Сэбаншы Мурат къахожаныкI«Спортым и щIыналъэ» фIэщыгъэр зэрихьэу урысейпсо зэхьэзэхуэ ин иджыблагъэ щекIуэкIащ Ставрополь крайм хыхьэ Кисловодск къалэм. Спорт лIэужьыгъуэ зыбжанэм щынэхъ лъэщхэр абы щызэхагъэкIащ ди къэралым и хэгъэгухэм ящыщу 73-м я лIыкIуэхэм икIи ахэр щIэбэнащ япэ увыпIищу 21-м. Ди гуапэ зэрыхъущи, силовой экстримымкIэ екIуэкIа зэпеуэм ещанэ увыпIэр къыщихьащ Бахъсэн районым щыщ спортсмен Сэбаншы Мурат. КъызэгъэпэщакIуэхэм зэрыжаIэмкIэ, иджырей зэхьэзэхуэм нэхърэ нэхъ ин ди къэралым зэи щызэхашакъым. Ар къызэригъэпэщащ Урысей Федерацэм Мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министерствэм. Ар зэхаублэ «Къуажэдэсхэм сыт и лъэныкъуэкIи зегъэужьын» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ. Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэм медалхэмрэ кубокхэмрэ, щIыхь тхылъхэмрэ саугъэтхэмрэ иратащ УФ-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ и министр Лут Оксанэрэ Ставрополь щIыналъэм и Iэтащхьэ Владимиров Владимиррэ.
Поделиться:
Читать также:
12.10.2026 - 14:32 →
Дыщэ медалу тху
12.10.2026 - 14:29 →
Спорт хъыбархэр
06.10.2026 - 18:51 →
Спорт хъыбархэр
05.10.2026 - 17:00 →
Спорт хъыбархэр
04.10.2026 - 16:38 →
Спорт хъыбархэр
| ||




