Иджырей тхакIуэМэкъуауэ Амир иджырей къэбэрдей тхакIуэ нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщщ. Зыхуеджар, илъэс куэдкIэ зыпэрытар мэкъумэш IэнатIэми, нобэ езым и хъэтI иIэжу, рассказ гъэщIэгъуэнхэр и Iэдакъэ къыщIокI, тхылъ зыбжани къыдигъэкIащ. Къэбгъэлъагъуэмэ, 1980 гъэм курыт еджапIэр къиуха нэужь, Калинин М.И. и цIэр зэрихьэу Саратов дэт, Мэкъумэш лэжьыгъэхэр механизацэ щIынымкIэ институтым щIотIысхьэ. ПсыщIэгъэлъадэ гидротехник IэщIагъэр иIэу къеух. Илъэс куэдкIэ ар Тэрч псыщIэгъэлъадэ станцым инженеру щолажьэ, 1986-1992 гъэхэм КъБР-м ПсыщIэгъэлъадэмрэ псы IуэхухэмкIэ и министерствэм и инженер нэхъыщхьэщ. Абы иужькIэ ар илъэс зэкIэлъыкIуэхэм лэжьащ УФ-м и Литфондым и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIым и къуэдзэу, «Лъэпкъ унэ» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ IуэхущIапIэм цIыхухэм гъэсэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и IэщIагъэлIу. 2002-2010 гъэхэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и Iуэхузехьэу, а зэман дыдэхэми КъБР-м и Парламентым и Тхьэмадэм и дэIэпыкъуэгъуу, иужькIэ УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Нэхущ Заурбий и къуэдзэу мэлажьэ. Мэкъуауэ Амир алыдж-урым бэнэкIэм дихьэхыу щытащ, абы Урысейм, ди республикэм щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм мызэ-мытIэу пашэныгъэхэр къыщихьащ, апхуэдэуи жыджэру хэтщ республикэм жылагъуэ, щэнхабзэ, спорт я лъэныкъуэкIэ щекIуэкI Iуэхухэм. И щIалэгъуэм къыщыщIэдзауэ ар литературэм дехьэх. Рассказ, повесть 20-м нэблагъэ абы трыригъэдзащ УФ-м и къалэхэу Москва, Налшык, Пятигорск, Мейкъуапэ, Грознэ, Бийск къыщыдэкI тхылъ щхьэхуэхэмрэ литературэ журналхэмрэ. Ар Урысейм и ТхакIуэхэм я союзым хэтщ. ТхакIуэм я япэ «Псэ зыпыт сурэтыр» рассказыр 1988 гъэм дунейм къытехьащ. Абы итхащ рассказрэ повесту 30-м щIигъу. Художественнэ тхыгъэу Амир и Iэдакъэ къыщIэкIахэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэ хъуащ «Тенджыз бзу зытет сурэт», «Дыщэ апельсинхэр», «Жыгхэр щыджафэм и зэманым», «Гур псэкIэ ятхьэщI», «Масирэт и хадэхэр», нэгъуэщIхэри. А рассказхэр Iуэхугъуэ куэдым теухуащ: адэ-анэхэмрэ сабийхэмрэ, цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ я зэхущытыкIэхэм, гъащIэм къыщыхъу зэгурымыIуэныгъэхэм, гущIэгъу зэрыщымыIэжым, цIыхум