Иджы Европэр къапоплъэ

«Multi European Games 2026» фIэщыгъэр зэрихьэу Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ Сербием и Ниш къалэм щекIуэкIащ иджыблагъэ. Абы щызэпеуащ къэрал 44-м я спортсмену, щIалэхэри хъыджэбзхэри зэхэту, 2700-м нэблагъэ, я ныбжькIэ илъэси 10-21-хэм къриубыдэу.

Зэхьэзэхуэм хэтащ икIи екIуу зыкъыщагъэлъэгъуащ Кэнжэ къуажэм дэт «Пять колец» спорт академием и гъэсэнхэм. ЖыпIэнурамэ, я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр къыщахьащ Къэзанш Къасболэтрэ (кг 73-рэ) Iусен Къамболэтрэ (кг 63-рэ). Абы къыдэкIуэу, щIалэхэм Iэмал ягъуэтащ Европэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ мы гъэм и жэпуэгъуэм Румынием щекIуэкIыну зэхьэзэхуэм я зэфIэкIхэр щагъэлъэгъуэну. Апхуэдэуи щIалитIым къалэжьащ олимпиадэм къызэрахах рейтинг очкохэр. Мыхэр щызэпеуар зи ныбжьыр илъэс 21-м щIимыгъуахэм я дежщ.

Зэхьэзэхуэм и дыщэ медаль къихьащ дуней псом щыцIэрыIуэ Бекъул Милани. Килограмм 46-рэ зи хьэлъагъхэм ди адыгэ пщащэ цIыкIум къыпэлъэщын къахэкIакъым икIи а и текIуэныгъэмкIэ дунейпсо рейтингым япэ увыпIэр щиубыдащ.

НыбжьыщIэхэм я зэпеуэм Аккаевэ Алия етIуанэ, Ахаевэ Даринэ ещанэ щыхъуахэщ.

Ди спортсменхэр зэхьэзэхуэм хуагъэхьэзыращ УФ-м щIыхь зиIэ и тренер Ахъмэт Амиррэ Унэжокъуэ Абдельджэбаррэ.

   МЭРШЭН Батыр.

 

Поделиться:

Читать также:

12.10.2026 - 14:32 → Дыщэ медалу тху
12.10.2026 - 14:29 → Спорт хъыбархэр
06.10.2026 - 18:51 → Спорт хъыбархэр
05.10.2026 - 17:00 → Спорт хъыбархэр
04.10.2026 - 16:38 → Спорт хъыбархэр