Къэзанокъуэм и щIагъыбзэр

ЩIэныгъэлI, тхакIуэ, усакIуэ Нало Заур тхыгъэ куэд и Iэдакъэ къыщIэкIащ. Абы и тхылъхэм ящыщ зыщ Налшык, «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм, 2008 гъэм къыщыдэкIа, «Адыгэ псалъэгъэпсахэр» зыфIища и лэжьыгъэр. Аращ къызэрытхар мы Iуэтэжри. 
… Ар зэрыхъуаращ. Къэбэрдейм пасэрей зэманым судыщIэу яIар Уэрий-дадэращ. Ар уэс къесагъащIэм хуэдэу тхъуарэ и жьакIэпэр и бынжэм теуэу - апхуэдэт. Пщэдджыжьым шей ефэрт аби, къыщIэкIырти, шэнтжьейм ису суд ищIэрт - захуэм къыщыжырт, къуаншэм тезыр трилъхьэрт. Уэрий илъэсищэм нэблэгъауэ бжэн лъакъуищым и Iуэхур къыкъокI; абы и судыр щищIэм, лIыжьыр щыуэри, лъакъуэ къутар зылъыса тхьэмыщкIэр игъэпшынащ. Уэрий дадэ и щыуагъэр Къэзанокъуэ Жэбагъы къыщIигъэщри судыщIэр игъэукIытащ. Жэбагъы щIалэжь цIыкIут абы щыгъуэ, илъэсипщI-пщыкIузхэм иту. ИтIани Уэрий и къулыкъум токIри Жэбагъы трегъэувэ, сэ суд схуэщIыжыркъым, жеIэри. Жылагъуэр къызэроIэт, ар ямыдэу: 
- Сабий пIэщIэгъутхьэт судыщIэу дымылъэгъужар!- жаIэри. 
- ЯпэщIыкIэ… фубын ипэкIэ къэвгъажи вгъэунэху. ИтIанэ зыфхъунщIэнуми зыфхъунщIэ. 
- Хьэуэ, - жаIэ зэхэтхэм.- Уэращ тезыгъэувари къэгъажи дегъэплъ. 
Жэбагъы судыщIэ шэнтжьейм иригъэтIысхьауэ исти, дадэр абы йоупщI: 
 - Ухуарэ? Ушагъдий? 
 - Къыдыру сыкъыщIэмыкIмэ! - жи щIалэ цIыкIум.
 - НтIэ цIыхум и хъукIэм сыт хужыпIэн, тIу? - къоупщI Уэрий дадэр. 
 - Илъэс хьэпIацIэ, - жи Жэбагъы: - пщIы-бзу, тIощI-дыгъужь, плIыщI-аслъэн, пщIей-бегъымбар… Жэбагъы и псалъэр къагурымыIуауэ гупым захъунщIэ: 
- Сыт мы гъуамэм къытхуивыр! - жаIэри. - ХьэпIацIэти бзути жиIэу. Мис итIанэ Къэзанокъуэм зыкъетIатэ аби: - Илъэс хьэпIацIэ щIыжысIар дзэдзум къимыкIухьыфу зопщыпщэри аращ , - жи, - унэ лъэгури бжэIупэри хьэпIацIэм ещхьу ныбэгукIэ къепщыхь. ИлъэсиплI бзу жыхуиIар, дамэ тет нэхъей, къахуэмыубыду зэрызелъатэращ. ТIощI-дыгъужь - жиIэмэ, а ныбжьым иувар гурбиянрэ зэIэр къыгуитхъыу, къыгуитхъар и шхыну зэрыщытращ. ПлIыщIыр аслъэну щIыжиIэр абдежым цIыхур акъылрэ къарукIэ зэхуэдэ мэхъури аращ, къыпэлъэщ щымыIэу. ПщIейм бегъымбару къыщIэслъытэр жылагъуэр иузэщIу, жылагъуэм я чэнджэщэгъуу Iущ зэрыхъуращ… 

- Щэр сыт? - жи Уэрий-дадэ. - Ар щхьэ пыбгъэхуа? Щхьэ щIэплъэфыжа? УзыщышынаIа?.. 
- Щэм нэсар абгъуринэм ещхьу шкIумпI мэхъу… 
- Уэлэхьэ, мис иджы укъысхурикъуам! - жеIэри Уэрий дадэ щIохьэж. Жылагъуэм Жэбагъы судыщIэу ящтэ.  

 

КЪАНКЪУЛ Раисэ.
Поделиться: