджыри къызэщIэмыушэу, езыр бгым щыпхигъуэныкIа кумб щэхум йохьэ. ХьэмбыIуу зэрыпщхьа мащэ цIыкIум и нэзхэр мывэкIэ щIихъумэжати, бгым къехуэха къыр дзакIэу зэтелъ фIэкIа къыбгурымыIуэну апхуэдэт, нэрэтей (уэздыгъей гъурц) къудамэ жьгъейхэри трилъхьэжати. ХьэмбыIуу здэщысым и лъакъуэхэр ундэрэбжьа пэтми, зэхецIыхукI псафэ къежьа домбей гуартэм я лъэмакъ иныр. Гушхуэ пкIуэцIылъын хуейт ар зи теплъэ псэущхьэ иныщэхэм я лъагъуэ утетIысхьэн щхьэкIэ. Сыт хуэдэ Iэщэ умыIыгъами, зэ уэгъуэкIэ и лIапIэ утехуэпами, ар уи деж къэмыблагъэу къэзыгъэувыIэфын Iэмал иджыри къагупсысатэкъым, кIуэ топкIэ уемыуэ закъуэмэ. ЩIы мащIэ фIэкIа зытемылъ мывалъэ лъагъуэр ягъэзджызджу блэцIэфтащ домбей нэхъ пIащэхэр. Абыхэм апхуэдиз зи лъэщагъ шынагъэ гуэр зэрахьэрти, зы напIэзыпIэу ЛIыхъурей и псэм щыщIат ШэтIыгу жиIам тетын зэрыхуеяр. Ауэ, зэрыхъун хъуауэ, хъушэр блэкIырт. Зэрахабзэу, и кIэ дыдэм домбей нэхъ иныр итыжын и гугъа щхьэкIэ, зэрыхъуа псор хэт ищIэн, танэ нэхъ цIыкIут итыр. Ар занщIэ къызэрыхуэхъуу, езым дежкIэ щыIэ кIэбдз лъакъуэм епхъуэри, ЛIыхъурей танэр игъэлъэпэрэпащ. Абы щымыгугъа танэм зыкъиIэтыжу и лъакъуэм екъуа щхьэкIэ, зыубыдари пелуан гуэрти, зыкъыIэпиудыжыныр къемыхъулIэу екIэрэхъуэкIри, бгым щыхуащ. Iэуэлъауэшхуэ ирагъэщIу пхыжа домбей гупым абы гу лъатакъым, лъатами къэувыIэнкIэ Iэмал яIакъым, зыкърагъэзэкIамэ бгым зэрыдэкIутэнути. Хъушэр зэрыблэкIыу, ЛIыхъурей епсынщIэкIыу бгым и къыIухьэпIэ закъуэмкIэ зедз. Танэм и щхьэр и лъабжьэкIэ щыIэу ехуэхати, къэпIейтей лъэпкъ иIэтэкъым. Бгъэдэлъадэщ, и щхьэр къыщIихыжри, и псэр хэмыкI щIыкIэ фIигъэжащ. Нэхъ зэIыхыпIэ тынш къыхуилъыхъуэу и кIэбдзымкIэ къокIуэкIри, зригъэзыхыу кIэбдз лъакъуитIыр къыщиубыдым, танэм и щхьэр нэгъуэщI гуэрым зыIэригъэхьауэ къыщIокI… (КъыкIэлъыкIуэнущ).
Поделиться:
Читать также:
21.08.2026 - 16:38 →
Бэлъшэ мэзым
18.08.2026 - 17:19 →
Мыщафэ Iэрымылъхьэм гуащэр щумыгъэгугъ
30.07.2026 - 15:08 →
Тхьэпэлъытэ Iуащхьэмахуэ
17.02.2026 - 14:52 →
Уафэр щымыджэмыпцIэу
27.01.2026 - 12:37 →
ШыплIэмрэ гъуэгу жыжьэмрэ
| ||