и щхьэхуитыныгъэм, нэгъуэщIхэми. ТхакIуэр куэдрэ топсэлъыхь фIэщ пщымыхъу Iуэхугъуэхэм - ахърэтым, мифхэм, лъэпкъ щэнхабзэхэм я зэпыщIэныгъэм, блэкIамрэ къэкIуэнумрэ я гъунапкъэхэр зэрыкуэдым, пэжымрэ къагупсысамрэ я зэхущытыкIэм. Мэкъуауэ Амир и тхыгъэхэм щIыпIэ нэхъ ин щызыубыдыр сабиигъуэ блэкIарщ. Абы теухуа тхыгъэхэм къахощ а зэман дахэм лIыхъужьыр зэрыхуэзэшыр, дэтхэнэ зыри блэкIа щIалэгъуэм зэрыхуеплъэкIыжыр. Балигъ гъащIэм щыхыхьэкIэ сабийм и гурыщIэхэм захъуэж, дахагъэ, IэфIыгъэ, гуфIэгъуэ иIахэр фIокIуэд. Сабиигъуэ зыхэтар зэрыфIэкIуэдыр, езыми дунейр IэфI зэрыщымыхъужырщ «Мазэм и щIалэ цIыкIухэр» («Лунные мальчики») повестым зи гугъу щищIар. «Си тхьэ, сыкъэхъумэ» рассказым гъэкIэщIауэ къыщыIуэтэжащ абы хэт хъыджэбз цIыкIум, лIыхъужь нэхъыщхьэм, езым зэхилъхьа пьесэр зытеухуар. Новеллэм кIуэцIым новеллэ итыжу куэдрэ ущрохьэлIэ Мэкъуауэм и творчествэм, абы ущыхуозэ «Тенджыз бзу зэтет сурэт», «Дыхьэшхэн хъурей» рассказхэми. ТхакIуэм нэгъуэщI зы Iэмали къегъэсэбэп, апхуэдэм деж абы мифхэм зэхъуэкIыныгъэшхуэ ирет. Ар хыболъагъуэ «Гномхэм я хытIыгу», «Си тхьэ, сыкъэхъумэ» рассказхэм, абы гъащIэр нэхъ гурыIуэгъуэ ищIын папщIэ мифхэмрэ псысэхэмрэ зэхъуэкIыныгъэхэр хелъхьэ. Мифхэм апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэр хэплъхьэныр урысыбзэм иритхэ иджырей адыгэ тхакIуэ куэдым къагъэсэбэп, абыхэм ящыщхэщ Шыд Ю., Емкъуж М., Балъкъэр А. сымэ, нэгъуэщIхэри. Языныкъуэхэм къазэрыфIэщIым хуэдэу, сабиигъуэр сытым щыгъуи гъащIэм и щIэдзапIэ гурыфIыгъуэу къэлъытэным Мэкъуауэ Амир пэIэщIэщ. Сабий зэхэщIыкIым и щэнхэр образ нэхъ наIуэхэм щихъумэф щхьэкIэ, зэрыхабзэу, абы и «Мазэм и щIалэ цIыкIухэр», «Гномхэм я хытIыгур» тхыгъэхэр насыпыншагъэкIэ гъэнщIащ. А Iуэху еплъыкIэр щыпхышащ «Дыщэ апельсинхэр» рассказми. Сабиигъуэ блэкIам епхащ нэгъуэщI зы зэхэщIыкIи - пасэм щыIа дэрэжэгъуэр зэрыкIуэдыр. Ауэ дунейм къыщыхъу-къыщыщIэхэр зэтехуэркъым, ахэр языныкъуэхэм зэныкъуэкъум хуокIуэ, абы къыхэкIкIи, хэутэн ящI, цIыхур зэрыхэIэбэм зэблеш. Абы и зэранкIи сабиигъуэр зэIыщIа мэхъу. ЦIыхур зэрыхэIэбэм, цIыху зэхэщIыкI тэмэмыр къыдэкIуэркъым, атIэ къишэр Iуэху еплъыкIэ пхэнжщ, псом япэуи абы зэIигъыхьэр псори зи фIэщ хъу сабийрщ. Адэмрэ къуэмрэ я зэхущытыкIэм хэлъхэм ящыщ зыщ зыр зым зэригъэкъуаншэр. Адэр лIыпIэ зэриувэмрэ къуэр абы зэрынэмысымрэ къапщтэмэ, адэмрэ къуэмрэ яку къыдэхъуэ зэгурымыIуэныгъэр къэмыхъункIэ Iэмал зимыIэщ, абы гурыIуэгъуэ ещI цIыху зэхущытыкIэхэр иджыри зэрынэмыгъэсар. Къуаншэу зыкъэлъытэжыныр, дэпчыхыныр, узэщыхьэнкIэ Iэмал зэримыIэр тхакIуэр зытет Iуэху еплъыкIэщ икIи ар щэнхабзэм, диным, философием къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ. Адэмрэ къуэмрэ яку дэлъ зэпыщIэныгъэ быдэр къэгъэлъэгъуэныр Мэкъуауэм и тхыгъэхэм я закъуэкъым зэхэплъагъуэр, ар хабзэ яхуэхъуащ адрей адыгэ тхакIуэ куэдми, пэжыр жыпIэнумэ, адэм и щIэиныр, унагъуэм, лъэпкъым я хабзэхэр Iыгъыныр, зехьэныр Кавказ литературэ псоми я нэщэнэщ. Бгырыс художественнэ литературэр пыухыкIауэ кьапщтэмэ, Мэкъуауэ Амир и тхыгъэхэм адэмрэ къуэмрэ дин IуэхукIэ зэрызэпыщIар, занщIэ дыдэу мыхъуми, хэпщIыкIыу къыщыгъэлъэгъуащ. А тIум яку зэпыщIэныгъэ быдэ зэрыдэмылъырщ тхакIуэм и тхыгъэхэм ахэр зэрызэпэIэщIэм, нэщхъеягъуэ къэхъухэм, зэхэщIыкIыр зэрабгъэдэмылъым щхьэусыгъуэу къыщигъэлъагъуэр. «Псым къытена лъэужь» рассказым зы гъэщIэгъуэнагъ хэлъщ - абы хабзэ хъуа къэгъэлъэгъуэкIэмрэ цIыхухъумрэ цIыхубзымрэ я зэхущытыкIэ быдэмрэ къыхощ. «Юкотан и ныбжьхэм» рассказым ущыхуозэ необароккэм и художественнэ Iэмалым. ТхакIуэм щIэнэкIалъэ ещI дэтхэнэ зы сюжетми и зыужьыкIэр, абы къыхэкIкIэ, тхылъеджэм къыфIощI а зэджэр щымыIэ хуэдэу. Необарокком и поэтикэр нэхъ Iэзэу тхакIуэм къыщегъэсэбэп «Дыхьэшхэн хъурей» рассказым. А жанрым и хабзэ зэмылIэужьыгъуэ куэдым абы ущыхуозэ: театрым и Iэмалхэм, фIэщ пщымыхъуным, а къэхъухэр щымыIэ хуэдэу къыпщыхъуным. «Жыгхэр щыджафэм и зэманым» рассказым къыщыгъэсэбэпащ магие реализмэм и Iэмалхэр. Абы и дежкIэ нэщэнэу щытщ пэжу къэхъумрэ къэгупсысамрэ зэхэгъэзэрыхьыныр, зэман щекIуэкIыр игъэIэпхъуэныр, мифхэмрэ псысэхэмрэ зыубгъуауэ къэгъэсэбэпыныр. Абыхэм тхыгъэр гъэщIэгъуэн, узыпэмыплъа, щIэщыгъуэ зэращIым шэч хэлъкъым. Хьэлэмэтщ мы рассказым узыщрихьэлIэ интонацэм иджырей адыгэ тхакIуэхэм, урысыбзэкIэ тхэхэри яхэту, я творческэ лэжьыгъэм куэдрэ узэрыщыхуэзэр.
Поделиться:
Читать также:
12.10.2026 - 15:57 →
«Сыщытхэм, дамэ стетым хуэдэт...»
12.10.2026 - 14:26 →
«Нанэ и бзэ, дадэ и бзэ» тхылъыр зытха бзылъхугъэр
07.10.2026 - 17:00 →
Гюлибик
29.09.2026 - 15:00 →
Бгырысхэм я джакIуэ
28.09.2026 - 17:00 →
Хьэ-сыхьэт
| ||




