Адыгэбзэр иджы макъкIэ къоIу

«Шэрджэс Ренессанс» Къэбэрдей-Балъкъэр жылагъуэ IуэхущIапIэм хъыбар гуапэ къытIэригъэхьащ. Иджыблагъэ «Яндекс ЗэдзэкIакIуэм» хагъэхьащ къэбэрдей-шэрджэсыбзэр макъкIэ ебгъэтхрэ асыхьэту пхузэридзэкIыу. Ар сэбэ­пышхуэ хъунущ псалъэхэр традзэну Iэмал е зэман щамыIэм деж.

2024 гъэм «Шэрджэс Ренессансым» иригъэжьа мы лэжьыгъэм адэкIи зэрызрагъэубгъунум шэч хэлъкъым. Япэ Iыхьэм хиубыдэу псалъэхэр зэдзэкIыным елэжьауэ щытащ. КъыкIэлъыкIуэр - макъкIэ трегъэтхэнырт. Иужьрей Iуэхур зрагъэхъулIэн папщIэ, IэщIагъэлIхэр лъыхъуащ бзэр зыIурылъхэм. Лэжьыгъэм къыхыхьащ егъэджакIуэхэр, школакIуэхэр, волонтёрхэр. Дэтхэнэми псалъэхэр макъкIэ иригъэтхыурэ, Яндексыр зыхуеину бжыгъэхэр ирагъэкъуащ. 
 - Нобэ ди лэжьыгъэм кърикIуар цIыхухэм я пащхьэ къитхьащ. Зэпсэлъэныгъэ жыпхъэм тету, зыр урысыбзэкIэ, адрейр къэбэрдей-шэрджэсыбзэкIэ псалъэ хъунущ: гуэдзэным жыIэгъуэхэр узыхуей бзэкIэ зэредзэкI икIи егъэIу. Ар «Яндекс ЗэдзэкIакIуэм» и сайтми гуэдзэнми щагъуэтынущ, - къыщыхагъэщ «Шэрджэс Ренессансым». - Ди анэдэлъхубзэр иджырей Iэмалхэм къызэрыщыдгъэсэбэпыфыр абы и зыужьыныгъэм и Iыхьэ нэхъыщхьэу къыдолъытэ. Дэ дыхуейщ къэбэрдей-шэрджэсыбзэр махуэ къэс дызэрызэпсалъэ, зэрызыдужь бзэуэ къэнэну, къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу адыгэхэм я анэдэлъхубзэр нэхъыбэрэ зэхахыу, къагурыIуэу, ягъэIуу екIуэкIыну. Лъабжьэхэр пщIэжу, зэманым дэгъуэгурыкIуэн - аращ мыпхуэдэ Iуэхухэр зытещIыхьар. 
 Жылагъуэ IуэхущIапIэм «Яндексым» фIыщIэ хуещI купщIафIэу зэрызэдэлэжьам, анэдэлъхубзэхэм гулъытэ зэра­хуищIым папщIэ. Лэжьыгъэр къызэгъэпэщынымкIэ сэбэп хъуа, тхыгъэхэр зыгъэхьэзыра, къэзыпщытэжа, зи макъкIэ ахэр езыгъэтхахэми, дауи, мы Iуэхум хуащIа хэлъхьэныгъэр къумы­лъытэнкIэ Iэмал иIэкъым.
«УщIэгушхуэн Iуэхугъуэхэр зэман-зэманкIэ ди гъащIэм къыхохьэри, мыр абыхэм, шэч хэмылъу, ящыщ зыщ. «Яндекс Зэ­дзэкIакIуэм» ди анэдэлъхубзэр макъкIэ къызэрыщыIуным мыхьэнэшхуэ иIэщ. Псом хуэмыдэу си дежкIэ лъапIэ дыдэщ, си макъкIэ езгъэтха тхыгъэхэр я лъабжьэу, сервисым псалъэхэр къызэригъэIур, - щетх Урыс Миланэ и напэкIуэцIым деж. - Девгъэгупсысыт, дунейм и сыт хуэдэ къэралми щыIэ ди цIыхухэм «ЗэдзэкIакIуэр» къызэIуахыу, анэдэлъхубзэкIэ псалъэхэр зэрызэхахыфынум. Ди бзэ дахэр псэуным хэлъхьэныгъэ гуэр хуэпщIынымкIэ ар Iэмал гъуэзэджэт. Анэдэлъхубзэм иджырей IэмалхэмкIэ «псэщIэ» хэлъхьэным и мыхьэнэр инщ, икIи ар зэзыгъэщIэжыну хуейхэмрэ зыджхэмрэ я дежкIэ сэбэпышхуэщ. ИкъукIэ цIыху куэд зэкъуигъэуващ мы Iуэхум. «Шэрджэс Ренессансым», «Яндексым» и лэжьакIуэхэм, псоми фIыщIэ яхузощI лъэпкъ Iуэхум хэлъхьэныгъэ гуэр хуэсщIыну Iэмал къызэрызатам папщIэ. Дыщогугъ анэдэлъхубзэм гулъытэ хуащIынымкIэ, нэхъыбэрэ абы ирипсэлъэнымкIэ ар дэIэпыкъуэгъу хъуну». 
Макъхэр зэхуэхьэсыным гупитI елэжьащ. Япэр «Шэрджэс Ренессансым» Лэскэн районым и курыт еджапIэхэм я унафэщIхэм гъэсэныгъэмкIэ я чэнджэщэгъухэр щIыгъуу, етIуанэр - «Дызэ­къуэтмэ - дылъэщщ» жэрдэмщIакIуэ гупым хэтхэрщ. Анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ зегъэужьынымрэ зи къару, зэман, щIэныгъэ езыхьэлIэхэм афэрым яжыдоIэ. 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: