Дохутырхэр КъБР-м щызэхуэсащ

ФокIадэм и 25-м Налшык къалэм щызэхэтащ цIыхум и психикэ узыншагъэмрэ афиян зэзыхьэлIэхэмрэ ятеухуа дунейпсо зэIущIэ. ЩIалэгъуалэм я унэм щызэрихьэлIат Къэзахъстан, Беларусие, Осетие Ищхъэрэ - Алание, Тэтэрстан, Къэбэрдей-Балъкъэр республикэхэм, Ставрополь крайм, Саратов, Ростов, Архангельск, Тулэ, Сахалин областхэм, Москва, Санкт-Петербург щыщ дохутырхэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ. 
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи хьэщIэхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъэзащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.
- ПщIэ зыхуэтщI ди хьэщIэ лъапIэхэ. Си гуапэу фыкъызогъэблагъэ ди щIыналъэм. Фи IэщIагъэмрэ щIэныгъэмрэ папщIи фIыщIэ ин фхузощI. Дызэрыщыгъуазэщи, зэман хьэлъэщ дызэрытыр: экономикэм, щыIэкIэ-псэукIэм, щIыуэпсым я фIагъым щыкIэрыхуа, къэрал зэпэщIэтыныгъэхэм уз хэзыххэм я бжыгъэр щыхэхъуэ лъэхъэнэщ. Абы къыхэкIыу, уи гуапэ мыхъуу къанэркъым Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и медицинэр зэрефIакIуэр, ди сымаджэщхэр зыхуэныкъуэ псомкIи къызэгъэпэщауэ, ди дохутырхэр нэхъыфI дыдэхэм хабжэу, я IэщIагъэ-щIэныгъэм хагъахъуэ зэпыту зэрыщытыр. Гъуэгу захуэм дызэрытетым и нэщэнэщ мыпхуэдэ медицинэ зэIущIэхэр мызэ-мытIэу ди щIыналъэм зэрыщекIуэкIар, ноби Къэбэрдей-Балъкъэрым дызэрыщызрихьэлIар, - жиIащ КIуэкIуэм. 
ХьэщIэхэм псалъэ гуапэкIэ захуигъазэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам. 
ЗэIущIэм къыщаIэтащ иджырей психиатриер зэлэжь Iуэхугъуэхэр. Апхуэдэу, Психиатриемрэ неврологиемкIэ щIэныгъэ-медицинэ институтым и унафэщI Незнанов Николай тепсэлъыхьащ шизофрение къызэфыкIхэм зэреIэзэ IэмалыщIэхэм. РНЦПЗ-м и унафэщI Чайкэ Юлие утыку кърихьащ психикэ и лъэныкъуэкIэ сэкъат зиIэхэм  бжыгъэр къагъэсэбэпурэ зэреIэзэну Iэмалхэр. Москва къалэм и психиатр нэхъыщхьэ Костюк Георгий тепсэлъыхьащ щыхьэр щIэныгъэлIхэмрэ дохутырхэмрэ мы унэтIыныгъэмкIэ зэрагъэгъуэта ехъулIэныгъэхэм. 
Сыт хуэдэ унэтIыныгъэми хуэдэу, узыншагъэр хъумэныр бжыгъэм хуокIуэ хуэм-хуэмурэ. Къэзахъстан Республикэм бжыгъэр къигъэсэбэпурэ шизофрением зэреIэзэм и гугъу ищIащ ПсихиатриемкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и лIыкIуэ Негай Николай. 
КъищынэмыщIауэ, зэIущIэм щытепсэлъыхьащ аутизм, гузавэ уз, депрессие зиIэ, зызукIыжыну хэта ныбжьыщIэхэм зэрадэлажьэ, зэреIэзэ Iэмалхэм.

 

Къаныкъуэ Анфисэ.
Поделиться: