Езым и тхэкIэ иIэжщФокIадэ мазэм къалъхуа цIыху зэчиифIэхэм ящыщщ урысыбзэкIэ тхэ иджырей къэбэрдей усакIуэ, тхакIуэ, зэдзэкIакIуэ Мамышэ Владимир (литературэ цIэ лейр Ладо Местич). Курыт еджапIэр 1976 гъэм Тырныауз къыщиуха нэужь, и сабиигъуэм къыщыщIэдзауэ сурэт щIыным зэрыдихьэхым къыхэкIкIэ, ар Мэхъэчкъалэ дэт училищэм щIотIысхьэ икIи ар «сурэтыщI-оформитель» IэщIагъэр иIэу 1983 гъэм къеух. Илъэс зыкъомкIэ а IэщIагъэм ар иролажьэ, 1991 гъэм - «Северный Кавказ», иужькIэ «Горянка» газетхэм я корреспондентщ. Усэ тхын щыщIидзар 1990 гъэхэрщ. Абы и япэ поэмэр – «Хы Iуфэм Iут шхапIэр» тхылъ щхьэхуэу «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм 1991 гъэм къыщыдэкIащ. «Романтикэм итхьэкъуа Юлиадэ» поэмэр хэту абы и усэхэр щызэхуэхьэса тхылъ 1994 гъэм дунейм къытехьащ. 2000 гъэм къыщыщIэдзауэ ар «Литературная Кабардино-Балкария» журналым жэуап зыхь и секретару лэжьащ, иджы и редактор нэхъыщхьэщ.
А илъэсым щегъэжьауэ абы Къэбэрдей-Балъкъэрым и усакIуэхэм я тхыгъэхэр урысыбзэкIэ зэредзэкI: ЩоджэнцIыкIу А., Макитов С., Къагъырмэс Б., Хьэх С., Жылэтэж С.
А зэманхэм абы усэкIэ етх «ЩакIуэм и унэ цIыкIу» пьесэр, ар теухуащ 20-нэ лIэщIыгъуэм и кIэуххэм къэхъуа Iуэху зэхэмыбзхэм. Ар хуабжьу игу ирихьащ режиссер Дзутагов К. икIи «Литературная Кабардино-Балкария» журналым къытехуащ.
2004 гъэм тхакIуэм и рассказхэр щызэхуэхьэса «ЦIыху псэукIэ» тхылъыр къыдэкIащ, «Литературная Кабардино-Балкария» журналым къытрадзащ абы и «Гош» рассказыр. Зэ еплъыгъуэкIэ къыпщыхъунущ ар иджырей щIалэгъуалэм теухуауэ. Ауэ абы хэлъщ гу зылъумытэ тхакIуэм и гурыщIэ щэхухэр. Абы и лIыхъужь Гъуэшыр и хэкум зыщыIууэ мыхъумыщIэхэм хуэдэ дыдэхэм нэгъуэщI къэралхэми щыхуозэ: глобализацэм и зэранкIэ къэрал гъунапкъэхэр зэIухащ, цIыхухэмрэ лъэпкъхэмрэ я псэукIэр зы жыпхъэм итщ, ахэр зэрызэщхьэщыкIыр мылъку ябгъэдэлъымкIэщ. Нэхъыбэу тхакIуэм и нэIэ зытригъэтыр гъащIэм и ныкъусаныгъэхэрщ, ахэри къызэригъэлъагъуэр ауанкIэщ. Абы и щапхъэщ мыр: Гъуэшым къелъыхъуэ игу ирихьа хъыджэбзыр, Асгерд, ар Стокгольм къалэм къыщегъуэт, ауэ ар мыхъу-мыбзу къыщIокI. Ди зэманым и нэпкъыжьэ куэдым тхакIуэм и гугъу ещI - дыгъуэгъуакIуэм зэрызиужьам, цIыхугъэр зэрыкIуэдам, къызэрыгуэкI цIыхухэр къулейсыз зэрыхъуам. ЛIыхъужьыр зи яужь ита хъуэпсапIэхэр, лъагъуныгъэр мэлъэлъэж, плъапIэ, лъагъуныгъэ къабзэ иIахэр зыхэт гъащIэм щызэригъэхъулIэфыркъым. Абы и гум щекIуэкI зэпэщIэувэныгъэхэр постмодернизмэм и хабзэхэм тету еух.
