Адыгэшым псэуэ Iутыр адыгэлIырщ

«Дэтхэнэ зы лъэпкъми и щхьэр лъагэу щIиIэт хъугъуэфIыгъуэ гуэр бгъэдэлъщ, - етх мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Къагъырмэс Црай. - Адыгэхэм я дежкIэ ар - адыгэшырщ.

 Дуней псор къапщтэмэ, лъэпкъ зыбжанэщ щыIэр езым и цIэр шы лъэпкъым иритыфауэ. Иужьрей зэманым къэбэрдей шы лъэпкъым хуащI гулъытэм фIыуэ щыхэхъуащ Хэкуми Европэ псоми. Ди шы лъэпкъыр къызэрыхъуам, дунейм тетыху ар цIыхум къызэригъэщхьэпам, абы адрей шы лъэпкъхэм емыщхьу хэлъ хьэлхэм нэсу тепсэлъыхьащ тхыдэтххэри, тхакIуэхэри, шыхъуэ-IэщIагъэлIхэри. Ипполог цIэрыIуэхэу Красников Андрей, Бобылёв Игорь, Парфёнов Вадим сымэ, нэгъуэщI куэдми я лэжьыгъэхэм къыхощ ди шы лъэпкъым и лъапIагъыр.

Маршал Будённый Семён и унафэм щIэту ятха «Шым теухуа тхылъым» итщ: «Гуартэм хэту зэрагъасэм, бгылъэм къызэрыщрагъэкIухь зэпытым къэбэрдей шы лъэпкъым бгым щымыгъуащэу, къурш лъагъуэхэм сакъыу ирикIуэфу, ехыпIэ-дэкIуеипIэ задэхэр къытемыхьэлъэу иригъэсащ, мывэ кIэщхъми шы лъэгур къызэрымыкIуэу быдэ ищIащ».

ЕпщыкIуханэ лIэщIыгъуэм и пэм къэбэрдеишыр къызэфIэувэпауэ Кавказ Ищхъэрэм щыцIэрыIуэт, хуэмурэ абы и пщIэр а гъунапкъэм икIащ.

Къэбэрдейм 1793-1794 гъэхэм щыпсэуа нэмыцэ щIэныгъэлI Паллас Пётр-Симон итхыжыгъащ: «Адыгэхэм дахащэ къудей мыхъуу, бэшэчрэ къарууфIэу шыфIхэр ягъэхъу, мэжалIэри гугъуехьри яхуэхьу икIи жэрхэу». Адыгэшым теухуа апхуэдэ жыIэгъуэхэр куэд дыдэ мэхъу.

Къэбэрдей шы лъэпкъыр ауэ сытми къалъытэркъым адыгэхэм я набдзэу, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэу. Шы зехуэныр лъэпкъ IэщIагъэ хъуа нэужь, лIэщIыгъуэ зыбжанэкIэ лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм яшхэр къагъэщхьэпэурэ къигъэхъуащ адыгэм и шыр: губгъуэм щагъэхъу шы лъэпкъхэм, хьэрыпышым, карабах, къэжэр, тыркумэн, нэгъуей лъэпкъхэм зэрахуэ шыхэм ялъ къыхэлъэдащ. Кавказ псом щыцIэрыIуэт адыгэш зыгъэхъу Куэцэхэ, Къудащхэ, Щолэхъухэ, Трамхэ, Лафыщхэ, Лохэ, Абыкъухэ, Тамбийхэ, нэгъуэщIхэри.

Зи тхыдэр лIэщIыгъуэ зыбжанэм нэблагъэ адыгэшыр щыхьэт хуэхъуащ езыр зей лъэпкъыр зыпхыкIа гугъуехь псоми, ар зауэ-банэ, мылъку щыщIэныгъэ, нэгъуэщI гукъеуэ ирехъу. Аращ абы и зыужьыныгъэм и гъуэгум лъагапIэшхуэхэми кумбышхуэхэми ущрихьэлIэу щIыщытыр.

1816 гъэм щегъэжьауэ 1910 гъэ пщIондэ къэбэрдейхэр уэру Тыркум щиIэпхъукIа зэманым унагъуэ 690659-рэ икIащ, нэрыбгэ 3102749-рэ хъухэу, я нэхъыбэр къэбэрдейуэ. 1864 гъэм и закъуэ къэбэрдеиш зезыхуэ нэрыбгэ 342748-рэ Iэпхъуауэ щытащ. А лъэхъэнэм унагъуэ къэс шы зэрахуэрт, абы наIуэ ещI XIX лIэщIыгъуэм и кIэмрэ XX и пэмрэ я зэхуакум шы бжыгъэр зэуэ щIыхэщIа щхьэусыгъуэр. Псалъэм папщIэ, 1889 гъэм Къэбэрдейм шы бжыгъэу къинар 48212-рэт. Абы щхьэкIэ къэмынэу, къэбэрдейхэм Тыркуми адрей къэрал здэIэпхъуахэми щызэрахуэу щытащ я псэ зыхэлъ шыр. «Адыгэхэм, - етх Хаккер Дж. – шы дахащэхэр яIэщ, хэкум щызэрахуэу зэрыщытам ещхьу, псоми ягъэщIагъуэу хамэщIми щамыутIыпщу».

ХэщIыныгъэшхуэ ди шы лъэпкъым къратауэ щытащ 1918-1920 гъэхэм зыхэта Граждан зауэми 1941-1945 гъэхэм екIуэкIа Хэку зауэшхуэми. 115-нэ шуудзэм и закъуэ къэбэрдеиш 5550-рэ ягъэкIуауэ щытащ. Зауэ IэнатIэмрэ бийм иубыда щIыпIэхэмрэ шы мин 30-м нэс щыхэкIуэдат.

А псом къадэкIуэу, адыгэшыр щефIэкIуа зэмани иIащ. Къэрал шы заводхэр, шэщхэр, абыхэм щелэжь IуэхущIапIэхэр къызэрызэIуахар фIыуэ хуэщхьэпащ шы гъэхъуным. 1929 гъэм Урысейм щагъэлажьэ шыIуэ 74-м ящыщу лэжьыгъэр нэхъ щефIакIуэхэм хабжат Къэбэрдей, Кубань, Тэрч къэрал шы заводхэр. СССР-м 1936 гъэм къыщызэIуаха шы лъэпкъыфI зехуапIэхэм ящыщт Къэбэрдей шы заводри. А Iэмалхэм илъэсибгъум и кIуэцIкIэ шы щхьэ бжыгъэр тIукIэ игъэбэгъуэжауэ щытащ: 1945 гъэм мин 17 фIэкIа мыхъуу щытар 1954 гъэм мин 33-рэм нэсыжат.

Шы зехуэнымкIэ къагъэлъэгъуа зэфIэкIым папщIэ, игъащIэм къэмыхъуауэ «Совет Союзым и ЛIыхъужь» цIэр 1949 гъэм къыхуагъэфэщауэ щытащ Бахъсэн районым щыщ «Зеикъуэ» колхозым щыщ лэжьакIуищым: шыхъуэ Къалмыкъ Хьэжмурат, шы фермэм и унафэщI Щоджэн ТIэлашэ, колхозым и унафэщI Бырс Анзор сымэ - колхозым зэрихуэ шы 64-м шыщIэу 64-рэ къащыщIэхъуа зы илъэсым.

1953 гъэм и фокIадэм шы зехуэн къалэныр къэралым и пщэ дихыжа нэужь, зэуэ Iэщ бжыгъэм хэщIащ, абы къэбэрдей шы лъэпкъри яхыхьэу. Шыхэр гуартэ псоурэ щелэжь комбинатхэм яшэрт. 1965 гъэм и пэм шы бжыгъэу къэнар мини 8-м зымащIэкIэ фIэкIа къудейт. А илъэс дыдэм Мэкъумэш IуэхухэмкIэ министерствэм шы зехуэнымкIэ унафэ къищтэри, шы щхьэ бжыгъэр зэтеувэжащ. Къэбэрдеишхэм я бжыгъэми хэхъуэжауэ щытащ».

 Профессорым и псалъэхэм щыхьэт тохъуэ ди псалъэжьхэри. Дривгъаплъэт лъэпкъым шым и закъуэ хужиIахэм:

- Адыгэм и ныбэ егъэныкъуэри, и шым и ныбэ ирегъэкъу.

- Уи шым ижынур пщIэжын хуейщ.

- Улъэсу шум ущIэмынакIэ.

- ЛIы и махуэрэ шы и махуэрэ зэхуэдэкъым.

- Шу хьэщIэр ягъэшэсыж, лъэс хьэщIэр пщIантIэм дашыж.

- И шу дыжьынщ, и жьэгу хьэ гъыпIэщ.

- Фэдэн кIапэ шу егъэшэс.

- Шыр тхьэкIумэкIэ маплъэ.

- Адыгэшрэ лIы бэшэчрэ.

- Брулым и мыгъуэр шибгъу и уасэщ.

- Гур кIуэдмэ, шыр жэркъым.

- Гъэ удзыр зы шым ихъуркъым, хъуну псор зы лIым хэлъкъым.

- Дэтхэнэ зы шу махуэри Iумахуэщ.

- Зи пIалъэ ущымыгъуазэ шымкIэ утыку уимыхьэ.

- ЛIым шы имыIэмэ, бгъэм дамэ темыт хуэдэт.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: