Адыгэ фащэр зи IэщIагъэ

Республикэм и Лъэпкъ библиотекэм къыщызэрагъэпэщащ дэрбзэр ХьэцIыкIу ­Мадинэ теухуа пшыхь дахэ. ­­ Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Къэбэрдей къэрал драмэ театрым и актёр Тэмазэ Лиуан. Мадинэ и фащэхэм, бзылъхугъэм и IэщIагъэм лъэпкъ щэнхабзэр зэ­ригъэбеир, щIалэгъуалэр адыгэгу-адыгэпсэ щIынымкIэ ар зэрысэбэпыр, ди тхыдэм куэдкIэ пэджэж телъыджэхэр къызэригъэщIыфыр ягъэ­щIэ­­гъуэныщэу дэрбзэрым утыкур къыхузэрагъэпэщащ. Мы зэIущIэм къыщыпсэлъащ гъуазджэм, литературэм я лэжьакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, тхыдэджхэр. 

УсакIуэ, «Нур» журналым и редактор нэхъыщхьэ Аброкъуэ Беллэ тепсэлъыхьыжащ Хьэ­цIыкIу Мадинэ къызэрицIы­хуауэ щытам, япэу зэрытетхыхьам, абы ид фащэхэм зэратхьэкъум.
- ХьэцIыкIу Мадинэ и IэрыкIхэм си сабиигъуэм щыщ Iыхьэхэр хызолъагъуэ зэпы­мыууэ. Мы библиотекэм адыгэ фащэ зыщыгъыу къыщIыхьа пщащэхэм гур хагъахъуэ, уо­лъагъу фэилъхьэгъуэ екIум и фIыгъэкIэ я нэхэм нур гуапэ къызэрыщIихыр. Си сабии­гъуэм щегъэжьауэ адыгэ фащэм сетхьэкъу, соплъ, сохъуа­псэ! Ауэ щыстIэгъэфакъым. Сыт щхьэкIэ? Адыгэ фащэр сэркIэ дамыгъэ лъэщщ, нэ­щэнэ телъыджэщ, къызэры­мыкIуэ жэуаплыныгъэщ. 
Республикэм къыщыдэдгъэкIыу щытащ «Псынэ» журнал хьэлэмэт. Абы къытездзат ХьэцIыкIу Мадинэ теухуа си тхыгъэр. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гурэ псэкIэ зыхызощIэ и IэщIагъэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэр, ­фащэм и Iыхьэхэм теухуа и гупсысэхэр гъэщIэгъуэныщэщ. Сэ къысщохъу мы бзылъхугъэм и зэфIэкIхэр Тхьэр къызэ­рыхуэупса фIыгъуэу. СфIэтелъыджэщ а Iуэхум щIэныгъэр и лъабжьэу бгъэдыхьэкIэрэ, щэнхабзэм и щэхухэр зэрихъу­мэри. Адыгэ фащэм теухуауэ си еплъыкIэр, ХьэцIыкIу Мадинэ и IэрыкIхэм сыщIатхьэ­къур къэзгъэлъагъуэри, фащэми сыхуэусащ, - жиIащ Беллэ икIи «Нанэ и фащэ» усэм къеджащ.
Профессор, философие щIэ­ныгъэхэмкIэ кандидат, Адыгэ Республикэм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ­Ахъуэхъу Еленэ бзылъхугъэм и лэ­жьы­гъэхэм тхыдэ щIэныгъэр и лъабжьэу уегупсысмэ, куэдым узэрыщигъэгъуазэр къыхигъэщащ.
- Мадинэ илэжь псори лъэп­къыр хуабжьу дызыхуэны­къуэщ. Дауи, ди лъэпкъ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ псоми фIыуэ долъагъу. Ауэ жысIэну сызыхуейри? ФIыуэ тлъагъу пэтми, нэсу къыдгурыIуэркъым и мыхьэнэр, хуэфэщэн хуэдиз пщIэ хуэтщIыфыркъым. Адыгэ фащэ екIу зыд дэрбзэрхэм абы гупсысэу, зэманрэ къарууэ ирахьэлIэр къэлъытэгъуейщ - зыщIыпIэ дей зы мэскъалкIэ ущыщыуэ хъунукъым дэным. Бзылъхугъэ фащэм и Iэ­щхьэпылъ къудейм, «втачной рукав» жыхуаIэм, и дыкIэм девгъэгупсыс! КъухьэпIэ Европэм, Франджым, Италием, Инджылызым «втачной рукав» жыхуаIэр щащIу къаублауэ щытащ IX лIэщIыгъуэм и кIэухым икIи абы щхьэкIэ жаIэрт «черкесский стиль». Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, ди адыгэ фащэр къэунэхуащ ижь-ижьыжым - амазонкэхэм яжь къызэры­щIихуар уолъагъу и теплъэмкIэ. Абы щIэныгъэри щыхьэт то­хъуэж. Бзылъхугъэ фащэм зауэлIым и фэилъхьэгъуэр уигу къегъэкI, фащэм щIыгъу пщащэ пыIэм - жыр пыIэр, бгъэIулъхьэм - афэ джанэр. Адыгэ бзылъхугъэ фащэм и пкъыгъуэ телъыджэхэм ящыщщ дыщэм е дыжьыным къыхэщIыкIа бгы­рыпхыр - нэгъуэщI зы лъэпкъми яIэкъым апхуэдэ. Бгыры­пхым и щэхур къыбгурыIуэн пап­щIэ IуэрыIуатэм куууэ ухы­хьэн хуейуэ си гугъэщ, - жиIащ ­Ахъуэхъум. 
Мадинэ теухуауэ къэпсэлъащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Тхылъыр фIы­уэ зылъагъухэм я республикэ зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье.
- ХьэцIыкIу Мадинэ хуэдэу адыгэ фащэм, дыщэидэм, тхыпхъэхэм я тхыдэм хэзы­щIыкI, лъэпкъыр апхуэдизу зыгъэдахэ IэщIагъэм хуэIэижь щыдиIэкIэ, республикэр дыкъулейщ. Мыпхуэдэ зэIущIэхэм дэ Iэмал къыдат гъуазджэм, литературэм, макъамэм е нэгъуэщI зы Iуэхугъуэ гуэрым и пIалъэр зыщIэм и IэдакъэщIэкIхэм дызэратхьэкъур, ахэр зэрытфIэдахэр езыхэм яжетIэну, фIыщIэ яхуэтщIыну, - жиIащ Наталье. Абы и гугъу ищIыжащ зэгуэр Мадинэ икъукIэ сэбэп къыхуэхъуауэ зэрыщытам, ар гуапэу и гум зэрилъым:
- Илъэс пщыкIутху ипэ Хьэ­кIуащэ Мадинэрэ сэрэ Москва щекIуэкI дунейпсо тхылъ гъэ­лъэгъуэныгъэм дыхэтыну къалэн диIэти, тхылъхэр щыдгъэлъэгъуэну шэтырыр екIуу дгъэщIэрэщIэн хуейт. Дауэ закъыхэдгъэщыну цIыхухэм ягъэ­щIэгъуэн хуэдэу, жытIэу дегупсысащ. ПщащитI фащэ ящыгъыу хьэщIэхэм яIущIэн ­хуейуэ къэтлъытащ. Пщащэхэр фащэм хуэфэщэну, нэмысы­фIэу, зэпIэзэрыту шэтыр ­гъэ­щIэрэщIам бгъэдэтынут. Фащэ­хэм щхьэкIэ селъэIуащ ХьэцIыкIу Мадинэ. «КъакIуи, узыхуей дыдэр къыхэх» щыжиIэм, сегупсысащ, цIыхур ­нэхъ лъагэу дэкIуеиху, и псэр нэхъ къулей хъуху, и псэлъэкIэр, и цIыху хэтыкIэр нэхъри къызэ­рыгуэкI хъун зэрыхуейм. Ап­хуэдэщ Мадинэ и щыпкъагъэр. Дыщэ IуданэкIэ хэдыкIа фащэ нэхъ дахэ дыдэт къыхэсхари, - жиIащ абы. 
Адыгэ фащэм дамыгъэу къы­хэщым, дамыгъэ къэси лъэпкъ гупсысэ къызэригъэлъагъуэм, ХьэцIыкIу Мадинэ а псор псэкIэ зыхищIэу зэрылажьэм теухуауэ къэпсэлъащ тхакIуэ, филологие щIэныгъэхэмкIэ доктор ХьэкIуащэ Мадинэ: «ХьэцIыкIу Мадинэ и IэщIагъэм сетхьэкъу. Сетхьэкъу дахагъэ ищIэн щхьэкIэ зэи зэремызэшми. Зэпыу имыIэу апхуэдэ лэжьыгъэ махуэ къэс упэрытыныр лъэпкъыр фIыуэ зэрыплъа­гъум и нэщэнэщ. Мадинэ и фащэхэм яIэщ бзэ телъыджэ - хабзэ-бзыпхъэр, щэнхабзэр, зыIыгъыкIэр, адыгагъэр, нэмысыр - псори щызэпэщщ. Кавказ псом зыщатIагъэ Мадинэ и фащэ ­дахэхэр. Москва, Санкт-Петербург щищIа гъэ­лъэгъуэныгъэ хьэлэмэтхэр-щэ! НэгъуэщI лъэпкъхэм ди лъэп­къым щIыхь къыщIыхуащIым и зы щхьэусыгъуэ дахэщ адыгэ фащэр! Мадинэ а фащэм теу­хуауэ куэд ещIэ. Илъэсищэ бжыгъэкъым ди адыгэ фащэм къыдигъэщIэжыр, илъэс мин бжыгъэ­кIэ дызэрегъэплъэкI и тхыдэм, дыхешэ IуэрыIуатэм, дарешалIэ амазонкэхэм... Фащэм хэлъ дэтхэнэ уагъэри, тхыпхъэри, зэры­хэдыкIа Iуданэри мыхьэнэ зиIэщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, дыщэ IуданэкIэ хэдыкIа тхыпхъэхэм ящыщ куэдыр къэкIыгъэм ехьэлIащ - жыг уи нэгум къыщIагъэхьэ. Жыгымрэ лъэпкъымрэ зэрызэпыщIам куэдрэ утепсэлъыхьыфынущ: ар икIи къудамэу зэкIэщIэкI ­лIакъуэщ, унагъуэщ икIи бзылъхугъэщ. НысащIэ фащэм хэдыкIа апхуэдэ тхыпхъэм нэхъыщхьэ дыдэу гу зылъыдигъатэри - ар анэ хъун зэрыхуейр! Къыхощ абдеж бзылъхугъэ цIыкIум и хъуэпсапIи - бын лIыхъужь къыщIэхъуэну хуейщ. Пщащэ пыIэм и щхьэщыгум тес бзу цIыкIум и мыхьэнэри ­нэхъ цIыкIукъым - ар бзылъ­хугъэ псэ къабзэр зыхуеIэ уафэм и нэщэнэщ, уэмрэ щIымрэ зэпищIэ хуэдэщ дамыгъэм. Фащэр - шыфэлIыфэр къызэзыгъэпэщщ», - жиIащ ХьэкIуащэ Мадинэ. 
- Мадинэ теухуауэ куэд пху­жыIэнущ. Дунейм щызакъуэ­тIакъуэщ абы хуэдэхэр. Сэ Мадинэ и деж щэнхабзэм теухуауэ куэдым зыщезгъэсащ икIи абы папщIэ согушхуэ, - жиIащ ­КъБР-м щIыхь зиIэ и артист ­Битокъу Беслъэн. Ар тепсэлъы­хьащ фащэм, абы и Iыхьэхэм, цIыхухъу фащэм Iэщэ щIыгъуу «Iэщэ-фащэ» жаIэу щIыщы­-там и мыхьэнэм, нэгъуэщIхэми. 
Урысей Федерацэм щIыхь зиIэ и артист Дау Марьянэ ­Мадинэ ехъуэхъуащ гъуазджэм хуищI хэлъхьэныгъэм нэхъри къыхигъэхъуэну, и мурадхэр къехъулIэну, и псэм фIэфI IэщIагъэм гурыфIыгъуэ куэд къыхихыну. 
ГъуазджэхэмкIэ Къэзанокъуэ Жэбагъы и цIэр зезыхьэ школым и унафэщI, КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Къуныжь ХьэIишэт тепсэлъы­хьащ илъэс куэд хъуауэ Хьэ­цIыкIу Мадинэ ид фащэхэр и гъэсэнхэм ящыгъыу къы­зэ­рыфэм, уэрэд зэрыжаIэм, ­утыку къызэрихьэм. Абы Хьэ­цIы­­кIум фIыщIэ хуищIащ лъэп­къым епха апхуэдэ IэщIагъэ ­дахэм езыр зи унафэщI Iуэху­щIапIэр зэрыщыгъуазэм, и фащэхэр и гъэсэнхэм щатIэгъэну я насып къызэрырихьэкIам ­папщIэ. 
Репиным и цIэр зэрихьэу Санкт - Петербург дэт художественнэ академиер гъуазджэхэмкIэ щIэныгъэлI IэщIагъэр иIэу къэзыуха Къалмыкъ Залинэ жиIащ: «Дэрбзэрым и лэжьыгъэр лъэпкъ гупсысэм щепхам деж, ар зымащIэкIи щыуэну ­хуиткъым. Ар IэщIагъэ къудейм къыщымынэу, жэуаплы­ны­гъэш­хуэщ. Лъэпкъ фащэм и щэхухэр зыщIэм зэпещIэф блэкIамрэ нобэрей зэманымрэ. А хъугъуэфIыгъуэхэр ди зэманым къыщыбгъэлъэгъуэн къудейр мащIэщ, атIэ ар иджырейм ебгъэкIуни хуейщ. ХьэцIыкIу Мадинэ адыгэ фащэм и дахагъэр апхуэдизу IупщIу егъэлъагъуэри, абы ­уетхьэкъу». 
ХьэцIыкIу Мадинэ пшыхьым щIэсхэм фIыщIэ яхуищIащ, и IэщIагъэм гу къызэрылъатэм, и фащэхэр яфIэфIу зэрыщатIагъэм гурыфIыгъуэшхуэ къызэ­рыритри къыхигъэщащ. Ап­хуэдэуи жиIащ адыгэ фащэхэр щадкIэ къыдэIэпыкъу бзылъхугъэ IэпэIэсэхэри пшыхьым зэ­ры­щIэсыр. 
- Илъэс 30-м щIигъуауэ адыгэ фащэхэм солэжь. IэщIагъэм сызытриша гъуэгум куэд къы­щысщIащ, ди фащэм и «хьэ­лыр» зджауэ жыпIэ хъунущ. КъызэхъулIахэми сыкъыщы­зэтеувыIэркъым, мурадхэр си куэдщ, лэжьыгъэщIэхэр къытпэщылъщ. Фащэм и дахагъэ дызыхэтыр Урысейм и гъунапкъэхэми икIыну, дуней псо утыкухэм щыдгъэлъэгъуэну ды­хуейщ, - жиIащ Мадинэ. Къыхигъэщащ адыгэ IэпэIэсэ­хэм я еджапIэ къызэIуихыну зэры­хуейри. 
ХьэцIыкIу Мадинэ теухуа пшыхьыр ягъэдэхащ «Нал цIыкIу», «Балкария» къэфакIуэ гупхэм хэтхэм, уэрэдымрэ макъамэмкIэ «ШоКъу» дуэтым, скрипкэр зыгъэIэрыхуэ КIасэ Амаль. Мадинэ и фащэхэр, и IэрыкIхэр пшыхьым щагъэлъэгъуащ. 

Тхыгъэри сурэтри ГУГЪУЭТ Заремэ ейщ.
Поделиться: