ГъащIэ щызыгъэIэ

Урысей Федерацэм Мэзым и лэжьакIуэхэм я махуэр зытраухуар фокIадэм и ещанэ тхьэмахуэ махуэрщ, нэгъуэщIу къэдгъэлъагъуэмэ, и 15-м къыщыщIэдзауэ и 21-ри хыхьэущ (дызэрыт гъэм елъытауэ). 2026 илъэсым ар зытехуэр, зэрынэрылъагъущи, фокIадэм и 20-рщ.

Мы махуэр щIагъэлъапIэ щхьэусыгъуэхэм ящыщщ дызыхэпсэукI Iэхэлъахэм, зэрыщыту къатщтэмэ, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъ ин дыдэхэм хабжэ, пасэ зэманыжь дыдэхэм я деж къыщегъэжьауэ псэущхьэхэми цIыхухэми къагъэсэбэп мэзыр ди планетэм темыбзэхыкIыжыным зи къару тезыгъэкIуадэхэм пщIэ лей зэралъысыпхъэр къыхэгъэщыныр.

«Мэзым и лэжьакIуэхэр» псалъэ зэхэтымкIэ къагъэлъагъуэр мэзхъумэхэм я закъуэкъым, атIэ жыгхэр зэрыт щытыкIэр зыхуэдэр зэхэзыгъэкIхэри, ахэр зыхуей хуэзыгъазэ ботаникхэри, дендрологхэри, экологхэри, нэгъуэщIхэри къызэщIрагъэубыдэ.  

БлэкIа гъунэгъум щыщу

Совет Союзу щытам 1977 гъэм и фокIадэм мэзым ехьэлIа хабзэр къыщащтат. АтIэми, Мэзым и лэжьакIуэхэм я махуэр гъэлъэпIэныр япэу къыщыхалъхьауэ къалъытар Мэкъумэш IуэхущIапIэхэм я европей зэгухьэныгъэм 1971 гъэм зэхишауэ щыта и зэхуэсышхуэрт.

Урысей Федерацэм 2007 гъэм щыхагъэунэхукIа Мэз кодексыщIэм къэралым ит жыг гуэрэн псори лIэужьыгъуищу игуэшат. Япэ гупым храгъэубыдар гъунэгъу захуэпщIынуи ущIэтынуи уи гукъыдэжым хуабжьу зезыгъэIэт жыг къекIухэр зыхэтхэрщ, кIэлъыкIуэм халъытар пхъэ къызыхаххэрщ. ХасагъащIэу зыщысхьхэр – ещанэщ.

УФ-м и щIыгум хуозэ пхъэ къызыхах мэзхэу ди планетэм узыщрихьэлIэм я Iыхьэ плIанэр. Ар, дауи, къызэрымыкIуэу беягъэшхуэщ, къагъэщхьэпэн зэрыхуейри зэгъэзэхуауэщ. Къыхэдгъэщынщ, Хэкушхуэм и мэз гуэрэнхэм я нэхъыбэм псей жыг лъэпкъыфIхэм зэрызыщаубгъуари.

ЗэрыжаIэжымкIэ, зэман блэкIа жыжьэхэм мэзхэм пщIэшхуэ щаIащ. Ди япэ псэуахэми зыхащIэрт ахэр дагъуэншэу ибупщIыкIыным къишэнкIэ хъуну тхьэмыщкIагъэр зыхуэдэр. АтIэми, дызытепсэлъыхь махуэми нэхъыбэ дыдэу дыкъызыхуриджэр «жыг къэбгъэуа - абы и пIэ нэгъуэщI хэсэ» жыхуиIэрщ.

Бжыгъэхэм ятетщIыхьмэ

ЩIы Хъурейм и щхьэфэм и Iыхьэ щанэм нызэрыхьэсыр, е нэгъуэщIу жытIэмэ, километр зэбгъузэнатIэ мелуан 38-м нэблагъэр, жыг гуэрэн Iувхэм яуфэбгъуащ. Абыхэм я Iыхьэшхуэр тропик хуабапIэхэм къыщыкIхэрщ, я Iыхьэ плIанэм узыщыIущIэр ди планетэм и ищхъэрэ лъэныкъуэмкIэщ.

Зэрыщыту къатщтэмэ, Урысей Федерацэм и щIыгум и процент 47-р мэзхэм щIахъумащ, е нэгъуэщIу къэдгъэлъагъуамэ, абыхэм гектар мелуан 795,4-рэ (километр зэбгъузэнатIэ мелуани 8-м нызэрыхьэсыр) къызэщIаубыдэ. Ди къэралым щыIэщ ЩIы Хъурейм мэзу тетым я процент 21-м нэблагъэр. Ар дэнэ къэна, апхуэдиз мафIэс къызэрыщыхъуу, ди къэралым 2001 гъэм къыщегъэжьауэ 2025 гъэр и кIэм нэблэгъэху, мэзхэм яуфэбгъуа щIыналъэм гектар мелуан 85-м нэблагъэ къащыхэхъуащ.  

КъытхуащIэм къыпытщэу

Мэзым уи Iэпкълъэпкъыр нэхъ щыщIокI, ущIэтынкIи, арыххэу къыщыпкIухьынкIи зэрыфIым гу лъыботэ. Пэжщ, апхуэдэм уехъулIэн папщIэ, жыг гуэрэныбэм ущIэлъадэу укъыщIэжыжкIэ зэфIэкIыркъым, атIэ узрихьэлIэм къуат псэтыншыгъуэм и зы «къуапи» зыхэпщIэн щхьэкIэ, къызэрабжамкIэ, нэгъуэщI мыхъуми сыхьэт ныкъуэм къыщыщIэдзауэ сыхьэтым нэблагъэкIэ къыщыпкIухьын хуейщ, ихъуреягъкIэ къыщылъ дахагъэми гу зэрылъыптэным ухущIэкъупхъэщ.

Мэзхэм щыжьэдэпшэ жьыри, адрей щIыпIэхэм елъытауэ, куэдкIэ нэхъ щынэхъгурыхьщ. «ЩIы Хъурейм и тхьэмбылщ» зыхужаIа жыг гуэрэнхэм я «пщэрылъ» нэхъыщхьэри аращ – жьым хэт сабэр, узыншагъэм хуэмыщхьэпэ пкъыгъуэхэр гъэсеинырщ, абыхэм я пIэкIэ я тхьэмпэхэм лъышэ (кислород) къабзэр дунейм къытрагъэхьэнырщ.

Ауэ, итIани дэщIыдгъужынщи, ЩIы Хъурейм гъащIэ зэгъ щыгъэIэным теухуауэ, зи гугъу тщIа IуэхугъуэфIхэм я закъуэкъым мэзхэм ялъэкIыр.

ЦIыхухэм и узыншагъэм нэхъ зэрыхуэкIуэну, жыг гуэрэныбэхэм дунейм и щытыкIэми зрагъэхъуэж. Псалъэм и хьэтыркIэ, зэрыжытIащи, щхъуантIагъэм зэщIигъэна жыгхэм гъунэгъуу ябгъэдыхьэм зэуэ зыхищIэнущ, зыщумыгъэнщIыфу а щIыпIэм зэрыщыбэуэгъуафIэми, махуэр щыхуэбаем щIыIэтыIагъэ гурыхькIэ къызэрегуэпылIэми. Мэзым жьышхуэхэми я къарум кIэрегъэху, уафэм кърипхъых уэсри, уи пщэм къыдэмыщащэу, зэтреIыгъэ, уэшх дыдэри уи деж къыщысыр зэман дэкIауэщ.

Мэзыр дапщэщи хуэхьэзырщ къыщыкI пхъэщхьэмыщхьэхэмрэ узыншагъэм сэбэп хуэхъу удзхэмкIэ къызэрыдэтэным. А къэщIыгъэ телъыджэм пасэм псэуахэм «пащтыхьым хуэдгъэдэну бейщ» хужаIэрт. Жыгхэм я къудамэ нэгъунэ тхылъымпIэ къахэпщIыкI зэрыхъум къыхэкIыу, хуей дэтхэнэми IэкIэ зэгуэпх хъу тхылъхэр зыIэригъэхьэфынущ, дэрбзэрхэм къагъэщхьэпэ гипоаллерген щэкIыр къызыхащIыкIри, унэлъащIэ дэгъуэхэм жыгым и мэр къапезыгъэхри аращ, псэупIэ зыкъизыххэр ирищызэтрагъэуви дрохьэлIэ. Жыгхэм къызыхагъэкI нэрымылъагъу лъэщагъри цIыхум и узыншагъэм дежкIэ сэбэпщ.

КъризэщIэткъуэжу дгъэбелджылынщи, дыпсэуфынутэкъым мэзхэр щымыIатэмэ. Къыхэдгъэщыну ирикъунщ, жыг нэхъ цIыкIум и закъуэ жэщ-махуэм къриубыдэу цIыхуищым зыжьэдашэ лъышэр къызэрызыхиутIыпщыкIри. Мыдрейуэ, зы гектарым ит уэздыгъейхэм сабэу тонн 40-м нэблагъэ зэщIашэ. Мэзым зыIэщIеубыдэ гъатхэ уэсыр щыткIужкIэ куэдыщэу къызэрехьэжьэ псыIагъэр. Армыхъуамэ, я нэхъ псышхуэхэр къызэрымыкIуэу къиунут, арыншауи апхуэдэ къыщыхъу щыIэщ жыг гуэрэныбэ здомылъэгъуэж щIыпIэхэм. Гъэмахуэр къэсамэ, мэзхэм псы ежэххэм иратыж езыхэм куэдыжьу зэхуахьэса псыIагъэр - аращ ахэр зымыгъэгъужыр. Арыншами, гу зэрылъатауэ, мэз зэрымыт щIыпIэхэм псы ежэх нэхъ цIыкIухэр псынщIэ дыдэу щогъуж.

Мэзхэр хэщIапIэ яхуэхъуащ хьэкIэкхъуэкIэ куэдым, къуалэхэм, хьэпщхупщхэм, хьэпIацIэхэм, нэгъуэщIу къыхэдгъэщмэ, ЩIым и гущIыIум щызекIуэ-щызепщыпщэ, къыщызылъэтыхьхэм я процент 80-м нэблагъэм!

Къэбэрдей-Балъкъэрым илъэс зыбжанэ хъуауэ Iуэхугъуэ щхьэпэхэр къыщрахьэжьэ икIи щрагъэкIуэкI республикэм и мэзхэм «еIэзэным», къуажэхэмрэ къалэ округхэмрэ жыгыщIэ цIыкIухэр щыхэсэным, дэсхэр къэзыухъуреихь щхъуантIагъэр гъэбэгъуэн зэрыхуейм къыхуеджэным хуэгъэзауэ.

Аращи, ЩIым щыпсэухэр дыкъэзыхъумэ мэIуху щхъуантIагъэу псэ зыIутхэм хуагъадэ къэщIыгъэ телъыджащэр мыбзэхыжын папщIэ, жыг гуэрэн нэхъ цIыкIухэми мэзышхуэхэми фащысхь, къызэрызэтевгъэнэным фыхущIэкъу. Ахэр димыIэжмэ, ди планетэм гъащIэ щыщыIэныр фIэщщIыгъуейщ.

Тхыгъэри сурэтри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.
Поделиться: