ЦIыху мамырхэм я гуащIэр

Хэку зауэшхуэм и гугъу щытщIкIэ, псом япэу ди гум къихьэр ди лIыхъужьхэрщ. Ауэ тхыдэри, дэфтэрхэри, литературэри щыхьэт зэрытехъуэжщи, ТекIуэныгъэм я гуащIэшхуэ хэлъащ цIыху къызэрыгуэкIхэми - щIымахуэ уаехэм зыщымысхьыжу цех щIыIэхэм, гъущI гъуэгухэм щылажьэу, школ дерсхэм кIуэным я пIэкIэ сабийхэри нэхъыжьхэм я дэIэпыкъуэгъуу.

Апхуэдэу мамыр цIыхухэр къэралым и щIэгъэкъуэн хъуащ зэман нэхъ хьэлъэ дыдэм. ЦIыхубзхэр, лIыжьхэр, ныбжьыщIэхэр станокхэм бгъэдэувэрт, зэуапIэм кIуа цIыхухъухэр къэтти. Мышхэу, мыжейуэ - итIани я лэжьыгъэр ямыгъэмащIэу. Къуажэхэм цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ IэкIэ щIым щелэжьырт, зэуапIэм щыIэхэри езыхэри ягъэшхэну гъавэр кърахьэлIэжырт. ЦIыхухэм къахуэна хьэпшып хуабэхэр, ерыскъыхэкIхэр псори дзэм ягъэхьырт.

Гулъытэ хэха хуэщIыпхъэщ сабийхэм я лIыгъэм. Зауэм я сабиигъуэр яIэщIихат, ауэ цIыхугъэмрэ хахуагъэмрэ хуэгъэкIуэдакъым. ЩIалэ цIыкIухэмрэ хъыджэбз цIыкIухэмрэ тIасхъэщIэх хъурт, колхозхэм щылажьэрт, Iэщэ къыщIэгъэкIыным хуэкIуэ гъущIыкIэжьхэр кърахьэлIэжырт, сымаджэщхэм концертхэр щагъэлъагъуэрт, уIэгъэ хъуахэм якIэлъыплъырт. ЗауэлI куэдым я дежкIэ апхуэдэ гулъытэр нэгузыужь къудейтэкъым, къару къыхалъхьэжырт ипэкIэ кIуэн, текIуэныгъэм шэч къытрамыхьэн папщIэ. Нобэ мыхьэнэшхуэ иIэщ ТекIуэныгъэр лъэпкъ псом и гуащIэм къыпэкIуауэ зэрыщытыр щIэблэм ящIэным. А гупсысэр яIэу, ди тхакIуэ-усакIуэхэм я къалэмыр ягъэлажьэ. Мэлей ФатIимэ «Максимкэ и лIыгъэр» зыфIища и рассказыр апхуэдэ тхыгъэщи, ди гуапэу къыфхудохь.

«Минрэ щибгъурэ плIыщIрэ плIы гъэм и бжьыхьэкIэм хуэзэу капитан щIалэщIэм Хьэбасрэ Яковрэ къриджащ:

- Дивизэм ебгъэрыкIуэныгъэ къыпэщылъщ. Къуажэ гъунэгъум дэс фашистхэм я бжыгъэр, я Iэщэр зыхуэдизыр, ахэр здэщытхэр - псори къэщIэн хуейщ.

- ГурыIуэгъуэщ, зы «бзэгу» диIэн хуейщ.

- Ар дыдэрщ. Е «бзэгу», е къуажэдэсхэм ящыщу нэхъ набдзэгубдзаплъэ дыхуейщ. Фэ а къалэныр фи пщэ дызолъхьэ. Псори гурыIуэгъуэ? - щIоупщIэ капитаныр.

- НтIэ, ныбжьэгъу капитан, - кIэщIщ Хьэбасрэ Яковрэ я жэуапыр.

ТIасхъэщIэххэр, замыгъэгувэу, ежьащ. Губгъуэр сэтей джафэщ. ИхъуреягъкIэ Iумылым зэщIигъэщтхьащ. Ауэрэ зауэлIхэр нэсащ къуажэ гъунэм деж щыт унэм.

- Хьэ яIэу пIэрэ? - щIэупщIащ Хьэбас щэху дыдэу.

- ЯIэмэ, ди Iуэхур зэIыхьащ, - мэIущащэ Якови.

ЗамыгъэIэуэлъауэу куэбжэ цIыкIум щыIухьэм, хьэ гуэри зыщIыпIэкIи къыщыбэнакъым. Яков щхьэгъубжэм бгъэдыхьащ, лъапэнэху къыдидзырти. Ихъуреягъыр къиплъыхьурэ, Хьэбас къуэгъэнапIэм къуэуващ.

Яков мыбэуэж жыхуаIэм хуэдэу щхьэгъубжэм доплъ. Нэху фагъуэм абы къыхелъагъукI пэшхьэку лъагэ дэщIеяр. ТIэкIу докIри, I30 Прозэ пэшхьэкум щIалэ цIыкIу къолъых. ГъуэлъыпIэ къуапэм фIэлъ къэптал хуэдэр къещтэ, и плIэм иредзэри къыщIокI.

Яков псынщIэ дыдэу бжэмкIэ йожэкIри, унэ къуагъым къуоувэ. Бжэр тхьэусыхэу мэкIыргъри, щIалэ цIыкIур пхъэ дэкIуеипIэ «псалъэхэмкIэ» къох. Ар гъунэгъу къызэрыхуэхъуу, Яков абы зредзри, Iым жримыгъэIэу, зэщIеубыдэ. ЩIалэ цIыкIур золъэкъуауэ. Ауэ Яков и Iэ лъэщхэм зэраIэщIэмыкIынур къыщыгурыIуэм, зэтобэяуэж.

- Уи зэран сылъыхъуэркъым, щIалэ, - жреIэ абы Яков щэхуу. - Дызэпсэлъамэ арат, унэм дыщIэмыхьэу.

ЩIалэ цIыкIум IэпэтэрмэшкIэ зауэлIым гуригъэIуащ зэрымыкIиинур.

Яков щIалэ цIыкIур ирегъэувэхри, унэм къыпыщIыхьа гуэщымкIэ яунэтI тIуми зэгъусэу.

- Уи цIэр сыт? - йоупщI абы Яков.

- Максимкэ, - жэуап къет зи гур иджыри къызэрымыгъуэтыжа щIалэ цIыкIум.

- Максимкэ, фашист куэд дэс фи къуажэм?

- Уэрей, зы щэ ныкъуэ хуэдиз мэхъум.

- Дэнэ щыпщIэрэ апхуэдиз зэрыхъур?

- Фашистхэр ди къуажэм къэмыс щIыкIэ ямыгъэIэпхъуэфу, нэхъ лъэрымыхьу шы щэщI къэнауэ щытащ. Фашистхэр абыхэм тотIысхьэри, загъэщIагъуэу дэтщ. Шыхэр зыщIэт бор си ныбжьэгъу Муратрэ сэрэщ зыгъэкъабзэри, долъагъу.

- Ар гурыIуэгъуэщ. Адрей фашистхэр-щэ? Сыт абыхэм я къалэныр?

- Шэщу щыта унэ кIыхьышхуэм Iэщэ-фащэ куэдыжьу щIэлъщ. Абы и бжэхэр зэзэмызэ Iухауэ долъагъу. Уэрей пушкэжьхэри щIэтмэ, я пэжьхэр шияуэ. Мис а шэщыр хъумакIуэхэм зэблэкIыу яхъумэ.

- Иджыри сыт къызжепIэфын?

- Зы офицер гуэрым махуитI къэс машинэкIэ ищхъэрэкIэ ирегъэзых. Жэщыбгым къэкIуэжу аращ.

- Иджы дапщэщ ар щежьэнур? ЗэрыкIуэну гъуэгур…

- Ежьауэ къэтщ. Мес гъуэгури, - и Iэр ещI уэрамымкIэ.

 - ГурыIуэгъуэщ, - тэлайкIэ гупсысэри щIэупщIащ: - Бел фиIэ?

Максимкэ гуэщ плIанэпэм зы бел къыкъуехри кърет.

Яков псынщIэ дыдэу Хьэбас деж мажэри, абыхэм зэхъуцацэу зыгуэрхэр зэжраIэ. ИтIанэ тIури уэрамым толъадэ. Максимки абыхэм якIэлъыдож. Хьэбас псынщIэ дыдэу кумб мыин къритIыкIащ. Яков гъуэгур игъэджэфэжащ. Иужьым белыр Максимкэ щратыжым, ар къызэплъэкIыурэ пщIантIэм дэлъэдэжащ.

ТIасхъэщIэххэм сытхъум зэщIибла гъуэгу гъунэм Iут чыцэм зыхагъэпщкIуауэ, машинэ Iэуэлъауэ макъ къэIуащ. Куэд мыщIэу къэсри, абы и шэрхъыр кумбым иуащ. Машинэр гъуэгум тежщ, чыцэм хэлъадэри, жыг щытым еуащ. Жыгым «зиутхыпщIащ», сытхъухэр къыпыщэщу. Машинэм исхэр къикIыну хунэсакъым. Портфель зыIыгъ офицерым Хьэбас автомат дакъэмкIэ еуэри, и пIэ къригъэкIакъым. Якови рулым Iусам кIэрахъуэр къызэрищтэу еуэри, думпыр къыхуигъэкIуащ.

ТIасхъэщIэххэр псынщIэ дыдэу дивизэм нэсыжри, портфелыр капитаным Iэрагъэхьащ. Абы дэлът мыхьэнэшхуэ зиIэ тхылъхэр.

Нэхумыщым ирихьэлIэу кхъухьлъатэхэр уафэгум ихьащ. Танкхэр, лъэсыдзэр я гъусэу, ежьащ. А махуэм хуит къащIыжащ Максимкэ щыпсэу къуажэри.

Капитаным, Яковрэ Хьэбасрэ и гъусэу, Максимкэхэ я деж щыдыхьэм, езыр гуфIэу къапежьащ. ЗауэлIхэм щIалэ цIыкIум IэплIэ къыхуащIри къыжраIащ:

- Зауэр ди текIуэныгъэкIэ мыгувэу иухынущ, Максимкэ. Абы шэч къытумыхьэ. А текIуэныгъэм уэри уи хэлъхьэныгъэ ин хэлъщ. УщIалэфIщ уэ икIи лIыгъэ пхэлъщ. Тхьэм уигъэпсэу!

Максимкэ лIыгъэ гуэри зэрихьауэ къилъытэжыртэкъым, ауэ абы и гуапэ хъуащ тIасхъэщIэххэр къызэрыщытхъуар.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: