Псалъэ гъущэхэр лажьэркъымФIыкIэ узыщызыгъэгугъ партщ «Урысей зэкъуэтыр». Сыт щыгъуи хуэдэу, абы и дежкIэ нэхъыщхьэр цIыхубэрщ, унагъуэрщ, мамырыгъэмрэ зыхуей хуэза гъащIэмрэщ. Партым и ЦIыхубэ программэм къызэщIеубыдэ къытпэщылъ илъэситхум ар зытеIэбэну плъапIэ нэхъыщхьэхэр. Партым и ЦIыхубэ программэм лъабжьэ хуэхъуар хуабжьу ягъэIу къыхуеджэныгъэхэракъым, атIэ ипэжыпIэкIэ зылъэIэсын хуей бжыгъэхэрщ, цIыхухэм папщIэ гъэзэщIапхъэ унафэхэмрэ къалэнхэмрэщ. Унагъуэмрэ демографиемрэ партым гулъытэ нэхъыщхьэ зритынухэм язщ. Абы хеубыдэ унагъуэхэм мылъкукIэ защIэгъэкъуэныр, адэ-анэхэм ахъшэ зэрыратыжынур – НДФЛ налогым хагъэкIам щыщу сом мин 70. Унагъуэ мелуани 3-м къэкIуэну илъэси 5-м и кIуэцIкIэ я псэупIэхэр нэхъыфIкIэ яхъуэжыну Iэмал иратынущ. Илъэс къэс сабий мелуани 5-м я узыншагъэр ирагъэфIэкIуэну Iэмал яIэнущ. Социальнэ инфраструктурэм зрагъэужьынущ: школхэр, сабий IыгъыпIэхэр, творчествэмкIэ унэхэр яухуэнущ. Социальнэ гъащIэм и лъэныкъуэкIэ я пщэ далъхьэжа къалэнхэр ягъэзэщIэнущ. Санкцэхэм къызэрытракъузэм щхьэкIэ къэмынэу, а лэжьыгъэр зэпыуркъым. Нэхъ пасэу къызэрагъэгугъахэр ягъэзащIэ, цIыхухэм зэрызыщIагъакъуэ лъэныкъуэ псори зытетам тетыжщ, программэщIэхэмрэ IэмалыщIэхэмрэ къахэхъуэу. Дзэ Iуэху хэхам хэтхэм ядэIэпыкъунущ. «Урысей зэкъуэтым» Къэрал Думэм и пащхьэм ирилъхьащ абы щыIэ куэдым я цIэхэр. Хабзи 160-рэ къащтакIэщ, ветеранхэм я хьэкъыр ихъумэу. КъинэмыщIауэ, дзэ Iуэху хэхам хэтахэм IэщIагъэщIэ зрагъэгъуэтыну, лэжьапIэ увыну, хьэрычэт Iуэху къыдахыну Iэмал езыт проектхэр къыхалъхьащ. Гъуазэ нэхъыщхьэр – цIыхухэрщ, абыхэм я гъащIэ тыншырщ, унагъуэхэм защIэгъэкъуэнырщ, къэралым и къэкIуэну махуэр зэрыфIым шэч хэмылъынырщ. «Урысей зэкъуэтым» и ЦIыхубэ программэм къыщигъэлъэгъуа социальнэ дэIэпыкъуныгъэ псори гъэзэщIа хъунущ. Нобэ къэралыр ихуащ куэд къыщыпаубыд щытыкIэ. Ар ихъумэну, абы и цIыхухэмрэ ахэр зыхуеймрэ къащхьэщыжу, гъуазэ яхуэхъуфынур сыт щыгъуи цIыхубэм и гъусэу щытыкIэ гугъухэм къыпхыкIа, мурад ищIахэр IуэхукIэ зэрыщIигъэбыдэфымкIэ я фIэщ зызыщIа партырщ.
Поделиться:
Читать также:
07.11.2026 - 09:03 →
Зэпыу щымыIэн хуэдэу
06.11.2026 - 13:47 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и УКАЗ
03.11.2026 - 14:58 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
02.11.2026 - 15:13 →
ХабзэщIэ къыдэкIащ
02.11.2026 - 11:30 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Унафэ
| ||




