Урысейм и къарур - цIыхухэм я хуитыныгъэрщ

Къэбэрдей-Балъкъэрым, адрей щIыналъэ псоми хуэдэу, дыгъуасэ сыхьэтийм, Урысейм и Къэрал гимныр къеуэу, хэхыпIэхэм я бжэхэр къыщызэIуахащ. ЗэрыфщIэщи, цIыхухэм къапэщылъщ мы махуищым (фокIадэм и 18-м къыщыщIэдзауэ 20 пщIондэ) Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и ебгъуанэ зэхуэсыгъуэм и депутатхэмрэ муниципальнэ унафэщIхэмрэ хахыну. 

КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм къызэригъэлъа­гъуэмкIэ, дыгъуасэ республикэм и хэхыпIэу 354-рэ къызэIуахащ, хэхыныгъэхэр зэрекIуэкIынум сыт и лъэныкъуэкIи хуэхьэзыру. IэщIагъэлIхэр ­хуосакъ IэIэтыр цIыхухэм я дежкIэ нэрылъагъуу, тыншу икIи шынагъуэншэу зэрекIуэкIынум. ЩIы­пIэ къэс Iэ зэраIэт бюллетенхэр зрадзэ ашыкхэр щагъэуващ, зыхуеину Iэмэпсымэ псори яIэщ. Нэхъыщхьэращи, дэтхэнэми видеокIэлъыплъыныгъэр къыщызэгъэпэщащи, ар Iуэхур тэмэму зэ­рекIуэкIым шэч къыщIытумыхьэн щхьэусыгъуэщ.
ХэхыпIэхэм жылагъуэ кIэлъыплъакIуэ 1700-м щIигъу щылэжьэнущ, дэтхэнэми хабзэхъумэ IэнатIэхэм я лэжьакIуэхэр щIэтынущ. Къыхэгъэщыпхъэщ, мы хэхыныгъэхэр зэрекIуэкIым иджы япэу КъБР-м ЦIыхухэм я хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэм и аппаратым и лэжьакIуэхэри зэрыкIэлъыплъынур. КъБР-м и ХэхакIуэ комис­сэм и унафэщIым и къуэдзэ Джаппуев Мусса зэрыжиIамкIэ, республикэм и хэхакIуэхэр псори зэхэту цIыху 550 194-рэ мэхъу.

(КIэухыр. ПэщIэдзэр 1-нэ нап.)

Хэхыныгъэхэм ипэ къихуэу, «Информ УИК» хъыбарегъащIэ Iуэхур зэфIагъэ­кIащ. ХэхакIуэ комиссэхэм хэтхэм респуб­ликэм и къалэ, район псоми фэтэрхэмрэ унэ­хэмрэ, апхуэдэуи IуэхущIапIэхэр къы­щызэхакIухьащ. Я мурад нэхъыщхьэу щытар къапэщылъ хэхыныгъэхэм ­цIы­хухэр щыгъэгъуэзэнырт, Iэ зэраIэтыну щIы­­кIэхэр гурагъэIуэнырт. Зи ныбжь хэ­кIуэта, зи узыншагъэм къимыхь цIыхухэм хуитыныгъэ яIэщ я унэм деж Iэ щаIэтыну. КъБР-м и ХэхакIуэ комиссэм хэт Бекъан Заур зэрыжиIэмкIэ, хъыбарегъащIэр ­щрагъэкIуэкIым Къэбэрдей-Балъкъэрым щып­­сэу цIыху мини 8-м щIигъум унэм Iэ щаIэтыну хуейуэ къагъэлъэгъуащ. Мы гъэм зи ныбжьыр илъэс 18 ирикъуа цIыху мини 7-м щIигъум иджы япэу Iэ яIэты-нущ. Республикэм бюллетень мелуаным щIигъу щагъэхьэзыращ, уэрамхэм дэтынущ мобильнэ хэхыпIэхэри. 
Депутат хэхыныгъэхэм и япэ махуэм Iэ зыIэтахэм ящыщщ ди щIыналъэм и Iэ­-тащ­хьэ КIуэкIуэ Казбекрэ и щхьэгъусэмрэ. Ахэр щыIащ Налшык къалэм дэт Гимназие №1-м къыщызэIуаха хэхыпIэ №I23-м. Журналистхэм щепсалъэм, республикэм и Iэтащхьэм жиIащ: «Дыщыпсэу къэралым ифI зыхэлъ мыпхуэдэ Iуэху­гъуэшхуэхэм дэтхэнэ зыри жыджэру хэ-тын хуейуэ къызолъытэ. Мы хэхыныгъэ­­хэм ди къэкIуэнур елъытащи, къэралым къыдит хуитыныгъэхэр къэдгъэсэбэпыпхъэщ. Сыт щыгъуи хуэдэу дыщогугъ хэхыныгъэхэм зэхъуэкIыныгъэфIхэр къыдэкIуэну. Къыхэзгъэщынут нобэ ди лIыхъужьхэр зэкъуэту я къэрал къалэным зэрыпэрытри. Мамырыгъэрэ текIуэныгъэрэщ дызы­пэп­лъэр, дызэгъусэм псори къыдэхъулIэнущ». 
ХэхыпIэ №123-м пщэдджыжьыпэм щегъэжьауэ хэхакIуэхэр жыджэру екIуэлIэн щIадзащ. ХэхыпIэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Цой Наталие зэрыжиIамкIэ, я япэ хэхакIуэу щытар а еджапIэр къэзыухахэрщ. «Ди школыр нэхъ ипэкIэ къэзыухахэр зэ­гъусэу сыхьэти 8-м ирихьэлIэу ди хэхыпIэм къызэрытхуеблэгъар ди гуапэ мыхъуу къэнакъым. Нэжэгужэу, къытщыгуфIы­кIыу, къыдэхъуэхъуу ахэр къытхыхьащ. Ди лэжьыгъэр апхуэдэу дахэу едгъэжьащи, икъукIэ дрогушхуэ ди сабийхэм жэуап­лыныгъэ зыхэлъ, цIыху гуапэ къазэ­ри­щIыкIам», - жеIэ Наталие.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ и щхьэгъусэм щIыгъуу Iэ щиIэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым къыщызэрагъэпэща хэ­хыпIэ №147-м. Хабзэубзыху IуэхущIапIэм и УнафэщIым къыхигъэщащ дызэрыт зэманым мы хэхыныгъэхэм мыхьэнэшхуэ зэраIэр. «УФ-м и Президент Путин Владимир къызэрыхигъэщщи, Урысейр хущIэкъунущ дзэ Iуэху хэхам епха мурадхэр псори зэрызригъэхъулIэнум. Абы щхьэкIэ дызэкъуэтын хуейщ. Къэрал Думэм и гупыщIэм жылагъуэр щогугъ, ипэ ита зэхуэсыгъуэми хуэдэу, зэгурыIуэу, зэгъэуIуауэ лэжьэну. СызэреплъымкIэ, ды­зэрыт зэман мытыншым, КъухьэпIэр Урысейм къыщыпэщIэтым, ди къэралым и хабзэубзыху IуэхущIапIэ нэхъыщхьэм и мыхьэнэм нэхъри хохъуэ. Аращи, нобэ гъэунэхуныгъэхэм пэщIэтыфынухэм, пэ­жымрэ захуагъэмрэ зи лъабжьэ законхэр къэзыщтэнухэм дахуейщ. Шэч къытес­хьэр­къым а псоми и мыхьэнэр къагу­рыIуэу, ди хэхакIуэхэр жыджэру IэIэтым къызэрыкIуэнум, егупсысауэ къызэрыхахынум, - къыхигъэщащ Егоровэм.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым зэ­рыжиIэмкIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым деж­кIэ мыхьэнэшхуэ иIэщ щIы-пIэ унафэр зезыхьэ IэнатIэхэм я советхэм я депутатхэр хэхынми. Абыхэм я лэжьыгъэ купщIафIэм куэдкIэ елъытащ къэралым хуащI дзыхьыр зыхуэдэнумрэ цIыхухэм я псэукIэр зэIузэпэщ зэрыхъунумрэ.
- Псом япэу абыхэм я дежщ цIыхухэр здэкIуэр, зыхуэныкъуэр, я гугъуехьхэр зы­хуэдэр ирахьэлIэу. Аращи, мыхьэнэшхуэ иIэщ щIыпIэ унафэхэр зэрахьэну Iуэхум хэзыщIыкI, жэрдэмщIакIуэ, гумызагъэ, ди лъахэгъухэм я гъащIэр егъэфIэкIуэным гурэ псэкIэ хущIэкъу цIыхухэр хэхыным. Си гугъэщ хэхыныгъэхэм ар кърикIуэну», - дыщIигъуащ Егоровэм.
Дыгъуасэ нэрылъагъу зэрытщыхъуащи, хэхыпIэхэм волонтёрхэри къыщыпIуощIэ. Абыхэм хахыным теухуауэ къыхураджэу аракъым, атIэ нэхъ зи ныбжь хэкIуэтахэм ядэIэпыкъуу, упщIэ зиIэхэм жэуап ирату, ягъэгъуазэу аращ. Ар IэмалыфIщ чэзу зэтримыхьэу, зэрызехьэ щымыIэу Iуэхур зэкIэлъыкIуэу екIуэкIынымкIэ. Къищы­нэмыщIауэ, зэрыхабзэу, республикэм щэн­хабзэмкIэ и лэжьакIуэхэм хэхыпIэхэм зы­къыщагъэлъагъуэ, цIыхухэм я гукъы­дэжыр къаIэту.
Мэкъумэшым елэжьхэм къыщIагъэкI­хэм я фIагъымрэ шынагъуэншагъэм­рэ къэ­­зыпщытэ федеральнэ центрым ­КъБР-м щиIэ къудамэми хэхыныгъэхэр що­кIуэкI. Абдеж къыщызэрагъэпэща хэхыпIэ №124-м япэу Iэ щиIэтащ Iуэху- щIапIэм и унафэщI Сэхъурокъуэ Хьэутий. «Си гуапэу сынывохъуэхъу ди къэралым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ мы махуэмкIэ. Мы хэхыныгъэхэр ди зэкъуэтыныгъэм и нэщэнэщ. Дуней псом ирырелъагъу дызэрыкъэралыгъуэшхуэр, лъэпкъхэр дызэгурыIуэу дызэрызэдэгъуэгурыкIуэр», - жиIащ абы. 
ХэхыпIэ №156-м и унафэщI Ильющенкэ Герман жеIэ: «Хэхыныгъэхэр щекIуэкIыну махуэхэм ипэ къихуэу, щIыналъэ комиссэм ди хэхыпIэм кърипха дэтхэнэ цIыхуми хъыбар едгъэщIэн хуейуэ щытти, цIыхуиплI хэтхри, а лэжьыгъэр ирагъэкIуэкIащ. Ди хэхыпIэм Iэ щаIэтыну зрагъэтхащ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм щыщу мы зэманым ди республикэм щылажьэхэми. Къыхэзгъэщыну сы­хуейт хэхыпIэр сыт и лъэныкъуэкIи Iуэхум хуэхьэзыру къызэрызэIутхар, ар псом хуэмыдэу зи фIыгъэу къэслъытэр илъэс куэд хъуауэ комиссэм хэтхэм мы лэжьыгъэм фIыуэ зэрыхащIыкIырщ».

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Сурэтхэр 
Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться: