Уахътыншэщ щIалэхэм я фэеплъыр

Курп Ищхъэрэ къуажэм иджыблагъэ еплIанэу ще­кIуэкIащ Жылэхьэж Iэдэм Айвар и къуэмрэ Фидар Азэмэт Беслъэн и къуэмрэ я фэеплъу футбол цIыкIумкIэ зэ­хьэзэхуэр. 
Абы хэтащ Тэрч районым и жылагъуэхэм я командэ 11. ПхъэидзэкIэ ахэр гупитIу ягуэшащ: зым команди 5, адрейм - 6. Зэпеуэм и хабзэм тету, гупхэм япэ увыпIэхэр къыщы­зыхьхэр пашэныгъэм щIэбэнынут, етIуанэ хъуа­хэр - 3-нэ увыпIэм.

Зэхьэзэхуэр къыщызэIуахым, къызэхуэсахэм фIэхъус ирахри, джэгунухэм псалъэ гуапэхэмкIэ зыхуагъэзащ Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм физическэ щэнхабзэм-рэ спортымкIэ и къудамэм и унафэщI Нэфлъашэ Алим бэч, Налшык къалэм волейболымрэ футбол цIыкIумкIэ и спорт школым и унафэщIым и къуэдзэ, «Жаншэрхъ» ­футбол гупым хэта Багъэтыр Тимур, Курп Ищхъэрэ къуажэм зауэмрэ лэжьыгъэмрэ и ветеранхэм я советым и унафэщI ­Кхъуэхъужь Вячеслав сымэ.
- Илъэс еплIанэ хъуауэ  идогъэкIуэкI икъукIэ гуузу, я  дуней тетыгъуэу тхэкIыжа Жылэхьэж Iэдэмрэ Фидар Азэмэтрэ я фэеплъ зэхьэзэхуэр. Апхуэдэ гуауэ дяпэкIэ Алыхьым ди щIэблэкIэ димыгъэ­лъагъу, мы щIалитIым я фэеплъыр дгъэлъэпIэнщ жызыIэу нобэ къэкIуахэми фIыщIэ фхудощI, лъэбакъуэу къэфчар псапэрэ гуапэу Тхьэм къывитыж, - жиIащ Багъэтыр ­Тимур. - ЩIалэхэр зыщыдмыгъэгъупщэу, я цIэр мыпхуэдэу фIыкIэ къитIуэу дызэдэгъуэгурыкIуэну ди            гуапэщ. Мы ­къуажэм цIыхугъэ, нэмыс, хабзэ дэлъщ, цIыхур фщы­гъупщэркъыми зым адрейр щIигъэлъэпIэн Iуэху­гъуэхэр зэдэтIыгъыфу дыздекIуэкIыну дыхуейщ, нэхъыбэрэ   гуфIэгъуэкIэ Тхьэм дызэхигъэхьэ!» 
АдэкIэ псалъэ иратащ Нэфлъашэ Алимбэч. ХьэщIэм жиIащ зэхьэзэхуэр районым и щIыпIэ администрацэм илъэс къэс иригъэкIуэкI Iуэхугъуэхэм зэрыхигъэхьар.
Кхъуэхъужь Вячеслав къэпсэлъам фIыщIэ хуищIащ, зэхьэзэхуэр сыт и лъэныкъуэкIи зэгъэпэщауэ екIуэкIыным зэрыхэлIыфIыхьым папщIэ. 
КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, футбол цIыкIумкIэ район зэпеуэр гуащIэу екIуэкIащ, гупхэм фIыуэ зэрызагъэхьэзырар нэрылъагъуу. Зэпеуэм кърикIуахэм япкъ иткIэ, финалым кIуащ «Жаншэрхъ» (Курп Ищхъэрэ ­къуажэм ейщ) гупымрэ Хьэмидей къуажэм къикIахэмрэ. Ахэр зэрытемыгъэкIуауэ зэман нэхъыщхьэр иухащ, ауэ зэ­IущIэ нэужь пенальтихэр нэхъыфIу дагъэкIащ Курп Ищхъэрэм щыщхэм. Апхуэдэу абыхэм зэхьэзэхуэм текIуэ­ныгъэр къыщахьащ, хьэмидейхэр 2-нэ хъуащ. Ещанэ увыпIэр Плановскэ къуажэм и футболистхэм къахьащ,  Новэ Хьэмидей гупым 4:1-уэ ефIэкIри. 
Зэпеуэм щытекIуа гупымрэ етIуанэ, ещанэ хъуахэмрэ ­хуагъэфэщащ Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и къудамэм къыбгъэдэкI кубокхэр, щIыхь тхылъхэмрэ медалхэмрэ. Апхуэдэуи саугъэт щхьэхуэхэмрэ щIыхь тхылъхэмрэ иратащ зэхьэзэхуэм нэхъыфIу щыджэгуауэ къалъыта спортсменитхум.
Нэфлъашэ Алимбэч фэеплъ пхъэбгъухэр яритащ Жылэхьэж Iэдэмрэ Фидар Азэмэтрэ я лъэпкъ нэхъыжьхэм. Ахэр зыхуагъэфэща Жылэхьэж Аслъэнрэ Фидар Эдуардрэ Тэрч районым и щIыпIэ администрацэм физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ и къудамэм и унафэщIым фIыщIэ ­хуащIащ зэхьэзэхуэр къызэгъэпэщынымрэ егъэкIуэкIы­нымкIэ зэпымыууэ къа­зэрадэIэпыкъум папщIэ, и лэжьыгъэм адэкIи ехъулIэныгъэхэр щиIэну ехъуэхъуащ. 
Махуэ псокIэ екIуэкIа Iуэхум хэтахэм ерыскъышхуэ къы­хуаIэтащ. КъищынэмыщIауэ, зэпеуэм пашэ щыхъуахэм ­иратащ Жылэхьэжхэрэ Фидархэрэ ягъэува ахъшэ саугъэтхэр. 

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

Читать также:

12.10.2026 - 14:32 → Дыщэ медалу тху
12.10.2026 - 14:29 → Спорт хъыбархэр
06.10.2026 - 18:51 → Спорт хъыбархэр
05.10.2026 - 17:00 → Спорт хъыбархэр
04.10.2026 - 16:38 → Спорт хъыбархэр