Еджагъэшхуэхэри щыхьэт тохъуэЗэман блэкIа жыжьэм хуэгъэпса бзэщIэныгъэм дылъэмыIэсыщэу дгъэбелджылынщи, адыгэхэр, зэрынэрылъагъущи, къинэмыщI лъэпкъхэми дадекIуэкIащ. Ара пэтми, а псори, ди благъэ абхъаз-абазэхэм ещхьу, апхуэдизу гъунэгъу къытхуэхъуфакъым.
Еджагъэшхуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор Абдокъуэ 1эуес «Фонетические и лексические параллели абхазо-адыгских языков» и тхылъ телъыджэм дыщрохьэлIэ: «Абхъаз-адыгэхэм я бзэхэм зы лъабжьэ гуэр зэраIар нэрылъагъущ. Я псэлъэкIэм зэдежьууныгъэу хэтым и нэхъыбэр, зым адрейм къыIриха къудей мыхъуу, я дэтхэнэри лъабжьэ куу зиIэу зэрыщызэтехуэри зэрыщызэхэувари нэрылъагъущ».
А щIыкIэм тету, пасэ дыдэхэм къыщыщIэдзауэ дызэрызэдекIуэкIар къызыхэкIар ди щIыналъэхэр зэлъэIэсу зэрыщытам и закъуэкъым, атIэ, илъэс мин къызэднэкIахэм я деж къыщегъэжьауэ зы лъабжьэ гуэр зэрызэхудиIарщ. Зэбгъу-зэгуэжахэр къыздетхьэкI ди хабзэхэмкIи ди зэхэтыкIэхэмкIи зыкъомкIэ дызэщхьщ, ди гупсысэкIи дуней тетыкIи дызэтохуэ.
Дауи, ижькIэрэ мы дунеижьым къызэрыщекIуэкIыу, щIыналъэкIэрэ зэпыхьэ лъэпкъхэр щыIэкIэ-псэукIэм и лъэныкъуэ куэдымкIи зэдогуашэ: зым иIэр и гъунэгъум къыIрихыу, я зэхэтыкIэ-хуэмэбжьымэхэмкIи зэхъуажэу.
Абхъаз-адыгэ лъэпкъ зэрыбыным хиубыдэ «къудамэхэм» я гугъу тщIымэ, зэман жыжьэ дыдэхэм къыщыщIэдзауэ ди яку къыдэхъухьа зэпыщIэныгъэхэм хуабжьу яжь къащIихуащ иужьрей лIэщIыгъуэхэм къэунэхуа Iуэхугъуэхэми. Псалъэм папщIэ, адыгэхэмрэ абазэхэмрэ (абхъазхэм мызэкIэ я гугъу дымыщIу) яIурылъ бзэхэм аргуэру зэщхь куэд къыхыхьащ: адыгэхэм къагъэщхьэпэ жыIэгъуэ зыбжанэр абазэбзэм щыщ хъуащ, абазэбзэм къыхэкIахэри адыгэбзэм къыхыхьащ. ЖытIам и щыхьэтщ, мэкъумэшым, апхуэдэуи щIым къытраххэм хуэгъэзауэ абазэбзэм къищтахэм адыгэбзэм къыхэкIахэри куэду зэрахэтыр, къэдгъэлъагъуэмэ, удз, жыг, хадэхэкI, пхъэщхьэмыщхьэхэм я цIэхэр, нэгъуэщIхэри.
ЛъэныкъуитIри жыг лъэпкъыгъуэхэм дызэреджэм ехьэлIауэ зы щапхъэ къэдгъэлъэгъуэнщ. ЯпэщIыкIэ къыхэдгъэщынщ ар абазэбзэм зэрыщыIумрэ абдежым зэрыщызыхащIыкIымрэ, кIэлъыкIуэу дгъэнэIуэнщ абы хуэдгъэдэну ди бзэм хэт фIэщыгъэр, и мыхьэнэр урысыбзэкIи къыхэдгъэщу:
«Бджьый» (абазэ) - (тхудэшеяфэ, чинара) - «бжей» (адыгэ) - (бук).
Бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къумахуэ Мухьэдин къызэрилъытэмкIэ, мыр «бжэ» жыIэкIэм еигъэ къэзыгъэлъагъуэ суффикс «ей» - р пыхьэжкIэрэ къэунэхуащ.
Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и академик, профессор Шагъыр Iэмин къызэрыхигъэщауэ, жыгым зэреджэм и лъабжьэм щылъыхъуапхъэр бжы (зэрыпыджэ пасэрей Iэщэ) псалъэм и дежщ. Абы и телъхьэу Шагъырым къигъэлъагъуэр адыгэбзэм и шапсыгъ диалектым халъагъуэ пчыйэ жыгыцIэу пчы (бжы) жыIэкIэм къытепщIыкIарщ.
Къыхэдгъэща щапхъэм ещхьу адыгэбзэм дыщыIуощIэ а щIыкIэм тету къэунэхуа нэгъуэщI жыгыцIэхэми. Псалъэм и хьэтыркIэ, апхуэдэщ бгылъэ мэзхэм дызыщрихьэлIэ «Iэней» жыг лъэпкъыгъуэм дызэреджэри. Ди лъэпкъэгъухэм а цIэр абы хуагъэфэщащ Iэнэ къыхащIыкIыу къызэрекIуэкIам и щыхьэту - «Iэней» («Iэнэ» + «ей»).
Зэпэджэж псалъэхэр
АдэкIэ къэтхьынщ щIыуэпсым хуэгъэзауэ абхъаз-убых-адыгэ бзэхэм щызэщIэжьууэжу хэт псалъэхэри. Апхуэдэхэри, гу зэрылъытэгъуафIэщи, мащIэкъым. Абы и телъхьэщ бзэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къумахуэ Мухьэдин «Очерки общего и Кавказского языкознания» и тхылъ гъуэзэджэм къыщигъэлъэгъуа щапхъэ зыбжанэр:
Пцэ, пцэ-жьий - кIахэ адыгэ (жъый, жьые); псэ - убых; псыз - абазэ; апсыз – абхъаз; бдзэ, бдзэ-жьей - къэбэрдей адыгэ (жьей, жьий-цIыкIу мыхьэнэр щыпыувэкIэ).
Ттыгъэ - шапсыгъ, бжьэдыгъу; (н)дыгъэ - убых; дыгъэ, д(ы)гъа - къэбэрдей-шэрджэс.
Псыхъу – шапсыгъ; псыхъуэ - къэбэрдей-шэрджэс.
Уэрыжь - кIахэ адыгэ; уэрэжь – убых; псыпцIэ - къэбэрдей-шэрджэс.
Дзы – абазэ; адзы - абхъаз; псы - адыгэбзэ псоми; бзы – убых.
Псы щIыIэ - къэбэрдей-шэрджэс; псы чъыIэ - кIахэ адыгэ; бзы тчIы - убых.
Sabh - пасэрей журтыбзэ; сапа – убых; саба - абхъаз, абазэ; саппэ - шапсыгъ, бжьэдыгъу; сабэ - къэбэрдей-шэрджэс.
Хъу, хъупIэ – кIахэ адыгэ, къэбэрдей; хъуа - франджы бзэщIэныгъэлI, IуэрыIуэтэдж Дюмези́ль Жорж щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, убыхыбзэм къызэрыщыкIуэр апхуэдэущ.
Хъуныджэ, хъуныфIэ, хъун… - кIахэ адыгэ, къэбэрдей.
Тхы - адыгей, къэбэрдей-шэрджэс; атх - убыхыбзэм лъагапIэ, Iуащхьэ мыхьэнэхэр къыщикIырт.
«Псы»–м къытепщIыкIахэр
КIахэ адыгэхэм я къэпсэлъыкIэм хыдолъагъуэ «псы» пычыгъуэр зи лъабжьэ, дэ, къэбэрдейхэми, тыншу зэхэтцIыхукI жыIэкIэхэр. Дгъэлъагъуэмэ, апхуэдэщ «псыгу» - псыку; «псыбыбы», «псыкъепэпэх» - псыкъелъэ; «псыгъэхъун» - пситI зэхуакум узыщрихьэлIэ хъупIэ; «псыкIей» - псыр щешкIурэх къуэладжэ, тIуащIэ; «псылъахъэ», «псыхъырз» - архъуанэ, псыр щиджэгухь щIыпIэ; «псыкъуалэ» (шапсыгъ) – псы кIантIэ, псы хьэлыгъуэ; «псылъэукъ» - тафэм теджэразэ, теуфафэ, къуэпсыбэу щызэбгрыж псы; «псынакIэ» (шапсыгъ) – псынэпсым хиукъуэдиикIа къуэбэкъу цIыкIу, псы хьэлыгъуэ; «псыутI» - и пIэ имыкIыу къыпщыхъу, зызымыгъазэ псы, «псыхэ» - псы къуэпсыр нэхъ иным щыхэлъэдэж щIыпIэ; «псыIу» - псы ежэхым и нэз; къинэмыщIхэри.
«Пшэ» жыIэкIэм къытепщIыкIахэр
ПшэкIэплъ, пшэкIэху, пшэплъ – дыгъэм и къыщIэкIыгъуэм къуэкIыпIэ щIэплъыпIэмкIэ гу зыщылъыптэ щхъуэкIэплъыкIагъэ.
Пшэгу – щIым щхьэщыIэтыкIа пшэхэм я щхьэжкIэ щыIэр.
ПшэкIухь – дыгъэмрэ мазэмрэ я нэзхэм деж щытлъагъу нэхур (нурыр).
Пшэ Iэрамэ – уафэм гуэрэн-гуэрэну щызэрызехьэ пшэ гуп.
Пшэху – уэгум зэхэт-зэхэтурэ итлъагъуэ пшэ хужьхэр.
Пшэхулъэ – уафэм пшэ хужьхэр зэрыт и къуапэр.
ПшэщIэу – уэгум щызэрызехьэ пшэ Iув къелъэхъшэхахэр.
Поделиться:
Читать также:
12.10.2026 - 12:22 →
Урысейм езым и ислъам тхыдэ иIэжщ
06.10.2026 - 13:54 →
Кушыкурэ Мэтрэ тхьэлъанэ зэхуащI
06.10.2026 - 12:26 →
Тхыдэр и тегъэщIапIэт
30.09.2026 - 15:45 →
И лъэкIыныгъэр инт
29.09.2026 - 17:00 →
Пасэрей адыгэ бзылъхугъэм и натIэр
| ||




