Щолэхъужьыр шэ пIащэрыуэт

Еджэгъуэ зэманым IэщIагъэ-щIэныгъэ зэбгъэгъуэт къудейкъым. Ар иджыри сэбэп зыпылъ куэд къыщыпщIэ пIалъэщ. Адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ хуеджэ студентхэм ди зы гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэр дэ тедухуауэ щытащ щхьэж и къуажэ IуэрыIуатэ щызэхуэхьэсыжыным. Абы щыщу стхыжахэм ящыщ зыт Щолэхъупщым и уэрэдымрэ абы къыдекIуэкI хъыбарымрэ. Нобэ ар дигу къэдгъэкIыжыну ди гуапэщ.
Щэджащэу ди Щолэхъужь,
ЛIыхъужьхэмэ уранэхъ хахуэт.
ХахуэкIэрэ ди джатэрыжэ,
Жэрыбэри дэ къыдэзыт.
Зи тыгъэ гущэмэ щIэмыфыгъуэж,
Андзор и къуэкIэ Исмелышхуэ.
А махуэмэ Дулакъ и къуэжьым
ДжатэпэкIэ уныбгъэдохьэ.
Щэджащэм бгъэдыхьа шури
Пхэнейм трегъэпсыхэ.
ПащтыхьитIыр тахътэм щытесмэ
ДжатэпэкIэ закъезыгъащIэ.
А махуэм дунейгъэбжьыфIэт,
ХэщIапIэхэм ныщыпэрытт.
Мыхъурыжьурэ чыданэ Iэпщэри
А махуэмэ тхуэзыгъэгъуазэ.
Хур пщащэхэр зи нэрылъагъу,
ПщIэгъуалэм лъыпсыр йожэх.
ЗэуапIэр къытхузэхешэ,
Къутасым лъыхэр хебгъашэщ.
Къэбэрдейми ди пхъэр пэрышэ,
Пашагъым и гъуазэ пэжт.
Уойрэ, Къурату лIыхъумэ
Жансит и къуэкIэ ди Мырзэбэч.
Мэчарэ и къуэкIэ Созэрыхьэшхуэ,
И зы гум шэр хрегъасэ.
Щолэхъужьыр Iэпхъуамбэ пIащэт,
Щолэхъужьыр шэ пIащэрыуэт.
Талъостэнхэ Тепсэрыкъуэ и къуэ Щолэхъу къыщалъхуащ икIи щапIащ и адэшхуэм IэщIэлъу щыта щIапIэжьым, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Урыхупсымрэ Арщыдан псыжь цIыкIумрэ я зэхуакум, ИпщэкIэ - къурш дыхьэпIэхэм еуалIэу, ищхъэрэкIэ - Тэрч и Iуфэм еуалIэу. И адэр щылIэм, быным я нэхъыжь Щолэхъу и адэ Хэкум тепщэ щыхъуащ. Ар къыщIыхэдгъэщхьэхукIыр мыращ: Абазэм къикIыу Идар, Талъостэн, Беслъэн, Джылахъстэн сымэ пщыуэ къыщыкIуам щыгъуэ, хэкур зэпагуэшри зи гугъу тщIа щIыпIэр Талъостэным иубыдат. Осетинхэр къуршым къызэрыдэкI-зэрыдыхьэж, Дарьял дыхьэпIэр хэту, Талъостэным иубыда хъури, арыххэу осетинхэр и блэгущIэт хъуащ. Осетинхэр къуршым къыдигъэкIынуми къыдимыгъэкIынуми хуиту Талъостэным тепщэныгъэр иубыдауэ щытащ. Талъостэн лIэри, и къуэ Тепсэрыкъуэ тепщэныгъэр IэщIыхьащ. Тепсэрыкъуэ лIэри тепщэныгъэр Щолэхъужьым иубыдащ. Щолэхъу а и адэм и щIапIэм ису и тепщэгъуэ зэманырщ, дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа «Щолэхъу» шы лъэпкъыр къыщигъэхъуар.
