КъБР-м щыIэ МВД-м къет

ПцIым фIым ухуишэркъым
Урысей МВД-м  и Налшык управленэм  и ОП №1-м   уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и лэжьакIуэхэм къыщIагъэщащ    илъэс 52-рэ зи ныбжь,  Шэджэм щыщ цIыхубзым гъэпцIагъэ зэрихьауэ.  
Следствэм къызэритымкIэ, илъэс зыбжанэ  ипэкIэ абы социальнэ сетхэм язым зыщригъэцIыхуащ  илъэс 27-рэ зи ныбжь налшыкдэс щIалэр. Интернетиым зыщригъэтхын папщIэ цIыхубзым  къигъэсэбэпащ езым ехьэлIа хъыбар нэпцIхэмрэ нэгъуэщIым и сурэтхэмрэ.  ИлъэситI зэпыщIэныгъэм иужькIэ, абы и псэлъэгъум хуитхащ и ахъшэ  фейдэ къыпэкIуэну ухуэныгъэ компанием зэрыритар.    Мыгувэу хэхъуэшхуэ къыIэрыхьэну жиIэри, шэч зыхуащIым цIыхухъур  тригъэгушхуат щапхъэ трихыну.        
И цIыхугъэм дзыхь  хуищIри, абы къыхуигъэлъэгъуа банк счетым  щIалэм сом мин 700 ирилъхьащ.  Илъэс ныкъуэ дэкIри, цIыхубзым  къыхуитхащ  хэлъхьэныгъэхэр кIуэдынкIэ хъуну икIи  ар хъума хъун папщIэ икIэщIыпIэкIэ сом мин 50 хилъхьэн  хуейуэ. Лей зытехьам ари игъэзэщIащ.      
АрщхьэкIэ, къызэрыщIэкIамкIэ, цIыхубзым  пщэрылъ зыщищIахэр игъэзэщIакъым, къыIэрыхьа ахъшэр езыр зэрыхуейуэ къигъэсэбэпащ.   
Урысей МВД-м  и Налшык управленэм  и ОП №1-м  и следователым  шэч зыхуащIым теухуа уголовнэ Iуэху къиIэтащ УФ-м и УК-м и  159-нэ статьям и 2-нэ Iыхьэм ипкъ иткIэ.       
 
ЩIыпIэм икIыну хуиткъым
Хабхэхъумэхэм къыщIагъэщащ хабзэм ебакъуэу  и банк счетым  ихьэныр ищауэ шэч зыхуащI  щIалэр.     
Следствэм къызэритымкIэ, нэгъабэ бжьыхьэм илъэс 19 зи ныбжь, щIыпIэм щыпсэу щIалэм  и банк картэм   и реквизитхэмрэ и щхьэзакъуэ кабинетымрэ ихьэныр нэгъуэщIым иритащ сом мини 10 къыпэкIуэу.      
ЩIалэщIэм теухуа уголовнэ Iуэху къаIэтащ УФ-м и УК-м и  187-нэ статьям и 3-нэ Iыхьэм ипкъ иту, щIыпIэм имыкIыну Iэ щIрагъэдзащ.          
КъБР-м щыIэ МВД-м фигу къегъэкIыж: фи банк счетхэм зэрихьэнур фщэныр хабзэм къемызэгъщ. «Дроппер» ухъумэ, фи банк картэхэр къагъэсэбэпу ялэжь щIэпхъаджагъэхэм пыщIа фохъу. Зыщывмыгъэгъупщэ, счетым епхауэ ялэжь псомкIи  жэуап зыхьыр ар зейр аращ. 
БАХЪСЭН Азээмт.
Поделиться: