«Къыхуэблэгъащ шэрджэсхэр бгыщхьэм»

Урыс усакIуэ щэджащэ Лермонтов Михаил Кавказым япэ дыдэу къыщыкIуам и ныбжьыр илъэси 6-т зэрыхъур. ЩIалэ цIыкIум и узыншагъэр иригъэгъэфIэкIуэну и анэшхуэ Арсеньевэ Елизаветэ псы хущхъуэхэм къишауэ арат. Абы щыщIэдзауэ Михаил ди щIыпIэхэм ятхьэкъуат.

ИужькIэ, илъэс 11 хъуауэ, абы Кавказым къыщытригъэзам, ди къуршхэр, къыр задэхэр, Мэшыкъуэ бгыр, Iуащхьэмахуэр фIыуэ илъагъупащ. Пушкиным и «Кавказ гъэр» поэмэм япэу мы щIыналъэм къыщеджауэ щытащ ар. ЩIалэм дежкIэ насыпт тхыгъэм къыщыIэта Iуэхугъуэхэм уэсылъэ бгыхэр и нэIурыту зэрызыщигъэгъуэзэфар.

БалигъыпIэ иува нэужьи, усакIуэр щэ къагъэкIуащ Кавказым. Япэр - Пушкин Александр гукъутэу дунейм зэрехыжам теухуауэ итха «Смерть поэта» усэр щитхарщ. Дауэ мыхъуами, Лермонтовым и гъащIэр сыт щыгъуи Кавказым епхауэ щытащ, абыхэм ди зэманым дыщыкIэлъоплъыж и IэдакъэщIэкIхэм - «Шэрджэсхэр», «Кавказ гъэр», «Къанлы», «Исмэхьил-Бей», нэгъуэщIхэми.

Толстой Лев Лермонтовым теухуауэ жиIэгъауэ щытащ: «А щIалэ цIыкIур апхуэдэу пасэу дунейм емыхыжамэ, Достоевскэмрэ сэрэ ди IэдакъэщIэкIхэм цIыхухэм апхуэдиз гулъытэ хуащIынтэкъым… Пушкиным цIыхухэм усэбзэкIэ захуигъазэу щытамэ, Лермонтовыр Тхьэм епсалъэрт».

Сыт хуэдиз зэман дэкIми, урыс литературэм и прозэм и фIыпIэу Лермонтовым и IэдакъэщIэкIхэр къызэрынэнум шэч хэлъкъым. Илъэс 27-р мащIэт, итIанэми куэд къигъэщIам хуэдэу, абы къытхуигъэнащ тхыгъэ купщIафIэхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Къэрэшей-Шэрджэсымрэ я цIыхубэ усакIуэ Ацкъан Руслан адыгэбзэкIэ зэридзэкIа «Шэрджэсхэр» поэмэм щыщ пычыгъуэ къытыдодзэ.

***

Мэз Iувыр уафэм худоплъей,
Сымаджэм ещхьу, хэщэIукIыу,
ЩIы щIагъым къыщIэIукI нэхъей,
Щхъыщхъ макъыр тхытхыу зэпрыкIыу.
Жыгеижь щIагъым щотIысэх,
Шым къепсыхауэ, шэрджэс гупыр.
Зыгуэрхэр хохьэ пхъэ гъур щыпэ.
Абыхэм пхъэ кърахьэлIэху,
Лэгъупыр зыфIадзэн хасэху,
Адрейхэм хашыр псалъэмакъыр,
Драмышейуэ, ещхьу сакъым.
Арыххэу мафIэр къызэщIонэ,
И хъуреягъыр къигъэнэхуу,
Иплъыхьу нэгу къэсыху гупсэхуу.
Зэрыщу нэху ягъэункIыфIыну
И фIэщ а мафIэм хэт хуэщIыну?
Шу хъыжьэ жэщым епэгэкIхэм
Я Iэщэ-фащэр холыдыкI.
Шэрджэс лIыхъужьхэм я гукъэкIхэм
МафIэм и бзийхэр къыдоудж.

***

Шу хьэлэмэтхэм ящыщ зым
И афэ джанэр дыжьын защIэщ.
Абы бейгуэлхэр бгъэдэсыжщ,
Хабзэу ирахыр яфIэмащIэу.
Адрейхэр гупурэ зэхэсщ,
Нэхъ пэгъунэгъуу мафIэ джэгум,
Гум илъыр къищу щхьэж и нэгум.
Зыгуэрым щэхуу уэрэд хеш,
НэгъуэщIым фочыр егъэкъабзэ,
Зэм-зэмкIэ жэщым тригъапсэу.
КъызэфIоувэ мафIэр, пIэнкIыу,
ЖиIэну хэту и гукъэкIыр.
Шэрджэс пщы хъыжьэри къотэдж,
ЗиIэжьэжынукъым афIэкI.
Мыращ и псалъэр пщым я пщыжым:
«Си къуэшыр нобэ дэ тщIымыгъу,
Урыс быдапIэм ар щаIыгъщ,
Ирахкъым жэщи махуи лъэхъур.
Зэгъэнкъым си гур, си лъэпкъэгъухэ,
Хуит анэкъилъхур къэзмыщIыжу.

***

Ар пщIыхьым сэ къыщысхуэкIуащ.
Ит хуэдэт, мыр къызжиIэу, пащхьэм:
Сыкъебгъэлынум, къысхуэпIащIэ.
Зы жэщ нэхъ мыхъуми уэ зыпIэжьэм -
УимыIэжынум щыщ сыхъуащ».
Ар жиIэщ, гугъэу къызэплъыжри,
Си шынэхъыщIэр бзэхыжащ.
Сытэджри, фщIыгъуу сыкъежьащ -
Згъэзэнкъым, хуит ар къэзмыщIыжу.
Фи лIыгъэм си щхьэр хузогъэщхъ,
Ауэ зыгуэркIэ фыщIегъуэжым,
Фи жьэгу вгъэзэжмэ нэхъ къэфщтэжым,
ЗыкIи си жагъуэ сымыщIын.
Си закъуэу щытми, сыпежьэнщ
Си натIэ итым. Ар къызоджэ.
ЛIэныгъэрауэ ар къыщIэкIым,
ЛIым зэрихабзэу, гъащIэр стынщ,
Бий куэдым я псэри здэсхьынщ.
Сыщыдыхьэнур я быдапIэм
Ирехъу урысхэм я кIуэдыпIэ!»
Щым хъуащ, ар жиIэри, пщы Iэлыр,
И пащхьэ итхэм я нэм щIэплъэу.
«Ирехъу урысхэм я кIуэдыпIэ!» -
Пшэм хыхьэжащ и макъыр гупым.

***

КъуэкIыпIэр пшэплъым ириIащ,
МахуэщIэр уэгум къызэпхопсыр.
Щыщынур нэху къыхуэмыгъэсу,
Адакъэр, зиукIыжу, Iуащ,
Пшэ хужьхэр, нэр щIрагъэлъафэу,
Мэз щIагъэхъаем къыщхьэщытщ.
КъыпфIэщIрэ пэт зихъуэжыгъуафIэу -
Мы дунеижьыр зэрыщытщ.
Зыкъызэкъуахыр дыгъэ бзийм,
Йозауэ джэгуурэ кIыфIыгъэм,
Ирахури ныбжьхэр щхьэхьу губгъуэм -
Езыр я лIыгъэм йохъуэпсэж,
Пхуэмыубыдыжу къызэрокIыр,
ЩIы фIыцIэм хохьэ, псыми пхокIыр.
Зэтож Тэрчыжь и Iупэ пIащIэр,
Акъужьыр щабэу къепэщэщу.
Нэхущ икIи къабзэщ уафэ лъащIэр.
Вагъуэ цIыкIу къомыр кIэрыщэщри
Дыгъэм и закъуэ къыхуэнащи,
А зым щогугъ, а зыр егъафIэ.
А хуабэм щыщ къыщылъэIэсым,
Мэуври лъапэпцIийуэ мэзыр,
И тхьэмпэ гъущэхэр къегъафэ.
Нэм имылъагъу къарум ипхъуатэу
Тхьэмпэ зырызхэри золъатэ.
КъыпфIощI дунейм темытурауэ
Тхьэмпэ лъэтам нэхъ Iэуэлъауэ.

АрщхьэкIэ йолъ, иIэту сабэр,
Шу гуп мэз лъапэм къыщежьар.
Урыс быдапIэр зытет джабэм
КIэрохьэ, ещхьу бжьэ къэпщIам.

***

Щытам аратэкъэ махуэщIэм,
КIыфIыгъэр зэригъэткIум ещхьу,
ИгъэкIуэдыфу гуныкъуэгъуэр,
Шынагъэ щIыIэ ди псэм егъур.
Нэгу щIэкIа пщIыхьыр кIуэдыжащ,
Япэрей бзийхэм япхъуэтэжри.
Гур зыгъэныкъуэрщ къэнэжар,
Имыгъэбауэу гукъыдэжыр.
КъыщоIу быдапIэм Тхьэгъуш макъ,
Пшэ щIэкIуэсыкIхэм яхыхьэжу,
ЩIым къриIуэкIыр нэхъыбэжу…
БыдапIэр сытым дежи сакъщ.
Къэзакъхэр йоуэ бэрэбаным,
Ягъэлъэгъуэну я къарур.
Сэлэтхэр ещхьщ хьэ зэщIэбанэм,
Щыпэджэм деж, лъэкI къамыгъанэу,
Унафэр зейм и макъ жьгъырум.
Езым и гъащIэмкIэ быдапIэр,
Сыт щыгъуи хуэдэу, мэпсэуж.
Плъыращи, хэт зегъэпсэхуж,
Хэти бгы щыгур и зекIуапIэщ.
Сэлэтхэм ящIэм йоплъ нэгъуэщIхэр,
Члисэм макIуэхэр нэхъыжьхэр.
Апхуэдэ защIэу кIуэн къыпфIэщIт,
АрщхьэкIэ пшэхэм ящIыр нэщхъ,
Арыххэу дыгъэр къуелъэфэжыр.
Иджы уэгу лъащIэм зыкъегъэщхъ,
КъызэфIищIэн хьэзыру уэшхыр.

***

ЗэбгрокIыжыр урысыдзэр,
Я фочыр я плIэм ирадзэжу.
Гъуэгущхьэ сабэр къигъэтэджу
Ялъагъури зы шу гуэр къахуэжэу -
ЯфIэмыфIыщэу къагъэзэжыр,
Къэблагъэм нэр яфIытеплъызэу.
Шур къожэ, шынэу зэплъэкIыжу.
Зы ещI и къэси и къепсыхи.
ЗоплъэкI щIэх-щIэхыурэ, кIэзызу,
КъыкIэлъыса къыфIощI къэзыхур.
Зыхуигъэзауэ псом нэхъыщхьэм,
И макъ кIэзызымкIэ къепсэлъ:
«Къыхуэблэгъащ шэрджэсхэр бгыщхьэм.
Я губжьым мывэхэр къегъэплъ,
КъыздэкIуэм чыцэр ягъэгъуэлъ!
КъаIэщIэсхащ ерагъыу си щхьэр»…

БАГЪЭТЫР Луизэ.

 

 

Поделиться: