Анэдэлъхубзэр хъумэным, зегъэужьыным теухуауэ

Хабзэ зэрыхъуауэ, Адыгэ Республикэм мы махуэхэм ныбжьыщIэхэм папщIэ къызэрагъэпэщ «Адыглэнд» лагерыр. Ар къызэрагъэпэщащ АР-м ЕгъэджэныгъэмкIэ и министерствэмрэ Адыгэ къэрал университетымрэ.

Лагерым мы гъэм къыщызэхуэсат Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым и Хьэбэз районым щыщ, класс нэхъыжьхэм щIэс ныбжьыщIэ 60-м щIигъу.

Адыгэбзэр фIыуэ зыщIэ, зыгъэлъапIэ школакIуэхэм Адыгэ къэрал университетым и «Горная легенда» егъэджэныгъэ щIыпIэм зыщагъэпсэхуащ, лъэпкъым бгъэдэлъ беягъым, хъугъуэфIыгъуэхэм теухуауэ ящIэм нэхъри хагъэхъуащ.

Адыгэм и лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр хъума хъунымкIэ лагерым мыхьэнэ ин иIэщ. Апхуэдэуи, Адыгейм щагъэкIуа махуэхэр гуапэу ягу къинэжынущ хьэщIэхэм. Къэбгъэлъагъуэмэ, Урысейм щыпсэу цIыхухэм, лъэпкъхэм я щэнхабзэр, анэдэлъхубзэр яхъумэным, зрагъэужьыным УФ-м и Президентым и нэIэ тет зэпытщ, мы лагерыр къыщIызэрагъэпэщар ди щэн, ди хабзэ, адыгэбзэр щIэблэм ябгъэдэлъхьэнырщ, апхуэдэущ хъума зэрыхъунур   лъапIэныгъэхэр. Адыгэбзэр зыщIэхэм нэхъри я щIэныгъэр хагъэхъуэну, зымыщIэхэм зрагъэщIэну, зэрыадыгэм иригушхуэу псэуну хуагъэIущ лагерым щылажьэхэм щIалэгъуалэр.  Абыхэм я нэгу зрагъэужьащ «Мыст» уэрэджыIакIуэ гупым. Щэнхабзэм, хабзэм теухуа зэхыхьэхэр щекIуэкIащ, я мурадхэм, зызрапщытыну хуей IуэхущIэхэм адыгэбзэкIэ тепсэлъыхьащ.

Мыгъэрей зэхыхьэм нэхъыщхьэу хуагъэхьэзырахэм ящыщщ Адыгэ Республикэм, Кавказ Ищхъэрэм, Урысей Федерацэм я щэнхабзэм зи IэдакъэщIэкIхэмкIэ увыпIэшхуэ щызыубыда, Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ тхакIуэ, Кубаным гъуазджэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, СССР-мрэ Урысей Федерацэмрэ я Къэрал саугъэтхэм, Шолоховым, Островскэм я цIэкIэ щыIэ литературэ саугъэтхэм я лауреат, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и саугъэт нэхъыщхьэр зыхуагъэфэща, Урысейм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIыхъужь, иджыблагъэ дунейм ехыжа  МэшбащIэ Исхьэкъ и фэеплъу къызэрагъэпэща литературэ пшыхьыр. Абы къыщызэхуэсахэр тхакIуэшхуэм дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ. Псоми къыхагъэщащ анэдэлъхубзэр хъумэнымкIэ МэшбащIэм и гуащIэм иIэ мыхьэнэм и инагъыр.

НыбжьыщIэхэм лагерыр хуабжьу ягу ирихьауэ зэбгрыкIыжащ. Абы еджакIуэхэм ныбжьэгъущIэхэр щызэрагъэгъуэтащ, адыгэбзэм и диалектхэр щызэрагъэщIащ, хэгъэгу зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу адыгэхэм я хабзэхэр зэрызэщхьэщыкIыр яфIэгъэщIэгъуэну щызэрагъэпщащ.  

 Дарий Дахэнур 

 

 

Поделиться: