Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым япэ дерсхэр щокIуэкI мы махуэхэм, студентхэр егъэджэныгъэм хагъэгъуазэ. Абыхэм фIэхъус псалъэ гуапэкIэ къапожьэ къудамэхэм я унафэщIхэр, егъэджакIуэхэр. Я IутIыжщ дыгъуасэ гузавэу экзаменхэр зыта абитуриентхэм, ахэр иджы КъБКъУ-м и студентщ. ЩIалэгъуалэм я дежкIэ ар лъэхъэнэфIщ, я гъэсакIуэхэр зрагъэцIыху, институтхэм я щхьэхуэныгъэр къащIэ, дерсхэм я зэхэлъыкIэмрэ студент гъащIэмрэ я купщIэм, илъэс зыбжанэкIэ зи гъусэну я курсэгъухэм нэIуасэ зыхуащI.
Япэ курсым щIэсхэр гуапэу щрагъэблэгъащ ПедагогикэмкIэ, психологиемрэ физкультурэ-спорт егъэджэныгъэмкIэ институтымрэ (ИППиФСО) Математикэмрэ естественнэ щIэныгъэхэмкIэ институтымрэ (ИМиЕН).
ИППиФСО-м и унафэщI Михайленкэ Ольгэ къыхигъэщхьэхукIащ педагогикэ, психологие унэтIыныгъэхэр къыхэзыха студентхэм жэуаплыныгъэ хэха я пщэ зэрыдалъхьэжар.
- Нобэ фэ къызэIувох щIэныгъэм, IэщIагъэм, студент ехъулIэныгъэхэм я дунейм и бжэхэр. IэщIагъэ къудейкъым фэ къыхэфхар, атIэ къалэн инщ. ЕгъэджакIуэу, гъэсакIуэу е психологыу ущытыныр - къэкIуэнумкIэ жэуап пхьынырщ, нэгъуэщI цIыхухэр нэхъыфI хъуным тебгъэгушхуэнырщ, удэIэпыкъунырщ. Фэ гъуэгу бгъуфIэ фытеуващ, дэ догъэхьэзыр егъэджакIуэхэр, гъэсакIуэхэр, егъэджакIуэ-психологхэр, физическэ щэнхабзэмрэ спортымкIэ IэщIагъэлIхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри мыхьэнэшхуэ зиIэ IэщIагъэщ, - къыхигъэщащ Ольгэ.
Институтыр псом хуэмыдэу иригушхуэ хъуащ «Клиникэ психологие» унэтIыныгъэр мы гъэм щIэупщIэшхуэ зэриIэм. Михайленкэ Ольгэ зэрыжиIэмкIэ, зы пIэм щхьэкIэ цIыху 20-м щIигъу зэныкъуэкъуу зэрыщIэтIысхьэ зэпеуэр екIуэкIащ. УнафэщIыр студентхэм яхутепсэлъыхьащ хэкIыпIэ, хъуэпсапIэ, Iэмал куэд зэрыщыIэм: инклюзивнэ егъэджэныгъэм щIэупщIэ зэриIэм къыщыщIэдзауэ «Педагогическое образование и развитие человека» магистр программэр ЭкономикэмкIэ еджапIэ нэхъыщхьэм щIыгъуу зэрырагъэджым нэс, ар къэзыухахэм дипломитI зэуэ къаIэрохьэ.
Михайленкэ къыхигъэщхьэхукIащ практикэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр: ещанэ курсым щыщIэдзауэ школхэм я унафэщIхэм студент зэчиифIэхэм гу къылъатэри, ирагъэблагъэ еплIанэ курсым щыщIэдзауэ, я IэщIагъэмкIэ IэнатIэ пэрытыну хуит зэращIам и фIыгъэкIэ, щIалэгъуалэм еджэнымрэ лэжьэнымрэ зэдахьыфынущ, я зэманыр трагуашэу.
- Гугъуехьхэм фащымышынэ, проектхэм фыхэт, ныбжьэгъу зэвгъэгъуэт. Мы еджапIэм ныбжьэгъуи, акъылэгъуи, жыIэгъуи, къыщывгъуэтынущ. Фэ фщыщ дэтхэнэми и ехъулIэныгъэр зэлъытар фи егугъуныгъэмрэ фи жыджэрагъымрэщ. Фи къарум фыкъигъэгугъэ къудеймэ, дэ, фи егъэджакIуэхэр, сыт щыгъуи дыхьэзырщ дывдэIэпыкъуну, зыфщIэдгъэкъуэну», - жиIащ институтым и унафэщIым.
Математикэмрэ естественнэ щIэныгъэхэмкIэ институтым и япэ курсым щIэсхэм щахутепсэлъыхьащ абы щызыIэрагъэхьэфыну щIэныгъэ зэфIэкI лъэщым.
Институтым и унафэщI Хъурей Арсен къыхигъэщащ я еджапIэм щIэныгъэ лъэщагъыр зыхуэдэр. «Мыбы щолажьэ щIэныгъэхэмкIэ докторхэр, профессорхэр, щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ лэжьакIуэхэр. Студентхэм къапоплъэ иужьрейуэ къыдагъэкIа IэмэпсымэхэмкIэ къызэгъэпэща лабораторэхэр, Зыужьыныгъэм хуэгъэпса материалхэмрэ аддитивнэ технологиехэмкIэ центр ехьэжьар. Уегугъуу уеджэмэ, щIэныгъэм ухуэнэхъуеиншэмэ, еджапIэ нэхъыщхьэм фи зыужьыныгъэмкIэ Iэмал псори къывитынущ», - жиIащ Хъурейм.
Институтхэм я унафэщIхэм яIущIа нэужь, япэ курсым щIэсхэм къащIащ егъэджэныгъэ Iуэхум къищынэмыщIауэ, еджапIэ нэхъыщхьэм щIэныгъэ лэжьыгъэм гулъытэшхуэ зэрыщыхуащIыр. Абыхэм я япэ курс лэжьыгъэр къызэраух дипломым лъабжьэ хуэхъуфынущ, еджэху елэжьу. КъищынэмыщIауэ, мы гъэм къыщегъэжьауэ студентхэм я щIэныгъэ тхыгъэхэр институтым къыдигъэкI тхылъхэм къытрадзэфынущ.
Университетым ущеджэныр дерсым ущIэсыным и закъуэкъым зэпхар. АтIэ студентхэр къыхураджащ щIалэгъуалэ зэхыхьэхэми хэтыну. Абыхэм къапоплъэ япэ курсым къыщIэтIысхьахэр зыхэт зэхьэзэхуэхэр, студентыгъуэм хэгъэгъуэзэныр, «Виват, студент», «Мисс КБГУ», «Студент гъатхэ» зэхыхьэшхуэхэм хэтыну. Университетым щолажьэ студентхэм я сэбэп зыхэлъ клуб тIощIым нэблагъэ: киберспортымрэ стIолыщхьэ джэгукIэхэмрэ къыщыщIэдзауэ экоклубымрэ киноклубымрэ нэс.
ПсэупIэ хуэныкъуэ студент псори КъБКъУ-м и общежит зэIузэпэщ пщыкIузым языхэзым щIэсыну Iэмал яIэщ. КъищынэмыщIауэ, щIалэгъуалэм къащIащ щIэныгъэм, спортым, творчествэм, жылагъуэ лэжьыгъэм щызыIэрагъэхьа ехъулIэныгъэхэм папщIэ къэрал стипендие (ПГС) нэхъыбэ къызэрахьыр. ПГС-м папщIэ портфолио зэхуэхьэсынымкIэ сэбэп хъунущ институтым и профсоюз комитетыр.
Япэ курсым щIэсхэм къапэщылъщ бакалавриат илъэсиплIыр, адэкIэ хуеймэ - магистратурэмрэ аспирантурэмрэ щеджэну. Университетым ныбжьыщIэм и щIэныгъэ зыужьыныгъэм лъабжьэ купщIафIэ хуещI, IэщIагъэкIэ къызэрегъэпэщ, кIэух ехъулIэныгъэр зэлъытар, дауи, дэтхэнэ еджакIуэми и Iуэху бгъэдыхьэкIэмрэ егугъуныгъэмрэщ.