Хэхыныгъэм щIидзащ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Урысейм щекIуэкI хэхыныгъэхэм жыджэру хыхьащ. 

«Урысейм Къэрал Думэм щылэжьэнухэм я хэхыныгъэм щыщIидзащ, - щитхыжащ Iэтащхьэм и интернет напэкIуэцIым. - Къэбэрдей-Балъкъэ­рым дэнэ лъэныкъуэкIи хэхакIуэ участкэхэр щолажьэ. Ди республикэм и районхэмрэ къалэхэмрэ щIыпIэ самоуправленэхэм хэтынухэри щыхах. 
Адрей илъэсхэм хуэдэу, си щхьэгъусэмрэ сэрэ Налшык дэт гимназие №1-м щыIэ хэхыпIэ участкэм Iэ щытIэтащ». 
Iэтащхьэм цIыхухэм ягу къигъэкIыжащ хэхыныгъэхэр фокIадэм и 20 пщIондэ зэрекIуэкIынур: «Участкэхэр пщэдджыжьым сыхьэти 8-м щегъэжьауэ пщыхьэщхьэм 8-м пщIондэ мэлажьэ. Дэтхэнэ зыми и макъым мыхьэнэшхуэ иIэщ, фыхэмыхьэу къэвмыгъанэ хэхыныгъэхэм. Къэвгъэлъэгъуа кандидатхэм факъыдэщI, ди къэралми республикэми я къэкIуэну махуэр дзыхь зыхуэфщIхэм папщIэ фи Iэр фIэт». 
«Хэхыныгъэм дыхэтыныр ди къэралым и Конституцэм къыдит хуитыныгъэу щыщыткIэ, мыхьэнэ зиIэ Iуэхухэм жыджэру дыхэтыпхъэщ, - яжриIащ КIуэкIуэ Казбек зыкъыхуэзыгъэза журналистхэм. - Хэхыныгъэ псоми фIыкIэ ущогугъ, зэхъуэкIыныгъэфIхэм упоплъэ. ИджыпстукIэ псом ди дежкIэ нэхъапэр ди щIалэхэр ТекIуэныгъэр къахьауэ къекIуэлIэжу, мамыр гъащIэм щIидзэжынырщ». 

Поделиться: