Дзэлыкъуэ районым щыпсэухэм яIущIащКъэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек, Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ иджыблагъэ яIущIащ Дзэлыкъуэ районым и цIыхухэм. ЩIыналъэ администрацэм щызэхуэсахэр тепсэлъыхьащ цIыхухэм я псэукIэм, экономикэм, жылагъуэ Iуэхухэм, егъэджэныгъэм, медицинэм, спортым. Къызэрыхагъэщащи, иужьрей илъэситхум къриубыдэу Дзэлыкъуэ районым IуэхуфI куэд щызэфIахащ щIэблэм хуэгъэзауэ: курыт еджапIэхэр, сабий садхэр яухуащ, жьы хъуахэр къагъэщIэрэщIэжащ. Сабийхэр гъэсэнымрэ ныбжьыщIэхэр егъэджэнымрэ тынш зыщI иджырей технологиехэмкIэ IуэхущIапIэхэр къызэрагъэпэщащ. Зыхуей хуагъэзащ ЩэнхабзэмкIэ унэхэр, спорт IуэхущIапIэхэр, сымаджэщхэр, библиотекэхэр. Мы зэманым яухуэ щIалэгъуалэ IуэхущIапIэ. Къуажэхэм щыIэ псы бжьамийхэр зыхуей хуэгъэзэжыным, цIыхухэм псыр ярикъуу ялъэгъэIэсыным елэжьащ. Гулъытэ лей хуащIащ гъуэгухэм - ахэр яухуащ е зыхуей хуагъэзащ, уэрамхэр уэздыгъэкIэ къагъэнэхуащ. Гъуэгум елэжьыныр иджыри зэпыуакъым. Районым щыпсэухэр зыщыгуфIыкI Iуэхугъуэщ къуажэхэм зыгъэпсэхупIэхэр къызэрыщызэрагъэпэщар. Абыхэм итщ сабийхэм зэрызытрагъэухэр – хъыринэхэр, къежэхыпIэхэр, тIысыпIэхэр, хагъэщхьэхукIащ велосипедкIэ къыщыбжыхь лъагъуэхэр. Паркхэр хуитщ, гъэщIэрэщIащ, къабзэщ.
Поделиться:
Читать также:
26.09.2026 - 09:00 →
ИрагъэкIуэкIащ къызыхуэтыншэрэ шынагъуэншэу
25.09.2026 - 12:26 →
Дохутырхэр КъБР-м щызэхуэсащ
12.09.2026 - 12:46 →
Хабзэхэр зэрагъэзащIэм кIэлъоплъ
05.09.2026 - 10:25 →
Аруан щIыналъэм и зыужьыныгъэр
11.07.2026 - 12:00 →
Хабзэхэм щыхэплъащ, зэхъуэкIыныгъэхэри халъхьащ
| ||