Апхуэдэ дыдэу зэгъэдзэкIауэ къыщIокI пасэм абы иIа Iуэху еплъыкIэхэр. Псалъэм папщIэ, Гъуэшыр гъэунэхупIэ хьэлъэм щихуэм, абы ныбжьэгъу къыхуэхъур, сыткIи зыкъыщIэзыгъакъуэр Украинэм щыщ хъыджэбз щхьэ псынщIэрщ. ТхакIуэм сытым дежи фIэкъабылкъым пасэрей зэхэщIыкIхэр, тхылъ еджэхэр абыхэм пэIэщIэ зэрищIыным яужь итщ. Рассказым щызэпэщIэтщ пасэм щыIа зэхэщIыкIхэмрэ глобализацэмрэ, ауэ ахэр зэпэщIэувэркъым. Хабзэжьхэмрэ глобализацэмрэ зэхамэкъым, ахэр къызэдогъуэгурыкIуэ. Ауэ Мамышэ В. и дежкIэ нэхъыщхьэр цIыху гурыщIэ къабзэрщ. Абы къызэрилъытэмкIэ, лъэпкъым и тхакIуэм и лъабжьэр нэмысырщ, ар яхуэхъумэмэ, глобализацэми и Iуэху дэкIыну къыфIощI. А гупсысэр рассказым щыпхышащ, ар абы и пэщIэдзэм щыгъэбелджылащ.
Мамышэ В. и нэIэ нэхъ зытетыр «ЦIыхухэм я общежитие» тхылъым зи гугъу щыщIа Iуэхухэрщ, «Мартэ», «Барондом», «ФIыуэ плъагъу шынагъуэ» рассказхэмрэ «Iэфиян зэхэзылъхьэхэм я тхыдэ» повестымрэ зыхыхьэрщ. А тхыгъэхэм лъабжьэ яхуэхъуар насыпыншагъэщ, ауэ ахэр гушыIэ, щIэнэкIалъэ хуэдэурэ къеIуэтэж. Езы тхакIуэм и нэ жаныр куууэ хоплъэф нобэрей гъащIэм и щытыкIэм, абы щыпсэу цIыхухэм, нэм къыщIимыдзэу абы щекIуэкIым, хэт лIыхъужьхэм я гъащIэр зэраубзыхухэм.
«ЦIыхухэм я общежитие», «Мартэ», «Барондом» тхыгъэхэм къыщыхъухэр щекIуэкIыр студентхэм я общежитиерщ. Совет лъэхъэнэм и зэманхэм литературэм и лIыхъужь нэхъыщхьэу щытар общежитием щIэсхэрщ, абыхэм я хъуэпсапIэ нэхъыщхьэхэри къалэм дэсыну хуит ящIынымрэ зыщIэсын унэ яIэнымрэщ, хъыджэбзхэм я дежкIэ унагъуэ яухуэнырщ. КъэкIуэным куэдкIэ щыгугъыу Кировым и заводым къакIуэ ныбжьыщIэхэм я гугъапIэхэр мащIэ-мащIэурэ яфIолъэлъэж, Барондом и щхьэлым зэхехьэжэ, абыхэм языхэзри къыпхуэмыцIыхужыну гъащIэм ехъуэж. ТхакIуэм пэжу къегъэлъагъуэ Барондомым и псэукIэмрэ щызекIуэ хабзэхэмрэ, ахэри белджылыуэ щыхьэт тохъуэ псори мащIэ-мащIэурэ гуэл куум зэрыщIэтIысыкIыр.
Зи гугъу тщIа рассказхэм тхыгъэр зи IэдакъэщIэкIым и нэмыплъыр хэпщIыкI къудейуэ къыхэщмэ, «ФIыуэ плъагъу шынагъуэм» новеллэм и пэщIэдзэм абы лъагэ дыдэу зыщеIэт, залымыгъэ зэрыщыIэр ибзыщIыркъым.
ГъащIэм и зы лъэныкъуэ щэнхабзэр, пыухыкIауэ жыпIэмэ, журналистикэр егъэлеяуэ щIэнэкIалъэ щыщIащ тхыгъэ щхьэхуэхэм. ТхакIуэм и зы новеллэм и лIыхъужь нэхъыщхьэщ Прянич Константин Моисей и къуэмрэ абы и щхьэгъусэ Дулепинскэ Яромирэрэ. А тIури щолажьэ «Пэж, абы нэмыщI зыри» газетым. Ауан зыхэлъ фIэщыгъэ иритым, сюжет къызэрыкIуэм къыщыщIэдзауэ, абы лъабжьэ хуэхъур а лIыхъужьитIым я зэхущытыкIэ дыхьэшхэнхэрщ, а тхыгъэм зэрыщыту ауан щыщIащ къалэм и псэукIэр.
«Афиан зыхэзылъхьэм и хъыбар» повестым Iуэхур щекIуэкIыр диспансерырщ, ар зыкъомкIэ ещхьщ «цIыху общежитием». А IуэхущIапIэм къыщIэхуэхэр щхъухь зэзыхьэлIэхэрщ, ар абыхэм унэ яхуэхъуащ. А гъащIэм а «лIыхъужьхэм» зыри къыхуеижкъым, ахэр псоми IэщIыб ящIащ. А унэм иIэщ езым и хабзэхэр, псэлъэкIэ, Iуэху еплъыкIэхэр. Барондомми ещхьу, мыбы лъэпкъ куэд щопсэу. Абыхэм языхэзми гъащIэ гъуэгу хьэлъэ къикIуащ, ауэ клиникэмрэ абы и блынхэмрэ псори зэрашалIэ, зэкъуэт ящI.
Мамышэ В. усэным хуэIэкIуэлъакIуэщ, абы и тхыгъэхэм гушыIэм щIыпIэшхуэ щаубыд, и Iэзагъыр зэрыригъэфIэкIуэным иужь итщ. Усэм абы хилъхьэ псалъэщIэхэр гъэщIэгъуэнщ, нэхъыбэм ахэр епхащ абы и къарур егъэфIэкIуэным; абыхэм нэхъ щIэщыгъуэ ящI къигъэсэбэп зэгъэпщэныгъэхэмрэ метафорэхэмрэ я зэфIэкIыр.
Тхэну япэ щыщIидза зэманхэм Мамышэ В. усакIуэ нэсу зэрыхъунур белджылы къэхъуащ. Абы и тхыгъэхэр газетхэм куэдрэ къытехуэрт. 1996 гъэм дунейм къытехьащ абы и «Романтикэм итхьэкъуа Юлиадэ» поэмэр. Юлиерэ Ромэрэ иужьрей я лъагъуныгъэм и хъыбарыр совет къэралыгъуэ кIуэдам ипIэ къиува капитализм хабзэншэм хэгъэзэгъащ.
Мы авторым и тхэкIэм гъэщIэгъуэнагъ зыбжанэ хэлъщ: абы и усэхэм хегъэхьэ хамэбзэ куэд, тегъэщIапIэ ещI античнэ литературэр. ТхакIуэхэм ахэр щIищIэр щIэнэкIалъэм и зэфIэкIыр иригъэфIэкIуэнырщ.
УсакIуэм и Iуэху еплъыкIэр зыщIэлъ и усэхэм ящыщ зыщ «Ярым деж». Абы егъэлеяуэ Iэтауэ икIи щIэнэкIалъэ хэлъу щытопсэлъыхь литературэм и тхэкIэ нэхъыщхьэ щыIахэм. Аттикэ, Готикэ, Ренессанс, Барокко, Романтизм, Реализм, Модерн – ахэрщ усакIуэм ауан ищIхэр. Иужьрей сатыриплIыр абы Постмодерным треухуэ.
Езы усакIуэм гъащIэр зэрилъагъур постмодернистхэм я еплъыкIэм тетущ. Ауэ, гъэщIэгъуэнращи, а тхэкIэри абы фIэкъабылыщэкъым.
Мамышэ В. и творчествэм бжьыпэр щызыIыгъыр щIэнэкIалъэ хэлъу гъащIэм бгъэдыхьэнырщ. ЩIэнэкIэныр, ауан щIыныр къигъэсэбэпурэ абы къегъэлъагъуэ цIыхум нэмысыр зэрыфIэкIуэдар, гъащIэм мыхьэнэ щIагъуэ зэримыIэжыр.
Поделиться:
Читать также:
12.10.2026 - 15:57 →
«Сыщытхэм, дамэ стетым хуэдэт...»
12.10.2026 - 14:26 →
«Нанэ и бзэ, дадэ и бзэ» тхылъыр зытха бзылъхугъэр
07.10.2026 - 17:00 →
Гюлибик
29.09.2026 - 15:00 →
Бгырысхэм я джакIуэ
28.09.2026 - 17:00 →
Хьэ-сыхьэт
| ||