Щолэхъу къыдэкIуэтейуэ лIыпIэ щиувэм, пщы нэхъыжьыпIэ щIэзэууэ хуежьащ. 1589 гъэм, пщы нэхъыжьу тета Къанибулэтыпщыр лIа нэужь, Щолэхъу езым къыбгъэдэкIыу лIыкIуэхэр Мэзкуу игъэкIуауэ щытащ, Урысейм пэжыгъэкIэ зэрыгуэтыр жригъэIэну, пщы нэхъыжьуи зыхригъэхыну. Урысейри абыкIэ арэзы хъунут, ауэ а зэманым ирихьэлIэу Бахъсэн дэсхэм щыщу, Беслъэн ПцIапцIэ и къуэрылъхухэр куэд зэрыгъэхъури лъэщ хъуауэ щытти, абыхэм ящыщ Къетыкъуэ и къуэ Аслъэмбэч хахащ. (Мыбдежым зэхэгъэгъуэщэн хуейкъым: Беслъэн ПцIапцIэ къытепщIыкIа пщыжьхэм Къетыкъуэ я цIэу тIу, абыхэм я къуэу Аслъэмбэч я цIэу тIу зэрыщыIар. Япэрей Къетыкъуэр Беслъэн ПцIапцIэ и къуэт. ЕтIуанэрей Къетыкъуэр Къазий и къуэ Жамбулэт и къуэт. А Жамбулэтым иIащ къуищ - Бэчмырзэ, Къетыкъуэ, СулътIан-Алий. «Бекмурзин», «Кайтукин», жаIэу иужькIэ зызыгуэша лъэпкъитIыр а зэкъуэшитIым я цIэхэм къатекIащ).
Иджы Къетыкъуэхэ я къуэ Аслъэмбэчхэ я деж дгъэзэжынщи – япэрей Къетыкъуэ и къуэ Аслъэмбэчыр XVII лIэщIыгъуэм псэуащ, етIуанэрей Къетыкъуэ и къуэ Аслъэмбэчыр XVIII лIэщIыгъуэм псэуащ, Къэзанокъуэ Жэбагъы зыдэлэжьар арщ. Аращи, Къетыкъуэ и къуэ нэхъыжь Аслъэмбэч, Беслъэн ПцIапцIэ и къуэрылъхур, Къанибулэтыпщыр лIа нэужь, пщы нэхъыжьу хахауэ щытащ. Ауэ ар илъэс иримыкъу темытауэ лIэри, абы и шынэхъыщIэ Жансэхъу хахащ, а 1589 гъэ дыдэм. Жансэхъу зэрытеувэххэу пщырэ уэркъыу Хэкум ису хъуар зэхуишэсри зэIущIэшхуэ ищIауэ щытащ, абы унафэ къащригъэщтат, урысейм пэжыгъэкIэ гуэтыну. Ауэ а зэIущIэм Щолэхъуи и цIыхухэри екIуэлIакъым. Щолэхъу езыр пщы нэхъыжьу зэрыхамыхам щхьэкIэ, Тырку лъэныкъуэмкIэ екъу хъуащ. Урысейр хущIэкъурт Щолэхъур и лъэныкъуэ къищIыну, Дарьял къурш дыхьэпIэр зэриIыгъым щхьэкIэ, арщхьэкIэ Щолэхъу езыр пщы нэхъыжьу темыувэмэ, зыри зэхихыну хуейтэкъым. Щолэхъурэ Пщыапщокъуэ и къуэ Къазийрэ – пщы гуащIитIым я пщыгъуэ зэманыр зэрихьэлIауэ зэрыгъэпщтэкъым - зэрыгъатхьэтэкъым. «Щолэхъупщыр махуэм минрэ и жыр джатэм къродалъэ, Къазиипщыр къыпэдэлъэжурэ ди щхьэр фIагъащIэ», жеIэ а зэманым яуса, Нэгумэм итхыжа «Къулъкъужын уэрэдым». ИкIэм Идархэрэ Къетыкъуэхэрэ къатепщIыкIахэр зэгухьэщ, Терки къалэм дэс къэзакъхэм елъэIури, ахэри я гъусэу, Щолэхъу и IэмыщIэм илъ къуажэхэм ятеуэри къуажэ щэщI ягъэсащ, мылъкур зэрапхъуащ. Щолэхъужьыр ирагъэзри и бынхэм ящыщ анэмэту Терки къалэм ирырагъэтауэ щытащ, ауэ ари сэбэп хъуакъым, Къэбэрдейр зыуэ зэгуэгъэхьэжын щхьэкIэ.
Урысейр и дэIэпыкъуэгъуу, Темрыкъуэ и къуэ Мамсырыкъуэ теувэну хуежьат, ауэ ари и къуэшри Къазий иукIри, абыхэм я цIыхухэри, езым и цIыхухэри и гъусэу Псыжь лъэныкъуэ Iэпхъуащ. А зэрызехьэр къигъэсэбэпри, Щолэхъу XVI-XVII лIэщыгъуитIыр щызэпыхьэм пщы нэхъыжьу яфIытеуващ, ауэ Урысейм абы и пщы нэхъыжьыгъэр къищтакъым.
Къэбэрдей пщыжьхэр а зэман жыжьэм пщыгъэм щхьэкIэ зэныкъуэкъу-зэрыукIыу щыта пэтми, «ем деж бжьэдыгъухэр зэшщ» жыхуаIэм хуэдэу, Къэбэрдейм гужьеигъуэ къызэрылъысу, лIыгъэ зэрахьэу, зэгъусэу зэдэзауэу я адэ Хэкужьыр зэдахъумэжу щытащ. 
Нэгумэм етх: «Пщыхэм ящыщу Талъостэн Щолэхъу и адэкъуэшым и къуэхэм яхэкIыну мурад ищIащ, ар зэрахэкIыну щIыкIэу яхуигъэувар адрейхэм къащтакъым. Абы иужькIэ илъэс зыкъомкIэ гъунэгъу лъэпкъхэм къыщикIухьащ; икIэм-икIэжым и мурадыр къызэремыхъулIам иризэгуэпри, гъунэгъу лъэпкъхэм ятеуэурэ я шы табынхэмрэ я Iэщхэмрэ къатрихрэ къихуу, ар дэнэ къэна, гъэру цIыхухэр къихуурэ и гупым хэт уэркъхэм пщылIу яхуигуэшу щIидзащ. А псом ищIыIужкIэ, зи пIэм имызэгъэж Щолэхъупщ пагэм къэйгъэ къахилъхьэурэ куэдрэ лъэпкъыр игъэпIейтеящ. Абы и IупэфIэгъу уэркъхэм старшынэ зыкъомыр къагъэдэIуауэ Къэбэрдейр гуэшын хуейуэ абыхэм ечэнджэщырт. АбыкIэ старшынэ зыкъом арэзы хъури, зыми емыпсалъэу, зыIэщIэлъхэм я арэзыныгъэ хэмылъу, я къуажэхэр я гъусэу Талъостэнхэ я лIакъуэхэм я лъэныкъуэ защIащ, икIи Щолэхъупщым ахэр Тэрч иришри, абы и ижьрабгъу лъэныкъуэм щытIысащ. А Iуэхугъуэр екIуэкIащ зы пщы гуэрми и пэрыуэныгъэ хэмылъу. А Iэпхъуахэр зэрытIысхьа щIыпIэм иджыри ДжылахъстэнейкIэ е ТалъостэнейкIэ йоджэ. Ауэ Талъостэн Щолэхъупщ деж дгъэзэжынщ. Ар Джылахъстэнейм япщ хъуащ. МыдэкIэ Жанхъуэтхэ Къетыкъуэпщымрэ пщы Тохъутэмыщымрэ къатехъукIыжахэмрэ Идар и къуэхэмрэ Къэбэрдеишхуэм къинащ.
Зыпэмыплъэххарати, къалмыкъхэмрэ тэтэрхэмрэ цIыху минищ хъууэ, Къэбэрдейм къытеуащ; къуажэхэр ягъэсащ, шы табынхэр Iуахуащ, цIыху куэд гъэру здахури кIуэжащ. А Iуэхугъуэр етIуанэ махуэм къэбэрдейхэм къыщащIэм, хэплъыхьауэ Къэбэрдейм шу мин, Джылахъстэнейм шу щитху къыхашащ, Щолэхъупщ пагэм IэщIалъхьэри кIэлъаутIыпщащ. МаджаркIэ зэджэ щIыпIэм деж абыхэм зыщагъэпсэхуу щысу пщым и шуудзэр и гъусэу етIуанэрей махуэм щалъэщIыхьащ. Щолэхъупщыр бийм кIий-гуо шынагъуэкIэ яхэлъэдащ. Абы игъэщта къалмыкъхэм къахъунщIахэмрэ езым я хьэпшыпхэмрэ хыфIадзэри щIэпхъуэжахэщ. Щолэхъупщым бийм къатрихыжа мылъкум шу щитху и гъусэу Къэбэрдейм къиутIыпщыжри, езыр шу мин и гъусэу щIэпхъуэжа бийм якIэлъежьащ, етIуанэу губгъуэшхуэм щащIыхьэри, зауэ гуащIэм щIадзащ, цIыху куэди яхиукIыкIащ. Махуэ зыкъом дэкIауэ, къалмыкъхэм дзэщIэкIэ зыкъызэрагъэпэщыжри къэбэрдейхэр къаувыхьащ, икIи къэбэрдеидзэм я нэхъыбэр а щIыпIэм щагъэгъуэлъащ, Щолэхъупщри яхэту. А зауэм псэууэ къелахэм Къэбэрдейм къагъэзэжащ. Зыкъомым зэрыжаIэмкIэ, а зауэм Щолэхъупщыр гъэр щыхъури, иужькIэ къащэхужащ, адрейхэм зэрыжаIэмкIэ, ар а зауэм хэкIуэдащ».
Щолэхъупщыр а зауэм хэкIуэдар пэжкъым, ар зауэ псоми къелауэ, жьы дыдэ, набгъэ хъуауэ и ажалкIэ дунейм ехыжауэ хъыбархэм къахощ. Щолэхъу и къуэ Къэрэщей и пщыгъуэ зэманми, Щоджэнокъуэ Алыджыкъуэпщым и пщыгъуэу Джылахъстэнейр къыщизэуами, Щолэхъужьыр жьы дыдэ хъуауэ псэуащ. Щолэхъужьым и малъхъэ Мудар Хьэфэ гъэпцIагъэкIэ Къэрэщейр къыщиукIам щыгъуэ «щIэм и мыгъуэщ, жьым и гъуэджэщ» жиIэу Щолэхъужь лIыжьыр щыгурымар абы щыгъуэщ. Езыр илъэси 100-м щIигъуауэ лIыжьт, и къуэрылъху Тепсэрыкъуэ и адэм илъ ищIэжынкIэ сабиищэт.
Щолэхъур ящыщщ, езыр псэууэ уэрэд зыхуауса лIыхъужь зытIущым. Уэрэдыр хуэзусахэр, шэч хэмылъу, езы Щолэхъу и гъусэу къэзыкIухьу щыта и гупырщ. Уэрэдыр лыхъужьыгъэрэ хахуагъэкIэ гъэнщIащ и псалъэкIи и макъамэкIи. Щолэхъу и дуней тетыкIамрэ зэрихьа хахуагъэмрэ къагъэлъэгъуэн щхьэкIэ уэрэдыр зэхэзылъхьахэр я псалъэ дахэ еблэжакъым.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: