Дахащэ къудей мыхъуу, бэшэчрэ къа­руу­фIэу

Ди лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ нэхъыщхьэм тхыдэм къыпхиша гъуэгуанэ екIум ди нобэри зэригъэбжьыфIэм и щыхьэтщ гъэм и кIыхьагъкIэ къыдах шыгъажэхэр, ди шухэм я ехъулIэныгъэхэр, езы шы лъэпкъыр елIалIэу зэрахъумэр. ГъущIыкIэм къыхэ­щIыкIа машинэхэмрэ кхъухь­лъатэхэмрэ дакъикъэ бжыгъэм узыхуей щIыпIэм узэрынагъэсым щхьэкIэ къэмынэу, псэкIэ зэрыщIэ адыгэлIымрэ адыгэшымрэ зэкIэрызычын щхьэусыгъуэ нобэр къыздэсым къызэрыкъуэмыкIам фIыкIэ узыщегъэгугъ. 

«Дэтхэнэ зы лъэпкъми и щхьэр лъагэу щIиIэт хъугъуэ­фIыгъуэ гуэр бгъэдэлъщ, - етх мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къагъырмэс Црай. - Адыгэхэм я дежкIэ ар - адыгэшырщ. Дуней псор къапщтэмэ, лъэпкъ зыбжанэщ щыIэр езым и цIэр шы лъэпкъым иритыфауэ. Иужь­рей зэманым къэбэрдей шы лъэпкъым хуащI гулъытэм фIыуэ щыхэхъуащ Хэкуми Европэ псоми. Ди шы лъэпкъыр къызэрыхъуам, дунейм тетыху ар цIыхум къызэригъэщхьэпам, абы адрей шы лъэпкъхэм емыщхьу хэлъ хьэлхэм нэсу тепсэлъыхьащ тхыдэтххэри, тхакIуэхэри, шыхъуэ-IэщIа­гъэлI­хэри. Ипполог цIэрыIуэхэу Красников Андрей, Бобылёв Игорь, Парфёнов Вадим сымэ, нэгъуэщI куэдми я лэжьыгъэхэм къыхощ ди шы лъэп­къым и лъапIагъыр.
Маршал Будённый Семён и унафэм щIэту ятха «Шым теу­хуа тхылъым» итщ: «Гуартэм хэту зэрагъасэм, бгылъэм къызэрыщрагъэкIухь зэпытым къэбэрдей шы лъэпкъым бгым щымыгъуащэу, къурш лъагъуэ­хэм сакъыу ирикIуэфу, ехыпIэ-дэкIуеипIэ задэхэр къытемы­хьэлъэу иригъэсащ, мывэкIэщхъми шы лъэгур къызэры­мыкIуэу быдэ ищIащ».
ЕпщыкIуханэ лIэщIыгъуэм и пэм къэбэрдеишыр къызэфIэувэпауэ Кавказ Ищхъэрэм щы­цIэрыIуэт, хуэмурэ абы и пщIэр а гъунапкъэм икIащ.
Къэбэрдейм 1793 - 1794 гъэ­хэм щыпсэуа нэмыцэ щIэныгъэлI Паллас Пётр-Симон итхы­жыгъащ: «Адыгэхэм дахащэ къудей мыхъуу, бэшэчрэ къа­руу­фIэу шыфIхэр ягъэхъу, мэжалIэри гугъуехьри яхуэхьу икIи жэрхэу». Адыгэшым теухуа ап­хуэдэ жыIэгъуэхэр куэд дыдэ мэхъу.
Къэбэрдей шы лъэпкъыр ауэ сытми къалъытэркъым адыгэ­хэм я набдзэу, лъэпкъ хъугъуэ­фIыгъуэу. Шы зехуэныр лъэпкъ IэщIагъэ хъуа нэужь, лIэщIы­гъуэ зыбжанэкIэ лъэпкъ зэмы­лIэужьыгъуэхэм яшхэр къагъэщхьэпэурэ къигъэхъуащ адыгэм и шыр: губгъуэм щагъэхъу шы лъэпкъхэм, хьэ­ры­пышым, карабах, къэжэр, тыркумэн, нэгъуей лъэпкъхэм зэрахуэ шыхэм ялъ къыхэлъэдащ. Кавказ псом щыцIэрыIуэт адыгэш зыгъэхъу Куэцэхэ, Къудащхэ, Щолэхъухэ, Трамхэ, Лафыщхэ, Лохэ, Абыкъухэ, Тамбийхэ, нэгъуэщIхэри.
Зи тхыдэр лIэщIыгъуэ зыбжанэм нэблагъэ адыгэшыр щыхьэт хуэхъуащ езыр зей лъэпкъыр зыпхыкIа гугъуехь псоми, ар зауэ-банэ, мылъку щыщIэныгъэ, нэгъуэщI гукъеуэ ирехъу. Аращ абы и зыужьыныгъэм и гъуэгум лъагапIэшхуэхэми кумбышхуэхэми ущрихьэ­лIэу щIыщытыр. 
1816 гъэм щегъэжьауэ 1910 гъэ пщIондэ къэбэрдейхэр уэру Тыркум щиIэпхъукIа зэманым унагъуэ 690659-рэ икIащ, нэрыбгэ 3102749-рэ хъухэу, я нэхъыбэр къэбэрдейуэ. 1864 гъэм и за­къуэ къэбэрдеиш зезыхуэ нэрыбгэ 342748-рэ Iэпхъуауэ щытащ. А лъэхъэнэм унагъуэ къэс шы зэрахуэрт, абы наIуэ ещI XIX лIэщIыгъуэм и кIэмрэ XX и пэмрэ я зэхуакум шы бжыгъэр зэуэ щIыхэщIа щхьэусы­гъуэр. Псалъэм папщIэ, 1889 гъэм Къэбэрдейм шы бжыгъэу къинар 48212-рэт. Абы щхьэкIэ къэмынэу, къэбэрдейхэм Тыркуми адрей къэрал здэIэпхъуа­хэми щызэрахуэу щытащ я псэ зыхэлъ шыр. «Адыгэхэм, - етх Хаккер Дж. - шы дахащэхэр яIэщ, хэкум щызэрахуэу зэры­щытам ещхьу, псоми ягъэщIагъуэу хамэщIми щамыутIыпщу». 
ХэщIыныгъэшхуэ ди шы лъэпкъым къритауэ щытащ 1918 - 1920 гъэхэм зыхэта Граждан зауэми 1941 - 1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэми. 115-нэ шуудзэм и закъуэ къэбэрдеиш 5550-рэ ягъэкIуауэ щытащ. Зауэ IэнатIэмрэ бийм иубыда щIыпIэхэмрэ шы мин 30-м нэс щыхэкIуэдат. 
А псом къадэкIуэу, адыгэшыр щефIэкIуа зэмани иIащ. Къэ­рал шы заводхэр, шэщхэр, абыхэм щелэжь IуэхущIапIэхэр къызэрызэIуахар фIыуэ хуэ­щхьэпащ шы гъэхъуным. 1929 гъэм Урысейм щагъэлажьэ шыIуэ 74-м ящыщу лэжьыгъэр нэхъ щефIакIуэхэм хабжат Къэ­бэрдей, Кубань, Тэрч къэрал шы заводхэр. СССР-м 1936 гъэм къыщызэIуаха шы лъэп­къыфI зехуапIэхэм ящыщт Къэбэрдей шы заводри. А Iэмалхэм илъэсибгъум и кIуэцIкIэ шы щхьэ бжыгъэр тIукIэ игъэ­бэгъуэжауэ щытащ: 1945 гъэм мин 17 фIэкIа мыхъуу щы­тар 1954 гъэм мин 33-рэм нэсыжат. 
Шы зехуэнымкIэ къагъэлъэгъуа зэфIэкIым папщIэ, игъащIэм къэмыхъуауэ «Совет ­Союзым и ЛIыхъужь» цIэр 1949 гъэм къыхуагъэфэщауэ щытащ Бахъсэн районым щыщ «Зеикъуэ» колхозым щыщ лэжьакIуищым: шыхъуэ Къалмыкъ Хьэжмурат, шы фермэм и унафэщI Щоджэн ТIэлашэ, колхозым и унафэщI Бырс Анзор сымэ колхозым зэрихуэ шы 64-м шыщIэу 64-рэ къащыщIэхъуа зы илъэсым. 
1953 гъэм и фокIадэм шы зехуэн къалэныр къэралым и пщэ дихыжа нэужь, зэуэ Iэщ бжыгъэм хэщIащ, абы къэбэрдей шы лъэпкъри яхыхьэу. Шыхэр гуартэ псоурэ щелэжь комбинатхэм яшэрт. 1965 гъэм и пэм шы бжыгъэу къэнар мини 8-м зымащIэкIэ фIэкIа къудейт. А илъэс дыдэм Мэкъумэш Iуэху­хэмкIэ министерствэм шы зехуэнымкIэ унафэ къищтэри, шы щхьэ бжыгъэр зэтеувэжащ. Къэбэрдеишхэм я бжыгъэми хэхъуэжауэ щытащ». 
Ди республикэм иужьрей илъэсхэм нэрылъагъуу шы зехуэным зыкъыщиужьыжащ. Налшык ипподромми Джэдыкъуэ Плъыжьми шыгъажэ­шхуэхэр щокIуэкI, спортымкIэ хеящIэ цIэрыIуэхэр кърагъэ­благъэу, саугъэтышхуэхэр щату. Адыгэшым и махуэр зэкIэ дэр-дэру фIэкIа дымыгъэлъапIэми, шэч къытетхьэркъым урысейпсо зэхьэзэхуэшхуэхэр щекIуэкI Къэбэрдей-Балъкъэ­рым ди лъэпкъ хъугъуэфIы­гъуэми хуищI гулъытэр зэгуэр нэхъ ин зэрыщыхъунум. 

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: